Усэбзэм цIыхур еузэщI, дахагъэм хуешэ
2018-12-04
- «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм гъэм и зэманхэм ятеухуауэ къызэригъэпэщ усэ пшыхь гуапэхэр зэрырагъажьэрэ илъэсипщI зэрырикъур щагъэлъэпIащ модельер-сурэтыщI Сэралъп Мадинэ и Артцентрым.
- Зэхыхьэ гуапэр щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ абы и зэхэублакIуэхэу «Жан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэрэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхубзхэм езыхэм я жэрдэмрэ мылъкукIэ къызэрагъэпэщыжа апхуэдэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэ республикэм зэрыщымылажьэр. Зэхыхьэм щызэхалъхьэжащ илъэсипщIым къриубыдэу зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIахэмрэ къехъулIахэмрэ.
- — Пшыхьыр зэредгъажьэрэ зэхэдубла зэхыхьэхэм зыкърезыгъэхьэлIа цIыхухэм гукъыдэжрэ гухэхъуэгъуэу яIар къэIуэтэжыгъуейщ. А пшыхь гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа радио, теленэтын пщIы бжыгъэхэр къатыжащ. ЗэрытщIэщи, усэбзэм цIыхур еузэщI, дахагъэм хуешэ. Адыгэбзэ къабзэкIэ ди пшыхьхэм щыIу усэхэр куэдым ягу зэрынэсыр, абы къыпэджэжхэм зэрыхэхъуэр гуапэщ, — жиIащ Гумэ Маринэ.
- УсакIуэхэр, журналистхэр, композиторхэр, артистхэр, уэрэджыIакIуэхэр, еджакIуэхэр, сабийхэр, зи ныбжькIи IэщIагъэкIи зэхуэмыдэ, усэ фIыуэ зылъагъу нэгъуэщI цIыху куэд яфIэфIу йоблагъэ мы пшыхьхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри яхэту. Гъэм и зэман нэхъ дахэхэм ящыщ бжьыхьэ дыщафэм теухуауэ ятхахэм едэIуэну пшыхьым къекIуэлIащ усэ фIыуэ зылъагъу куэд.
- Пшыхьыр нэхъри ягъэдэхащ абы къыхаша сабийхэм. Ахэр Нэчо Астемыр, Маргъущ Тамерлан, Гумэ зэшыпхъухэу Алинэ, Камиллэ, Илонэ сымэщ. Апхуэдэу пшынауэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, артисткэ пажэхэу Нэхей Мэржанэрэ (Адыгэ Республикэ) КIэхумахуэ ФатIимэрэ, журналист икIи актёр Iусен Олег сыми я фIыгъэщ зэхыхьэр щIэщыгъуэ зэрыхъуар. Дызэрыгушхуэ адыгэ усакIуэхэу Къуиикъуэ Налбий, Нало Заур, IутIыж Борис, Къуныжь ХьэIишэт, ПщыукI Латмир, Къаныкъуэ Заринэ, Гугъуэт Заремэ сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа бжьыхьэ, лъагъуныгъэ усэхэм пшыхьым ахэр чэзууэ къыщеджащ.
- «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм хэтхэм ехъуэхъуащ усыгъэр адэкIи ягъэIуну, я зэфIэкIхэм зрагъэужьыну, я гурылъхэр къехъулIэну. КърихьэлIахэм Мэжид тыгъэ яхуи-щIащ адыгэ усэ тхылъхэр.
- Гумэ Маринэрэ Къаныкъуэ Заринэрэ фIыщIэ хуащIащ мы Iуэхугъуэр зыгъэдэхахэм, усэ къеджахэм, абы зыкърезыгъэхьэлIахэм, псом хуэмыдэу юбилей пшыхьыр егъэкIуэкIынымкIэ къадэIэпыкъуахэу «Адыгэ унэ» тыкуэнымрэ «Гранд-Кавказ» хьэщIэщымрэ зыгъэлажьэхэм.
- КъыжыIапхъэщ, усэ пшыхьхэр зэрырагъажьэ-рэ, адыгэбзэм, лъэпкъ усыгъэм иIэ щIэупщIэм, усэ зытххэмрэ къеджэхэмрэ я бжыгъэм зэрыхэхъуар. Апхуэдэу щыхъукIэ, зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм я мурад нэхъыщхьэхэр къазэрехъулIам шэч хэлъкъым.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- СурэтхэрКъарей Элинэ трихащ.