Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм и махуэ
2018-12-04
- Адыгэ щэнхабзэм и махуэр иджы япэ Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ Адыгэ Республикэм.
- Абы ирагъэблэгъат Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ хэгъэгухэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэм хэтащ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь. Ди республикэм щыщу ирагъэблэгъащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан сымэ.
- Махуэшхуэр Мейкъуапэ дэт Филармонием къыщызэIуахащ. Абы щекIуэкIащ АР-м и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр зыхэта гуфIэгъуэ зэхыхьэ, лъэпкъым и цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэ ин. «Къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIэным теухуауэ» УФ-м къыщащта программэм хыхьэу къызэрагъэпэща зэIущIэм щыщт АР-м и Iэтащхьэм и деж щекIуэкIа «стIол хъурейр», лъэпкъхэм я зэхущытыкIэфIыр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яIэ мыхьэнэм хухахауэ щытар.
- ХьэщIэхэр адэкIэ ирагъэблэгъащ КъуэкIыпIэ музейм, «Адыгей» КъТРК-м и журналист пщащэхэм ягъэлъэгъуащ модельер цIэрыIуэ СтIащ Юрий ида бостейхэр.
- Махуэшхуэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэр ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерхэм ящыщ зым тетынущ.
- НэщIэпыджэЗамирэ.
- Налшык–Мейкъуапэ