ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-01-17

  • Iуащхьэмахуэ сытету сынопсалъэ
  • Iуащхьэмахуэ щыгум жып телефоныр щылажьэ хъуащ. Евразия континентым а щIыпIэращ нэхъ лъагэ дыдэу телефоныр къыщиубыдыр.
  • Иджы Iуащхьэмахуэ те-ту дэтхэнэ зыри псэлъэфынущ, СМС иригъэхьыфынущ, уеблэмэ сурэтхэр зэбгригъэхыфынущ соцсетхэмкIэ. Хым елъытауэ метр 5000-кIэ нэхъ лъагэу зызыIэтым псынщIэ дыдэу лажьэ интернет къыхуэгъэсэбэпынущ. Иджы гурыIуэгъуэщ Iуащхьэмахуэ и теплъэу дызыпэплъэ хъунур зэрыгъунэншэр.

  • Илъэсищым — сом триллиони 5,7-рэ
  • Шэшэн Республикэм и правительствэм проект 49-рэ игъэбелджылащ. Ахэр лъэпкъ проектхэм щыщу къащтэным арэзы техъуащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий.
  • Илъэсищым къриубыдэу республикэм къратыну сом триллион 5,7-м щыщу мы гъэм къыIэрыхьэнущ сом меларди 180-рэ, езы щIыналъэми абы меларди 10 хилъхьэжынущ. Медведев Дмитрий зэрыжиIащи, лъэпкъ проектхэм хагъэхьэну Iуэхухэм хэгъэгу унафэщIхэр тэмэму егупсысауэ, ар экономикэми цIыхухэм я псэукIэми къахуэщхьэпэн хуэдэу яубзыхуауэ щытын хуейщ.
  • Бжьыхьэ дызыхуэкIуэм
  • Ставрополь крайм щекIуэкIынущ къэрал зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну экономикэ зэхыхьэ. Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министр Чеботарёв Сергей зэрыжиIамкIэ, абы арэзы техъуащ УФ-м и Правительствэр.
  • Кавказ Ищхъэрэм хы-хьэ хэгъэгухэм я унафэщIхэм жаIэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ щызэIущIэн, щызэчэнджэщын утыку щыIэн хуейуэ. Зэраубзыхуащи, мыпхуэдэ зэхы-хьэр Минеральные Воды щIыналъэм илъэс къэс щрагъэкIуэкIынущ. Абы хэтыну арэзы хъуагъэххэщ Азербайджаныр, Армениер, Абхъазыр, Осетие Ипщэр, Грузиер.
  • Лъэмыжым лъэкIыр
  • Кърым лъэмыжым 2018 гъэм ирикIуащ автомашинэ хьэлъэми псынщIэми мелуани 3,528-рэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар нэгъабэ накъыгъэм и 16-м къызэIуахауэ аращи, илъэскъым, атIэ мазэбжыгъэщ зытещIыхьыпхъэр.
  • «Кърым лъэмыж» хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, иужьрей илъэситIым брамкIэ (паромкIэ) Керчь псы дэлъэдапIэм зэпрыкIыу Кърымым кIуа автомобилист-хэм я бжыгъэр нэхъ мащIэщ мазиблым къриубыдэу лъэмыжымкIэ адрыщI псыIуфэм кIуам нэхърэ.
  • Андиев Сослъэн и цIэр фIащыну пIэрэ?
  • Осетие Ищхъэрэ — Аланием и Парламентым и УнафэщI Мачнев Алексей къыхилъхьащ Беслъэн къалэм дэт аэропортым Андиев Сослъэн и цIэр фIащыну.
  • Осетие Ищхъэрэ — Аланием и япэ Олимп чемпион, 1976, 1980 гъэхэм екIуэкIа Олимпиадэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ дыщэ медалхэр къыщызыхьа Андиевым, езым и щхьэкIэ хузэфIэкIам къинэмыщIауэ, чемпион хъуфа куэд игъэсащ. Ар дунейм ехыжащ илъэс 67-рэ и ныбжьу.
  • ФIыуэ феджэ
  • Дерс щхьэхуэхэмкIэ международнэ олимпиадэхэм щытекIуа еджакIуэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзырахэмрэ Президентым и ахъшэ саугъэт иратынущ. Дыщэ медаль къэзыхьым — зы мелуан, дыжьыным щхьэкIэ — сом мин 500, домбеякъым — сом мин 400. А ахъшэр сабийм и узыншагъэр иригъэфIэкIуэным, зыплъыхьакIуэ кIуэным, зигъэпсэхуным, и щIэныгъэм хигъэхъуэным тригъэкIуэдэн хуейуэ къагъэув. Правительствэм и Унафэ куэд мыщIэу къыдэкIынущ мы Iуэхухэр пыухыкIауэ щыгъэбелджылауэ.
  • ЩIымахуэ мэракIуэ
  • Ингуш Республикэм ИлъэсыщIэ махуэшхуэм ирихьэлIэу мэракIуэIэры-сэ тонн 20 къыщыщIачащ.
  • Нэзран районым хыхьэ Кантышевэ къуажэм нэгъабэ щаухуа хуабэщым гектаритхущ зэкIэ иIыгъыр, ауэ, проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, щIыуэ апхуэдиз дыдэ къыхагъэхъуэнущ. Хуабэщыр яухуащ Москва щыпсэу хьэрычэтыщIэ Албаков Хаджибикар и ахъшэкIэ — мы Iуэхум абы хилъхьащ доллар мелуани 2,5-рэ. Хасэр — Италием, Iэмэпсымэр — Голландием кърашащ. IуэхущIапIэм иIэщ мэракIуэIэрысэр щагъэщт, щахъумэ. Ингушым щагъэкIахэм Грузием, Москва, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIэ тыкуэнышхуэхэр къыщIоупщIэри, ахэр рефрижераторхэмкIэ ирагъашэ.
  • Албаковым зэрыжиIэмкIэ, мэракIуэIэрысэм трагъэкIуадэр куэдкIэ игъэмэщIэнущ хуабэщхэм щхьэкIэ мегаватт 60 и лъэщагъыу яухуэ подстанцым.