ЗыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хохъуэ
2018-12-04
- Федеральнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэратамкIэ, 2018 гъэм и мазибгъум и кIуэцIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхуну къэкIуахэм я бжыгъэр проценти 8,5-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым зэрыщытам елъытауэ. Къэдгъэлъагъуэмэ, зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу, республикэм и курортхэм щыIащ цIыху мин 420-м щIигъу.
- Туристхэр нэхъыбэу дэзыхьэх щIыпIэхэр Шэджэм, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм итщ. Ахэращ нэхъ зыщаужьар турист-рекреацэ комплексыщIэхэмрэ бгы-лыжэ къежэхыпIэхэмрэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым курортхэмрэ туризмэмкIэ и IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр 215-м нэблэгъащ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.