ФIэщыгъэр зейр хэту пIэрэ?
2019-01-17
- «Архъыз» турист-рекреацэ комплексыр, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» компанием хыхьэр, гъэм и сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ. А курортым и Iэгъуэблагъэм зыщызыплъыхьхэм, зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэуи, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIыну хуейхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
- Тхыдэджхэм ящыщ куэдым къызэралъытэмкIэ, къэрэшейхэмрэ абыхэм я лъэпкъэгъу балъкъэрхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и псыхъуащхьэхэм къыщыдэтIысхьар дзэзешэ цIэрыIуэ Тамерлан «Щэджащэр» Кавказым къыщихьа 1395 гъэм иужькIэщ. Уеблэмэ, Псыжь (Кубань) и псыхъуащхьэхэм ахэр (къэрэшейхэр) щыдэтIысхьар XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэращ. АбыкIэ щыхьэту къыщIэкIынущ а лъэпкъитIым я бзэхэр куэдкIэ зэрызэщхьэщымыкIари.
- Этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Волковэ Татьянэ 1974 гъэм Мэзкуу къыщыдигъэкIа и тхылъ купщIафIэм, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр: XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XX нэсыху» зыфIищам, и япэ Iыхьэм, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуам, мыпхуэдэ сатырхэм ды- къыщоджэ: «…Къэбэрдей адыгэхэр Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зэрыдэсыгъар къэтлъытэмэ, къэрэшей къущхьэхэр, а щIыпIэми икIыу, бгыхэми щхьэдэхыу, Псыжьыщхьэ къыщыдэхутар 1640 гъэм иужькIэщ, ауэ 1709 илъэсыр къимыхьэ щIыкIэщ».
- Мыбдежым мыпхуэдэу демыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым: «Псыжьыщхьэ къэрэшейхэр къыщыдэхутар 1640-1709 гъэхэм я зэхуакур арамэ, хэту пIэрэ атIэ Iуащхьэмахуэ и щIыбкIэ щыIэ тIуащIащхьэхэм абы ипэкIэ дэсыгъар?» А упщIэм и жэуапри гъэщIэгъуэнщ.
- АтIэми, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым иджырей Архъызым и Iэшэлъашэм къэрэшейхэр зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а щIыпIэм и тхыдэр а лъэпкъым и закъуэ езыпхыну пылъхэри зэрыщыIэм. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, ахэр Iуэхум и куупIэм нэплъысыну, ипэжыпIэкIэ зэрыщытар зэхэзыгъэкIыну зи щхьэ тезымылъхьэхэращ.
- «Архъыз» псалъэм ехьэлIауэ
- Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу Урысейм и пащтыхь правительствэм къэрэшейхэр елъэIуащ абазэ-беслъэней-къэбэрдей лIакъуэхэр зыдэса, иужькIэ нэщI къэхъуа псыхъуэхэм дагъэтIысхьэну. Хуит къыщащIым, къэрэшейхэр, зыкърачри, зи гугъу ящIа къуэладжэхэм дэтIысхьащ, зыщаубгъури, гъунэгъу тIуащIэхэми зыдагъэзагъэу щIадзащ, ди зэманым цIэрыIуэ дыдэ хъууэ хуежьа Архъыз курорт телъыджэм и Iэгъуэблагъэхэри хэту.
- Абхъаз щIэныгъэлI Бгажбэ Ху.С. «Некоторые вопросы топонимики и этнонимии Абхазии» и тхылъ гъэщIэгъуэным зэритымкIэ, «Архъыз» фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр, «А-рхы», «А-рха»-р, зэпкърех икIи «псы Iуфэ тафэ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «ныджэ» мыхьэнэм хуегъакIуэ. КъыжыIапхъэщ, абдежым бгыхэр нэхъ зэкIэщIэкIуэтауэ, псыр щежэх тафэми зыщиубгъуауэ, сэтей теплъэ иIэу зэрыщытыр.
- Бгажбэ Ху. С. и Iуэху еплъыкIэм и телъхьэу, щIэныгъэлI Фёдоров Яков и лэжьыгъэхэм ящыщ зым щетх: «Зи гугъу тщIы щIыпIэр набдзэгубдзаплъэу зэпэзыплъыхь дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абы «псы Iуфэ тафэ» («ныджэ бгъуфIэ») хужыпIэ зэрыхъунуми. Къэхъуагъэнущ: Инжыдж и псыхъуащхьэхэм къэрэшейхэр дэтIысхьа иужькIэ, «Архъыз» фIэщыгъэр тыркухэм я бзэм къыхэкIа я гугъэжу, «зэпыгъэщхьэхукIыпIэ жыжьэ», «гъунапкъэ» мыхьэнэхэр къызэрыкI«аргъы-з»-м ар хуа-
- хьауэ».
- Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков «Кавказ КъухьэпIэм и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхухэр» и тхылъ гъэщIэгъуэным и 282-нэ напэкIуэцIым мыпхуэдэу щетх: «Абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэхэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщщ Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэри. АбыкIэ щыхьэтщ Архъыз псым и гуэдзэнхэм ящыщ зым, Рычэпстэ псы цIыкIум, фIэщыгъэу зэрихьэри. А цIэр икIи тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэм хэт псалъэхэмкIэ пхузэпкърыхынущ».
- Мыдрейуэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэр Архъыз и тIуащIэ бгъуфIэшхуэм зэреджэу ижькIэрэ къекIуэкI «Хапэжь» фIэщыгъэми куэдым урегъэгупсыс. ТхузэфIэкIмэ, мы псалъэмакъым иужькIи къыпытщэнщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.