Къанщауэ Мусэбий Исуф и къуэр
2019-01-17
- И ныбжьыр илъэс 96-м иту щIышылэм и 10-м дунейм ехыжащ Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Къанщауэ Мусэбий Исуф и къуэр. 1923 гъэм мазаем и 23-м ар къыщалъхуащ КъБАССР-м хыхьэ Бахъсэн районым и Къызбрун Езанэ къуажэм. КлассиплI школыр къиуха иужькIэ, «Индустриализация» щIыпIэ колхозым лэжьэн щыщIидзащ.
- 1942 гъэм мазаем и 23-м Къанщауэ Мусэбий дзэм ираджащ икIи 115-нэ шуудзэм хэту Ростов областым зауэм щыIухьащ. Ар зэбграутIыпщыкIыжа иужькIэ, лIыгъэ хэлъу бийм щыпэщIэтащ Белорус, Украин фронтхэм. Литвамрэ Латвиемрэ хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. 1944 гъэм Кёнигсберг къыщащтэм уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Госпиталым зыщигъэхъужри, фронтым игъэзэжащ икIи 1945 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэ пщIондэ зэуащ. Нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм лIыгъэ хэлъу зэрапэщIэтам къыхэкIыу Къанщауэ Мусэбий къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и II нагъыщэр, «И хахуагъэм папщIэ» медалитI, «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр, нэгъуэщI юбилей дамыгъэ куэд.
- Дзэм къыхэкIыжа иужькIэ, Къанщауэ Мусэбий жыджэру хэтащ цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным. И ныбжьыр пенсэм нэсыхукIэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр зэрихьэу ар щылэжьащ Бахъсэн ГЭС-м. И гуащIэдэкI хьэлэлым къыпэкIуэу мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я дамыгъэ лъапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъри яхэту.
- Къанщауэ Мусэбий и зауэ, гуащIэдэкI IуэхущIафэхэр я щапхъэщ Хэкум зэрыхуэпэжыным. Ар жыджэру хэтащ жыла- гъуэ лэжьыгъэм, щIэблэр гъэсэным, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и ветеранхэм я пэщIэдзэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ щытащ. И псэемыблэж лэжьыгъэм, гуапагъэм, зэхэщIыкIым къыпэкIуэу цIыхухэм я деж пщIэ лъагэ щиIащ.
- ЗауэлI хахуэ, лэжьакIуэ емызэшыж Къанщауэ Мусэбий Исуф и къуэм и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ ди гум илъынщ.
- Балъкъыз А., Сэбан Р., Iэхъуэбэч А., КъэзанЗ., Ует А., БешкIур А.,
- ПщыукI М., Вындыжь А., Тохъутэмыщ М.,
- Къаскъул Хь., Абазэ А., Къаздэхъу О., Къумыкъу М.