Лъахэжьыбзэ псэ щIасэщ
2019-01-17
- Бзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ гурэ псэкIэ хуэлэжьа Сокъур Мусэрбий псалъэпэкIэ къызэIуихыу, 1985 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIат «Синие горы Кавказа» тхылъыр. ГъэщIэгъуэнт абы и зэхэлъыкIэр: СССР къэралышхуэм и литературэ къу-лейм зи пщIэ щаIэтахэм я усэхэр тхылъым щызэхуэхьэсат.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэхигъэува а къыдэкIыгъуэр гъэнщIащ ди лъахэр гукъинэжу зыгъэфI поэзие лъагэм и макъамэкIэ. «Синие горы Кавказа» тхылъым ит усэхэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэну таучэл щытщIым, ди гущхьи къэкIыртэкъым бзэм Iэмал щэхуу къызыкъуихынум и къэуатыр! Дауи, лъахэжьыбзэ псэ щIасэщ…
- Фи пащхьэ идолъхьэ урысыбзэм къитхыжа зэдзэкIыгъуэхэр. НэхъыфIыжу абы ехъулIэнухэми зывмыбзыщI, фытегушхуэурэ къевгъэбл бзэм и Iэмал лъэщыр!
- КЪАРМЭ Iэсият.
- ПШАВЕЛЭ Важэ, куржы усакIуэ
- (1861 — 1915)
- Адыгэ гъащIэм щыщ
- теплъэгъуэхэр
- (Пычыгъуэ)
- Ирехьэхри пшапэм и напIащхьэр,
- Жьыуэпс щIыIэр къуршхэмкIэ къыдокI,
- Щыгъуэ теплъэу иджы къурш
- дыгъащхьэм
- Джанэ фIыцIэу жэщыр зрешэкI.
- Фэбжьи, губжьи, гуауи, гузэвэгъуи
- ЩыIэкъым и набдзэ щIыхэлъэт —
- Къару лъэщу уафэр зи Iэпэгъум
- Къыхуигъэфэщащ Iыхьэ гъейрэт:
- Яхуэмыус лIыгъэр зи жьэгу жьанэу
- Шэрджэс лIакъуэ хуитхэм я бжэщхьэIу!
- Къурш къещхьэукъуэххэр я куэщI-анэу
- ЛIыхъужь дапщэ къыдэкIа уи бжэIу…
- ЩIыхь нэмыжыIэсым и фIэлIыкIым,
- Фэбжь гъэвыжыгъуейхэм я Iулыджым
- КъапекIуэкIыу хэт къыптегушхуэн?!
- Хэт хурзалэ бгъэм зрипщытын?..
- БЕСТУЖЕВ — МАРЛИНСКИЙ Александр,
- урыс усакIуэ
- (1797 — 1837)
- АДЫГЭХЭМ Я УЭРЭДЫЖЬ
- Къазбэчыщхьэ пшабэ набжьэ
- ЗэщIеуфэ бгъащхъуэ дамэу —
- Уэркъ шууейхэр бгым хуопIащIэ
- Я лъэужьыр лъыпс-лъэданэу.
- Лъагэр лъагэу, задэу задэр.
- ЯкIэлъос урыс нэлатыр:
- Пхъэрыр къоIэ шыкIэр лыпщIу.
- Сэшхуэр бзабзэу мэупщIатэ,
- Мыжурэпэм лъагъуэ ищIу
- Шэкъэуэжым уэр дощатэ…
- ЛIыгъэ зиIэм и шыр щIэхумэ —
- ТIасхъэ мэхъу лIыхъужь мэIухур:
- А уэркъ щIалэхэм я гущхьэр
- Иджыпсту урыс шэуапIэщ.
- Йощэтэх лъэгуажьэмыщхьэу
- Хьэж зыщIар: «Бегъымбар лъапIэ!..»
- ТхьэлъэIу лъэщым шабзэпыхьэу
- Уэр пхритхъыурэ пхолъэтыр —
- Мухьэмэду бегъымбарым
- Лей техьэнкъым и Iумэтым!
- Уафэ лъагэр и щыхьэту
- Мэз жыжьаплъэр къолъэхъшэх —
- ЗызэщIихыурэ къокIуатэ…
- Тобэ! Уоу… Iистофриллэхь!
- Жыг гуэрэнхэр зэхокIуатэ,
- Мэзыр щхъыщхъыурэ мэщатэ…
- Тобэ, тобэ! Таурыхъ щхъуантIэр
- Муслъымэным хуохъу щхьэтепIэ!
- ГАМЗАТОВ Расул, дагъыстан усакIуэ
- (1923 — 2003)
- КЪУРШХЭР
- ЛъэщI нэпсхэри къэгъанэ псалъэ
- макъыр,
- ГушыIэр Iух, ауаныр IугъэкIуэт.
- УпIащIэурэ дэкIуей бгыщхьэ
- къэракъэм —
- Зэманыр упэщащэ пэт IуокIуэт.
- Удэмыдзыхэ, уи щхьэр теджэразэу,
- Бгым удэплъейкIэ,
- УдэмыхыщIэ, дахэм уигъэуназэу,
- ЩригъэлейкIэ!
- Гурыщхъуэу къопэщэщыр зэтеуIэфIи,
- УпIащIэурэ дэкIуей бгыщхьэ къэракъэм;
- ЗигъэнщIу псэм — хьэуа Iубыгъуэ хэфи —
- ЗыкъитIэтэнущ гурыфIыгъуэ хьэкъым!
- ЗыкъыуишыхьэкIынущ сабырыгъэм,
- Уи Iэгухэм Iэ къадилъэу, къедэхащIэу,
- УкъиутIыпщынущ тIыгъуэжа гурыгъым —
- ЗэлъыIукIынущ бампIэхэм я напщIэу.
- Зыущэхуи даIуэт, адэкIэ зы щIыпIэм
- Чыкъуацэм и щIыщI макъ
- къыщыцырхъащ!
- Ар мес: щыхьыщIэм и дахащэ бжьабэм
- Къыр тхыцIэр къудамащхьэу
- зэгуипхъащ.
- Уджэгуурэ жэщ уафэм ухэIэбэу,
- IэпхъуамбэкIэ мазэщIэр уогъэкIыл —
- Бжьо лантIэхэр щIэлъэтрэ Iэбэ-лъабэу,
- Уи пшынэм дэуфэразэурэ мэджыл.
- Мы щIыпIэм псоми я пщIэ щозэхуэдэ,
- Мыбдежым къыщекIуэкIкъым зэхэгъэж,
- Зэхэху зымыщIэ бзухэм я уэрэдыр
- Мэубзэ, мэбзэрабзэ, мэзэгъэж.
- Мыбдеж щолъагэ цIыхум и псэ, и щхьэ,
- Мы щIыпIэм псори фIым
- щиныбжьэгъуфIщ.
- Зыгуэрым къэхъумэ щищI
- лъэгуажьэмыщхьэ —
- Ар, дауи, псынэм IупэкIэ щыхэфщ…
- Къэгъанэт дауэ-далъэр, ныбжьэгъу
- лъапIэ,
- ЗакъыIэщIэхи а уи пэш бэмпIахэм
- УпIащIэурэ дэкIуей бгыщхьэ лъагапIэм —
- Укъыхуеплъыхыу дунейр зэрыдахэм.
- УкъэмыхыщIэ, дахэм уигъэуназэу,
- щригъэлейкIэ.
- Укъэмыдзыхэ, уи щхьэр теджэразэу,
- бгым удэплъейкIэ!
- АХМАТОВЭ Аннэ, урыс усакIуэ
- (1889 — 1966)
- * * *
- Мыбдежыр Пушкин хуащIырт егъэзыпIэ,
- Мыр Лермонти кIуэдыпIэу хухахат…
- МэкъупIэ удзхэр мыбы щонэхъгуапэ,
- Зэ закъуэрэ слъагъуну къысхуихуат —
- Тамарэ гуащэ и щIасэлI уахътыншэм
- И нитI замыгъэнщIыжу
- къихъуэпсыкIхэр —
- Гуэл IуфIэ тхушэр я щхъуантIагъэ
- гъуэзу —
- Ахъшэм шынагъуэм
- къызэрыхэплъызэр!..
- БЛОК Александр, урыс усакIуэ
- (1880 — 1921)
- ЕМЫНЭ*
- Сиужь уимыкIыу накIуэ, накIуэ —
- ПщылI пэж жыIэщIэу ныскIэлъыкIуэ.
- Къуршыдзэ лыдым и сыджыщхьэ
- Силъэтэжынущ хуиту уисхьэу.
- Ущхьэщысхьэнщ щыхупIэ нэзми,
- Куущэм уи псэр игъэджалъэу —
- Ар пщIэрэ — уэ ущыгулэзми,
- Тхъэжыгъуэ IэфI къыщыщIэзгъалъэр…
- Нэхугъэ псыпсу бгыщхьэ тафэм
- И чэщей куэщIурэ удзыпцIэм
- Си щIыфэ тхьэхуу уардэ плъыфэм
- ЕзгъэлыпщIынущ уи лыхулыпцIэр.
- Уэ пщIэуэ пIэрэ пцIы IэрыщIу
- Къэвгупсыса а цIыху гурыщIэр —
- Iэслъэсрэ кIэщIу кIуасэ гъащIэр
- ТIасхъэ Iубахъэу зэрымащIэр? —
- Ахъшэмым нэхъри зыщиудыгъум,
- Узэпикъузу си гурыгъум —
- Уафэ нэщIыпсым и къат къащхъуэм
- Зипхьэнущ си удыгъэр Iуэщхъуу.
- Аращ… УсIыгъыурэ усхьынущ,
- УсIэтрэ пэт уэзгъэлъагъунущ
- ЩIыр вагъуэ хуэдэ зэрыцIыкIур —
- ЩIым хуэдэу бгъуфIэу вагъуэ нэкIур.
- Телъыджэм бзагуэ утехъуауэ,
- НэгъуэщI дунейхэм уахэплъауэ —
- ФIэщмыхъум уи нэр къыщипхъуауэ,
- Си джэгу зэрыхъэм уилъэхъауэ…
- Угужьеярэ гуащIэр пщIэкIыу
- КъэпIущэщынущ: «СыутIыпщыж» …
- ПхузэщIэсхынщ сыпыгуфIыкIыу
- Уи дамэ хьэхухэр: «КIуэ. Лъэтэж.»
- Си дыхьэшхыпцIыр уи псэ пIалъэу
- Гъуэз фIэкIыпIэншэм ухыхьэнщ,
- МывэкIэщхъ жьыхуу упкIэ-улъэу —
- Улъатэ пфIэщIу — уехуэхынщ.
- *Емынэ — демон
- НАДСОН Семён, урыс усакIуэ
- (1862 — 1887)
- УИ ДЕЖ
- Уи деж, Кавказ, уи тхъугъэхэм,
- Зэв-задэу уи щыхупIэхэм,
- Аузхэм я къуэладжэхэм,
- Псыпыхухэм зэгуаху ныджэхэм,
- Мылылъэм сыкъыхэкIмэ,
- КъэблэмкIэ сехъуэпсэкIмэ,
- КIыфI псыIэр си IэщIыбурэ —
- Къэслъыхъуэр уи нурыбэурэ,
- Сешарэ си псэр пыхумэ —
- СопIащIэ жэнэт хьэхумэ!..
- Шефнер Вадим, урыс усакIуэ
- (1915 — 2002)
- Кавказ
- Нэбэнэушэу зэхэсхат а макъыр,
- ЩIым уэгур къытещатэ
- къысфIигъэщIу…
- АрщхьэкIэ, сыкъэушмэ, жэщыр,
- нэпкъыр
- щыIэжкъым. Къурш Iубахъэр
- зэхэпщIыпщIэу
- джабэ щIэрыпсхэм гуфIэу телыдыкIт,
- ПIащIэгъуэкIэ лъэпIастхъэу мэз
- кIэкъуащIэр
- дэпщейрт къурш дамэм, нэху…
- бзухэм сакъыдекIт. Кавказ!
- ЗэзыдзэкIар КЪАРМЭ Iэсиятщ.