ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2018

КIуэкIуэ Казбек и хьэщIэщ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт

2018-12-04

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэ

2018-12-04

  •  УФ-м щагъэлъапIэ информатикэм и махуэр
  •  1674 гъэм Мичиган (США) гуэлым и Iуфэм деж щытIысащ жылэ цIыкIу, иужькIэ Чикаго къалэ хъуар.
  •  1707 гъэм Урысейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ узыншагъэм щыкIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэ (иджыпсту ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ сымаджэщ нэхъыщхьэрщ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм и махуэ

2018-12-04

  • Адыгэ щэнхабзэм и махуэр иджы япэ Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ Адыгэ Республикэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Налмэсыр» къофэ

2018-12-04

  • Адыгэ Республикэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым мы махуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм концертхэр щет. Дагъыстэн Республикэм и «Лезгинка» ансамблым и гъусэу Мэхъэчкъалэ зэныбжьэгъугъэ концерт щатащ, етIуанэ пщыхьэщхьэм езы «Налмэсым» зыкъигъэлъэгъуащ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием исхэм дыгъэгъазэм и 1-м Iэмал яIащ къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм еплъыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

ДэIэпыкъуэгъу хъухэр

2018-12-04

  • КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щызэIущIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр зыгъэхьэзырахэмрэ. Ахэр «Доброволец России» урысейпсо зэхьэзэхуэм пхыкIащ икIи ирагъэджэнухэм хагъэхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэ

«МыIэрысейхэм  я  щIыналъэ»

2018-12-04

  • Бахъсэн муниципальнэ районым и администрацэм Инстаграммым щиIэ официальнэ напэкIуэцIым хиубыдэу къызэ-Iуах «МыIэрысейхэм я щIыналъэ» Iыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыналъэ  зыужьыныгъэм  и  джэлэс

2018-12-04

  • РАН-м  и  Къэбэрдей-Балъкъэр  щIэныгъэ  центрыр  илъэс  25-рэ  ирокъу
  • ЯхузэфIэкIахэм  ироплъэж, мурадыщIэхэр  яубзыху
  • ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр дыгъуасэ къыщызэIуахащ Налшык дэт Къэрал киногъэлъэгъуапIэм. Абы кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, лъэпкъ щIэныгъэлI пашэхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

КъэмбэчокъуэIэдэм:  «Шэч къытесхьэркъым гъащIэр зэрефIэкIуэжынум,  жэщым нэхущыр къызэрыкIэлъыкIуэм хуэдэу»

2018-12-04

  • 1958 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ Къэмбэчокъуэ Iэдэм МуштIэхьид и къуэр. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм, Ленинград къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетри къиухащ. Iэдэм 1981-1985 гъэхэм щылэжьащ «Маяк», «Ленин гъуэгу» газетхэм. 1985 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы ди университетым щиIыгъщ къулыкъу зэхуэмыдэхэр, иджы IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, етIуанэ IэщIагъэ щрат институтым и унафэщIщ. 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБКъУ-м и диссертационнэ советым, 1982 гъэ лъандэрэ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр хуэфащэ дыдэу зэрехьэ. Къэмбэчокъуэр филологие щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ  и кафедрэм и профессорщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Хъан  Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдей  хэкум  къыщемыхъулIа и  зекIуэмрэ  езыр  зэрытрагъэкIамрэ

2018-12-04

  • Смирнов Владимир (1846 — 1922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр 1870 гъэм «хьэрыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ щIэныгъэлIщ. Нобэ зи пычыгъуэ къэтхь и доктор диссертацэр 1887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъаныгъуэр зэрызэфIэува щIыкIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэзэрылIым топсэлъыхь. УрысыбзэкIэ еджэну гукъыдэж зиIэхэм тхыгъэр псалъащхьэм и оригиналымкIэ («Неудачный поход Каплан-Гирей хана I в Черкесию и свержение его») къагъуэтыфынущ. Смирновым и лэжьыгъэр, езым зэрыжиIэмкIэ, кърым хъаныгъуэм теухуауэ япэу урысыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыдэ лэжьыгъэт. Европей     тхыдэджхэм я тхылъхэм нэмыщI, щIэныгъэлIым кърым-тэтэрхэм я пасэрей Iэрытххэри иджащ. Гулъытэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэм ящыщу Смирновым къреIуэ 1832 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыта Мухьэмэд Риза Сэид и тхылъ цIэрыIуэу «Ас-себ-ус-сеяр фи ахбари мулюки татар» («Тэтэр тепщэхэм ятеухуа хъыбархэм щыщ планетибл») тхылъыр. Къэнжал зауэм и хъыбар къыхощ Хьэлим Джэрий жыхуаIэ тхакIуэм и «Гюльбуни-ханан» («Хъанхэм я гуащэнапщIэ гъэгъа») тхылъми. Зи цIэр нэхъ ди нэIуасэхэм ящыщщ сулътIанхэм ябгъэдэтыпэу къулыкъу зыхьа Фундуклулу тхакIуэри: Iэрытх къэс напэкIуэцI 300-м нэсу абы къызэринэкIа тхылъиплIым я зым щытопсэлъыхь Къэнжал зауэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Усэбзэм  цIыхур  еузэщI,    дахагъэм  хуешэ

2018-12-04

  • «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм гъэм и  зэманхэм ятеухуауэ къызэригъэпэщ усэ пшыхь гуапэхэр зэрырагъажьэрэ илъэсипщI зэрырикъур щагъэлъэпIащ модельер-сурэтыщI Сэралъп Мадинэ и Артцентрым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

ЛIыхъужьхэр зэи тщыгъупщэнукъым

2018-12-04

  • Бахъсэн щIыналъэм щыщу 115-нэ шууей дивизэм хэтахэм я щIыхьыр иджыблагъэ Бахъсэн къалэ щагъэлъэпIащ. 297-нэ Бахъсэн полкым хэтахэм я аллее къыщызэIуахащ къалэм и МафIэ мыужьыхым  къедза щIыпIэм. Абы щыхасащ пкIей, кIей жыгыщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-12-04

  • Тхэквондо
  • «Урысей танк цIыкIу»
  • Испанием и Валенсие къалэм мы махуэхэм ще­кIуэ­кIащ ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я европэ­псо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 47-м я спортсмен нэхъыфIхэр. Урысейм и командэ къыхэхам хэту зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхуиплIым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ЗыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хохъуэ

2018-12-04

  • Федеральнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэратамкIэ,  2018  гъэм и мазибгъум и кIуэцIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхуну къэкIуахэм я бжыгъэр  проценти  8,5-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым зэрыщытам елъытауэ. Къэдгъэлъагъуэмэ, зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу, республикэм и курортхэм щыIащ цIыху мин 420-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха