ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ИлъэсыщIэм и  япэ  къыдэкIыгъуэ

2019-01-17

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм илъэсыщIэм и япэ махуэхэм къыщыдагъэкIащ «Кавказ» серием хыхьэ «Легенды и предания» тхылъыр.

  • КъыдэкIыгъуэ купщIафIэр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр фепIэщIэкI, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ тхылъ нэхъапэкIэ дунейм къытехьакъым икIи и бжыгъэр зэрыхъур экземпляр 300 къудейщ. Абы хагъэхьащ Кавказымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я тхыдэ хъыбар цIэрыIуэу 70-м нэблагъэ. Нэхъыбэр зытеухуар щIыпIэцIэхэращ: Iуащхьэмахуэ, Къазбэч, Мэшыкъуэ, Къэнжал, Сарай, Хъурей, Шэдхъурей, Джинал бгыхэр, нэгъуэщIхэрщ. Ахэр къызытехъукIыжахэр пасэрей цIыхубэ хъыбархэмкIэ ягъэнахуэ. КъыдэкIыгъуэр щIэщыгъуэщ.
  • «Терские ведомости» газетым къытехуа «Кабардинцы в своих легендах» лэжьыгъэр (Владикавказ, 1911 гъэ, №112) зи Iэдакъэ къыщIэкIа Решетин Николай итхыгъащ: «Тхы- дэ хъыбархэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм къадекIуэкIхэми хуэдэу къыщыгъэлъэгъуэжащ ар къызыпкъры-кIа лъэпкъым и дуней лъагъукIэмрэ блэкIамрэ. Аращи, лъэпкъым нэIуасэ зыхуэпщIын папщIэ и IуэрыIуатэми зыхэбгъэгъуэзэн хуейщ».
  • Тхылъым и пэублэ псалъэм къыщыхьащ: «Хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ цIыхубэм къагъэщIащ икIи ахэр лIэщIыгъуэкIэрэ къадогъуэгурыкIуэ. Ахэр къэзыIуэтэжхэм щIэ гуэрхэр халъхьэ, зэманым ижь къыщIрагъэху, тхыдэ хъыбархэм нэхъ япэгъунэгъу ящI. Тхылъхэмрэ щIэны-гъэ зыбгъэдэлъ тхыдэджхэмрэ къэунэхуху апхуэдэу къекIуэкIащ».
  • Ар къалъытэри, революцэм и пэкIэ дунейм къытехьа тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм Кавказымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къадэгъуэгурыкIуэ хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ щыщу ихуахэр зэхуахьэсыжри къыдагъэкIыжащ.
  • КъыдэкIыгъуэр Iыхьищ мэхъу. «Легенды Кавказа» япэ Iыхьэм хагъэхьащ Налшык 1958 гъэм апхуэдэ фIэщыгъэцIэ иIэу къыщыдэкIауэ щыта тхылъым ихуа лэжьыгъэхэр. Абы щызэхуахьэсыжащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэцIэхэм ехьэлIауэ тхылъ щхьэхуэхэм ит хъыбархэр.
  • «Кабардинские легенды» етIуанэ Iыхьэм хагъэхьащ апхуэдэ фIэщыгъэцIэ иIэу хъыбарыжьхэр щызэхуэхьэсауэ Баранов Евгений и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэр. Абы щIагъужащ революцэм и пэ абы итхахэри.
  • «Легенды Балкарии» ещанэ Iыхьэм хагъэхьащ революцэм и пэ къыдэкIыгъуэ зыбжанэм хыхьэу е тхылъ щхьэхуэу (Баранов Е., Малявкин Г.) я Iэдакъэ къыщIэкIа хъыбарыжьхэм щыщхэр.
  • «Кавказ» серием и 25-нэ къыдэкIыгъуэщ «Легенды и предания» тхылъыр. Абы мазаем къыкIэлъыкIуэнущ «Сказки и сказания» тхылъ гъэщIэгъуэныр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.