ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъэмбэчокъуэIэдэм:  «Шэч къытесхьэркъым гъащIэр зэрефIэкIуэжынум,  жэщым нэхущыр къызэрыкIэлъыкIуэм хуэдэу»

2018-12-04

  • 1958 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ Къэмбэчокъуэ Iэдэм МуштIэхьид и къуэр. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм, Ленинград къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетри къиухащ. Iэдэм 1981-1985 гъэхэм щылэжьащ «Маяк», «Ленин гъуэгу» газетхэм. 1985 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы ди университетым щиIыгъщ къулыкъу зэхуэмыдэхэр, иджы IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, етIуанэ IэщIагъэ щрат институтым и унафэщIщ. 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБКъУ-м и диссертационнэ советым, 1982 гъэ лъандэрэ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр хуэфащэ дыдэу зэрехьэ. Къэмбэчокъуэр филологие щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ  и кафедрэм и профессорщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ.

  • КЪУАЖЭ школым щIэсу усэ тхыным гу хуэзыщIа, ебланэ классым щеджэу зи IэдакъэщIэкIхэм щыщ «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуа щIалэр щIэхъуэпсырт Москва Горький Максим и цIэр зэрихьэу щыIэ Литературнэ институтым щIэтIысхьэну. ЕпщIанэ классым нэсауэ письмои итхат институтым. Ауэ Москва къикIыжа тхылъымпIэхэм хэплъэмэ, фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэхэр къыкъуэкIат. Псалъэм и хьэтыркIэ, а институт цIэрыIуэм ущIэтIысхьэн щхьэкIэ епщIанэ классыр къэбухарэ илъэситI мынэхъ мащIэкIи улэжьауэ щытын хуейт. Филологие щIэныгъэ къозыт еджапIэ нэхъыщхьэ ущIэсуи абы зебгъэдзыжыфынутэкъым. Нэхъ гугъужрати, и анэм Iэдэм и тхьэкIумэм иригъэкIыртэкъым дохутыр, хирург ар хъуну зэрыхуейр. Университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым и декан Медалы Хьэчимрэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщI Урыс Хьэталийрэ я школым къыщыкIуам зи лIыкIуэ факультетым щеджэну хуейхэр зэрытрагъэгушхуами егуп-сысырт. Абы зэрыщIэтIысхьэ-ным зэрызыхуигъэхьэзырын программэ гуэрхэри къратыну къагъэгугъати, Налшык къакIуэри ахэри къищтащ…
  • Илъэс пщыкIух фIэкIа мыхъуа ныбжьыщIэм и дежкIэ апхуэдиз Iуэхугъуэ зэхэмыбзыр зэхэгъэкIыгъуафIэтэкъым. Дауэ мыхъуами, медицинэ факультетым зыхуигъэхьэзырырт. Университетым щIэтIысхьэну хуейхэм я тхылъхэр Iызых комиссэр здыщIэс пэшым щызэбгъэдэт стIолитIым зым адыгэбзэм хуеджэну хуейхэм, адрейм — дохутыр хъунухэм я дэфтэрхэр щыIахырт. Дохутыр хъуну зи гуращэхэр зыбгъэдэт стIолым бгъэдыхьэри… секретарым иритыну хуишия тхылъхэр иужьрей дакъикъэм къыбгъэдэт стIолым трилъхьащ. Апхуэдэу адыгэбзэм хуеджэну Къэбэрдей-Балъкъэр университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым щIэтIысхьауэ щытащ Iэ-дэм.
  • 1975 гъэм КПСС-м и ЦК-м уна-фэ къыдигъэкIауэ щытащ къэралым ис лъэпкъ мащIэхэм я ныбжьыщIэхэу тхэным гу хуэзыщIа, университетым щIэсу анэдэлъхубзэм хуеджэхэм Москва, Ленинград, Свердловск дэт еджа-пIэ нэхъыщхьэхэм журналистикэмкIэ я факультетхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэт хъуну. Абы ипкъ иткIэ, 1978 гъэм ди университе-тым ещанэ курсыр къыщиухауэ,     и статья, зарисовкэ, репортаж хуэдэ гуэрхэр «Ленин гъуэгу» газетми къытехуэ хъуауэ, Ленин-
  • град дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым ягъэкIуащ Къэмбэчокъуэр. ЕджапIэр къиухщ, къигъэзэжри, «Маяк» газетым мазэ бжыгъэкIэ фIэкIа щымылэжьауэ, «Ленин гъуэгум» и редактору а зэманым щыта Мэзыхьэ Борис 1982 гъэм адыгэ газетым ишащ.
  • Газет лэжьыгъэм дихьэхыпауэ здыпэрытым, махуэ гуэрым   Урыс Хьэталий Iэдэм и лэжьапIэм Iухьащ. «Зы лъэIу пхузиIэщи, сыбгъэщIэхъуныр игъуэджэщ», — жиIэу зи цIэрэ зи пщIэкIэ Кавказ псом щацIыху лIы щэджащэм къыщригъажьэм, щIалэм игъэщIэгъуащ. «СхузэфIэкIыххэмэ, пхуэсщIэнмэ», — жиIэри къигъэгугъащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, партым и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ университетым и ректор Лъостэн Владимир ириджэри унафэ хуищIат республикэм и газетхэм, радиом, телевиденэм я лэжьыгъэм икIэщIыпIэкIэ зрагъэузэщIын папщIэ а хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хуэIэижьу зэрыпэрытын щIэныгъэ зыбгъэдэлъ журналист адыгэ, балъкъэр щIалэгъуалэм къахэшауэ гъэхьэзырын хуейуэ. А унафэр гъэзэщIэныр къызэригъэпэщыну Лъостэным Хьэталий и пщэ ирилъхьауэ арат.
  • ФIыуэ илъагъу IэщIагъэри IэщIыб хуэщIынутэкъым, мо къигъэгугъа хъуа лIыри игъэщIэхъуж хъунутэкъыми, газетым зэрыщылажьэм хуэдэурэ, сыхьэт бжыгъэу журналистикэм хухэхамкIэ иригъэджэну зэгурыIуащ. Тыншауэ пхужыIэнукъым а Iуэхум иужь ихьахэр. Къыхахащ, дауэ мыхъуами, лъэпкъ къудамэхэм я ещанэ курсыр къэзыухауэ тхэным нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэ студент 13. Iэдэм щеджауэ щыта Ленинград къэрал университетым ягъакIуэри, абы къришащ щхьэпэ яхуэхъун, студентхэр зэреджэн план, программэ, тхылъ щхьэхуэ хуэдэхэр, апхуэдэуи лэжьыгъэри зэтраухуащ.
  • IэнатIэ хуэхъуар имыжагъуэми, Iэдэм и гур редакцэмкIэ щыIэт. «Журналистикэм хуеджэхэм я Iуэху зэтеуващ, иджы сэри газетым згъэзэжыпэнщ», жиIа щхьэкIэ, дэнэт? «Едгъэжьа Iуэхур гъуэгущхьэ зэхэкIыпIэм къытебнэнуи?», жаIэри къызэтрагъэу-выIащ. Арати, и гум къыщIитхъ-ми, газетыр IэщIыб ищIащ, студентхэр зэрыригъаджэм хуэдэу-рэ аспирантурэм щIэтIысхьэщ, Урыс Хьэталий и унафэщIу кандидат диссертацэр итхри, 1990 гъэм Тбилиси щыпхигъэкIыгъащ. «Адыгэбзэр зэи жагъуэу слъэгъуакъым, ауэ ар гъащIэ гъусэ зэрысхуэхъуамкIэ фIыщIэр зейр, дауи, Урыс Хьэталийщ», — жеIэ Iэдэм.
  • ЦIыху къэс езым иIэжщ зи гъащIэм щапхъэ, гъуазэ къыхуэхъуахэр. Апхуэдэхэм я гугъу щищIкIэ, Iэдэм япэ дыдэ зи цIэ къри-Iуэр и адэшхуэ Къэмбэчокъуэ Нащхъуэщ. Зы лъэныкъуэкIэ, егъэлеяуэ лIы ткIийрэ фIэлIыкI зиIэу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, дэхуэхам защIигъакъуэрэ цIыхум IуэхутхьэбзэфIхэр яхуищIэфу дунейм тетащ ар.
  • КъыдэкIуэтейуэ еджэн, лэжьэн щIидза нэужь, гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ щыхуэхъуа, зи чэнджэщхэмрэ зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ зыкъыщIэзыгъэкъуа цIыху куэдым ирихьэлIащ Iэдэм. Алыхьым и нэфIыр къыщыхуауэ къелъытэ, адыгэ лъэпкъым нэхъ цIыху щэджащэу хэтхэм ящыщу хэти иригъэджауэ, хэти къыдэлэжьауэ, хэти ныбжьэгъу пэж хуэхъуауэ зэрыщытым щхьэкIэ.Апхуэдэхэщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Урыс Хьэталий, университетым илъэс куэдкIэ къыщыдэлэжьа Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, КIуэкIуэ Жэмалдин, Щэрдан Iэбу, университетым и ректору щыта Лъостэн Владимир, журналистхэу, тхакIуэхэу Мэзыхьэ Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Мыкъуэжь Анатолэ, зи ныбжьэгъугъэм и псэр игъэхуабэу къекIуэкIа IутIыж Борис, зи щIэныгъэкIэ Хэку псом цIэрыIуэ щыхъуа, «адыгэ лъэпкъым и гуащэкIэ» зэджэу щыта КIэрашэ Зейнаб, Къэрэ-шей-Шэрджэс Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, профессор Бэчыжь Лейла, а хэгъэгум и университетым и проректор  ПIаз Сергей, профессор Иуан Зэуал, Адыгэ хэкум ис щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Шыкъ Кушмэзыкъуэ, Гъыш Нухь, Бырсыр Батырбий, Абрэдж Ачырдан, и ныбжьэгъу пажэхэу Джыназ Руслан, Хъурей Арсен сымэ. «Си гум, си псэм хэухуна хъуащ абыхэм я гупсысэкIэм, дуней еплъыкIэм, я Iуэху зехьэкIэм щыщ налъэ нэрымылъагъуищэхэр», — игу хэхъуэу жеIэ Iэдэм.
  • 1992 гъэм университетым и ректор Лъостэн Владимир ириджэри, илъэс ипэкIэ къызэрагъэпэща, ауэ зэкIэ тэмэму яху-   зэтемыгъэува, адыгэ-балъкъэр филологиемкIэ факультетым и декану лэжьэну унафэ къыхуищIат Iэдэм. Ар емызэшыжу, гумызагъэу зэрылэжьам къыпэкIуащ илъэсрэ ныкъуэрэ щыдэкIам а факультетым заочнэу щеджэну къекIуалIэ абитуриентхэм я бжыгъэкIэ университет псом япэ увыпIэр, очнэм къекIуалIэхэмкIэ — етIуанэ увыпIэр иIыгъ зэрыхъуар. Апхуэдэу екIуэкIащ, адыгэ-балъкъэр, урыс, хамэбзэхэр щадж факультетхэр 1996 гъэм зэхагъэхьэжу, филологиемкIэ институт къызэрагъэпэщыху.
  • Абы иужькIэ Iэдэм унафэщIу щылэжьащ IэщIагъэлIхэмрэ унафэщIхэмрэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, етIуанэ IэщIагъэ щрат центрым, гъуазджэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ факультетым, филологиемкIэ институтым, КъБКъУ-м и тхылъ те-      дзапIэм. Иджы IэщIагъэлIхэмрэ унафэщIхэмрэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, етIуанэ IэщIагъэ щрат институтым и унафэщIщ. Дэнэ щIыпIэ и деж IэнатIэ щри-мыхьэкIами, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу ар пашэ зэрыхъур и щыхьэт нэсщ Къэмбэчокъуэр       сыт хуэдэ Iуэхуми гурэ псэкIэ     яужь зэритым. Ауэ ахэр и щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэу къилъытэркъым икIи щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуахэм, и жыIэ тIу ямы-щIу Iуэхур къыдэзыгъэпсынщIахэм я цIэ къреIуэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, университетым и лэжьакIуэхэу УнэлIокъуэ Вячеслав, Нэгъуей Ларисэ, Гъубжокъуэ Дианэ, Бозий Наимэ, Шэкэр Лейлэ, Хьэкъул Лидэ, Сэбан Регинэ, Бапинаевэ Разият сымэ.
  • Хъарзынэу зэтеублауэ цIыхум щIэныгъэ зэрырату щыта щIы-кIэр зэрызэщхьэщыкIуэтам, анэдэлъхубзэхэм я егъэджыкIэм, сыхьэт бжыгъэхэр зэрагъэмащIэм, нэгъуэщIхэми игъэпIейтейхэм ящыщщ Iэдэм. Псалъэм папщIэ, илъэс тIощIрэ пщIым щIигъуауэ езым адыгэбзэм и синтаксисым студентхэр хурегъаджэри, псалъэуха къызэрыкIуэм и синтаксисымкIэ лекцэхэр сыхьэт 54-рэ хъууэ щытамэ, нобэ ар сыхьэт 17-м хуэкIуащ. Псалъэуха зэхэлъым и синтаксисымкIэ лекцэхэми апхуэдиз дыдэщ хухэхар. «Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ сэ сыхьэт 17-м къриубыдэу псалъэ зэпхам, псалъэуха къызэрыкIуэ къызэрыгуэкIым, псалъэуха къызэрыкIуэ гъэгугъуам и синтаксисымкIэ студентым хуэфэщэн щIэныгъэ зэрестыфынур? Дауэ апхуэдиз щIэныгъэ фIэкIа зэдмытыфам егъэджакIуэфI къы-    зэрыхэкIынури? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и лъэныкъуэкIэ иужьрей илъэс тIощIым щIигъум узыщыгуфIыкIыну къыдэкIуар мащIэ дыдэщ», — къыхегъэщ Къэмбэчокъуэм.
  • Iэдэм и нэр къызыхуикIыр зыщ: мы ди къэралыр зэтеувэжу дэтхэнэ цIыхуми и гуащIэмкIэ   и гъащIэр къызэригъэпэщыф хъужынырщ. Зэхуэгъэдэныгъэщ зыхуейр. «Апхуэдэ тлъэгъуащи, абы сыхуехъуэпсэкIыжу аращ. Абы щыгъуэ цIыхухэр зэрыпсэ-  уар нэхъыфIами нэхъ Iеями жы-Iэгъуейщ, абы узэреплъ лъэныкъуэщи. Зыми тезгъэчыныхьыркъым. Ауэ зэхуэгъэдэныгъэ щы-Iэт. Нобэ зэрыщытым хуэдэу, къэралым цIыхуу исым ябгъэ-дэлъ мылъкум ебэкIыртэкъым цIыхуипщI къудейм зэрагъэпэща мылъкур. Ауэ, дауэ мыхъуми, шэч къытесхьэркъым гъащIэр зэрефIэкIуэжынум. КъуэкIыпIэмкIэ щыпсэу цIыху Iущхэми зэрыжаIащи, жэщым нэхущыр къыкIэлъокIуэ», — жеIэ щIэныгъэлIым.
  •  
  • ИСТЭПАН Залинэ.