ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и джэлэс
2018-12-04
- РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр илъэс 25-рэ ирокъу
- ЯхузэфIэкIахэм ироплъэж, мурадыщIэхэр яубзыху
- ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр дыгъуасэ къыщызэIуахащ Налшык дэт Къэрал киногъэлъэгъуапIэм. Абы кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, лъэпкъ щIэныгъэлI пашэхэр, нэгъуэщIхэри.
- КъБЩIЦ-м къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэм теухуа доклад гуфIэгъуэ зэхуэсым щищIащ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Иуан Пётр Мацэ и къуэм. Ар зэщхьэщыхауэ къытеувыIащ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу щIэныгъэ IэнатIэм зэфIиха лэжьыгъэм, центрыр зыпыщIа щIэныгъэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Иуаным иубзыхуащ IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэр, ахэр зыIэрагъэхьэн папщIэ, зэфIэхыпхъэ Iуэхугъуэхэр, гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр. Абы и докладым къыпищэу, къыдыщIигъуу зэхуэсым къыщыпсэлъащ РАН-м и КъБЩIЦ-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Нэгъуей Залымхъан.
- Лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я щIыналъэ IэнатIэ нэхъыщхьэр илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек.
- — Зэман кIэщIым къриубыдэу КъБЩIЦ-м хулъэкIащ щIэныгъэ дунейм лъэ быдэкIэ щыувын, и къэхутэныгъэхэмкIэ и цIэр фIыкIэ игъэIун, — къыхигъэщащ КIуэкIуэм. — Ар я фIыгъэщ лъэпкъ зыужьыныгъэр я плъапIэу абы щылажьэ щIэныгъэлI гупхэм.
- ГуфIэгъуэм къыщыпсэлъащ РАН-м и вице-президент Балегэ Юрий, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа щIэныгъэлIхэр. Зэхуэсым и кIэухыу абы щагъэлъэпIащ лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэр. Абыхэм иратащ РАН-м, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум епха Iуэхугъуэхэр екIуэкIынущ мы тхьэмахуэр иухыху. Абы хыхьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ дунейпсо, щIыналъэ щIэныгъэ конференцхэр, щIэныгъэ-практикэ семинархэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я «Шаг в науку-2018» зэхуэсыр, гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ
- Мы махуэхэм илъэс 25-рэ ирокъу ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр къызэрызэIуахрэ. IуэхущIапIэр къы-зэгъэпэщыным гугъуехь куэд пылъами, абы ирахьэлIа къаруушхуэр псыхэкIуадэ зэрымыхъуар нобэ нэрылъагъущ. Ди республикэм и щIэныгъэлIхэм мы зэманым Iэмал псори яIэщ купщIафIэу лэжьэн папщIэ. Центрым къикIуам уриплъэжмэ, къыжыIэн хуейщ ар IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIа, ехъулIэныгъэфIхэр щыкуэд, щIыхь зыпылъ гъуэгуанэу зэрыщытыр.
- 1993 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр. Ар къызэгъэпэщыным и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Пётр. Аращ зи гугъу тщIы щIыналъэ къудамэм иджыпсту и унафэщIыр.
- — ЩIэныгъэ центрыр къызэгъэпэща зэрыхъуам сыщытепсэлъыхькIэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ апхуэдэ IуэхущIапIэ ди щIыналъэм къыщызэIусхыфыныр зыми я фIэщ хъууэ зэрыщымытар. А лэжьыгъэм щIэздзащ 1992 гъэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и комиссэм и унафэщIу сыщыту, — игу къегъэкIыж Иуаным. — А Iуэхум зыгуэр къикIыным шэч къытрахьэрт республикэм и унафэщI дыдэхэми, арщхьэкIэ сэ сызыхуейр зыт: ахэр си жэрдэмым арэзы техъуэу Iуэхур есхьэжьэнырати, ар зэзгъэхъулIащ.
- Субзыхуахэр къызыхуэтыншэу зэфIэха хъун папщIэ, дауи, ин-цIыкIуми лэжьыгъэ куэд зэтеублэн хуейт. РАН-р унэтIыныгъэ куэд, къудамэ мымащIэ къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэ IуэхущIапIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зэгурыIуэныгъэхэр ещIылIэн, епсэлъылIэн хуейт. Пётр зэриIэжымкIэ, къапщтэмэ, нейтриннэ обсерваторэр ядернэ физикэмкIэ къудамэм щыщти, абы и унафэщIхэм уагурыIуэну тынштэкъым. Апхуэдэт ад- рей къудамэхэри унэтIыныгъэхэри. ЖыпIэнурамэ, «мыр Iуэху тыншт» зыхужыпIэн зыри хэтакъым КъБЩIЦ-м и къызэгъэпэщыныгъэм. Дауэ хъуами, щIэныгъэлI гъуэзэджэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманым хузэфIэкIащ РАН-м хуэдэ щIэныгъэ IэнатIэ лъэщым и къудамэм и лэжьыгъэр ди республикэм щызэтриублэн.
- Пётр къызэригъэпэща IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэр къэрал, республикэ программэхэм япкъ иткIэ фундаментальнэ, прикладной щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынырати, а IэнатIэм блэкIа илъэс 25-м къриубыдэу щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд щызэфIагъэкIащ, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэу. Нэхъыщхьэращи, IэщIагъэлI минхэм щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зэфIах хъунущ, щIыналъэм и гъунапкъэхэм имыкIыу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди республи- кэм иIэ хъуащ зэфIэкI лъагэ, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр.
- Иуаныр зи пашэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэм центрым унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. Ар япыщIащ ди щIыпIэм щыIэ институт зыбжанэм. Апхуэдэхэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтыр, Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтыр, Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ институтыр, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къудамэ щхьэхуэхэщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр. Абы дыгъэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр щрагъэкIуэкI. Обсерваторэм и IэщIагъэлIхэр жыджэру хэтщ GERDA дунейпсо къэхутэныгъэм, нэгъуэщI щIэныгъэ къэпщытэныгъэхэм. Дэ дрогушхуэ икIи дропагэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщызэфIахыфым, абы-хэм ехъулIэныгъэфIхэр къазэрыдэкIуэм.
- Ди щIэныгъэ центрым и Президиумым егъэщIылIащ ГеографиемкIэ къудамэр, редакцэ-тхылъ тедзапIэр. РАН-м и КъБЩIЦ-м Социально-политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр йолэжь хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм Хэкум къагъэзэжыным епха Iуэхухэм. XX лIэщIыгъуэм и кIэухым хэпщIы- кIыу зиужьащ абы.
- Апхуэдэу ди республикэм щылажьэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ РАН-м и Медико-биологие институтым медицинэ-экологие къэхутэныгъэхэмкIэ и щIыналъэ институтыр, Астрономие обсерваторэр, нэгъуэщIхэри.
- РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым информатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прикладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэмкIэ, жылагъуэ, тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI.
- Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым щолажьэ щIэныгъэхэм я доктору 50, щIэныгъэхэм я кандидату 80. Абы къепха институтхэм унэтIыныгъэ 12-кIэ уи щIэныгъэм щыпыпщэфынущ аспирантурэми докторантурэми. Абыхэм щIэсхэм я бжыгъэр нобэ 150-м ноблагъэ. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым экономикэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэхам тету къыдокI.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр и лэжьыгъэкIэ, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIэ япы-щIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэ-хэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Мы зэманым зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIауэ дадолажьэ Урысей Ипщэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, Приборхэр щызэпкъралъхьэу Берлин дэт IFG GmbH институтым, Украинэм и НАН-м КибернетикэмкIэ и институтым, РАН-м ГеографиемкIэ и институтым, «Системпром» концерным, «Телемеханика» заводым икIи технопаркым, — жеIэ Иуан Пётр. — Урысей гидрометым и Бгы лъагэ геофизикэ институтыр ди гъусэу КъБР-м и щIыуэпсым и геофизикэ щытыкIэхэр къэхутэным долэжь. Ипщэ федеральнэ университетым и Таганрог технологие институтым етщIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ мэлажьэ щIыналъэ лабораторэ хэхар. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ ди институтым и щIэныгъэлIхэм курс хэхахэр щрагъэкIуэкI Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу КъБЩIЦ-м и щIэныгъэлIхэр жыджэру ядолажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэми курыт школхэми. Абыхэм зэхалъхьэ ахэр зэреджэну учебникхэр, тхылъ зэхуэмыдэхэр, институтхэм хэту щIэныгъэм щыхагъэхъуэну центрхэр къызэрагъэпэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым псом хуэмыдэу гулъытэ хуещI щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я Iуэхур дэгъэкIыным, щIэх-щIэхыурэ зэпеуэхэр къызэрагъэпэщ, абыхэм къыщыхэжаныкIахэр саугъэтхэмкIэ ягъэпажэ.
- Апхуэдэу, Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ инхэр яхузэфIэхыу, я IэнатIэр ирахьэкI ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. ЩIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуэфэщэн къэрал гулъытэ дапщэщи игъуэтыпхъэщ, гъунэ зимыIэ а фIыгъуэр ди Хэкум, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хуэлэжьэфын папщIэ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ Иуан Пётр
- Лъэпкъ щIэныгъэм зегъэузэщIыным къаруушхуэ езыхьэлIахэм ящыщщ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр Налшык къыщызэзыгъэпэщауэ щыта икIи и абы и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэлI пашэ, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Иуан Пётр Мацэ и къуэр.
- 1942 гъэм накъыгъэм и 15-м ар Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, есэпымрэ физикэмрэ дихьэх щIалэр щеджащ КъБКъУ-м математикэмкIэ и факультетым. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэр абдежым къыщыувыIакъым. Ар щIэтIысхьащ Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием КибернетикэмкIэ и институтым. 1972 гъэм абы Киев щигъэхьэзыращ и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ. Абы иужькIэ зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр лъабжьэ зыхуищIа, щIэныгъэлI пажэ куэдым гунэс ящыхъуа и доктор диссертацэр Иуаным утыку къыщрихьар 1986 гъэрщ. А лэжьыгъэ купщIафIэри апхуэдэу щыпхигъэкIащ Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием КибернетикэмкIэ и институтым, техникэ щIэныгъэхэм я доктор цIэр къыфIащу.
- Налшык и мызакъуэу, ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зэрыщыту щIэныгъэм нэхъри зыщиужьынымкIэ шэсыпIэ хъуащ Иуаным 1993 гъэм къалащхьэм къыщызэIуихауэ щыта щIэныгъэ центрыр. Абы лъандэрэ илъэс 25-рэ хъуащи, ди лъэпкъ щIэныгъэр лъагапIэщIэхэм нэсащ, ди щIэныгъэлIхэми унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэфIах къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми я лъабжьэр нэхъ куу, я купщIэр нэхъ лъэщ хъуащ. 1994 гъэм щIэныгъэ центрым къызэIуихащ Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу КъБЩIЦ-м къызэригъэпэщащ Информатикэмрэ щIыналъэ управленэм-кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. ТхыдэмкIэ, филологиемкIэ, экономикэмкIэ институтыр (иджыпсту Гу-манитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр), апхуэдэу Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтыр академическэ Iуэху- щIапIэ хъуахэщ икIи КъБЩIЦ-м и къудамэ щхьэхуэхэу уващ.
- ЩIэныгъэлI щэджащэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ, хэкупсэ нэс Иуаным хузэфIокI дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэхэм я зэхэублакIуэ, жэрдэмщIакIуэ хъун, къалащхьэм, ди республикэм и щIэныгъэлIхэм я лъэкIыныгъэхэр щIыналъэм и зыузэщIыныгъэм къыхузэщIигъэуIуэн. Лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ Пётр бгъэдэлъ зэчиишхуэм. Ахэр хуэгъэпсащ математикэм, кибернетикэм, информатикэм, жылагъуэ-политикэ, техникэ щIэныгъэхэм. Щалъхуа щIыналъэм, щыпсэу къэралым и къэкIуэнум дапщэщи егъэпIейтей хэкупсэ нэсыр, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыр. Аращ ар абы и къэкIуэну дахэм хьэлэлу щIыхуэлажьэр, зэману, къарууэ иIэр, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур мыхьэнэш-хуэ зиIэ а Iуэхум щIыхуиунэтIыр. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ Иуаным пщIэшхуэ щиIэщ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием. Щыхьэту урикъунщ и Iуэху еплъыкIэр абы къызэрыщалъытэр, и псалъэм зэрыщыщIэдэIур.
- УмыгъэщIэгъуэн плъэкIынукъым Иуан Пётр Мацэ и къуэм иригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм япкърылъ купщIэшхуэмрэ абыхэм къызэщIаубыдэ унэтIыныгъэхэмрэ. Жыжьэ нос абы и зэфIэ-кIыр. Математикэм, кибернетикэм елэжьыным, нэгъуэщI щIэныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу, абы и гупсысэхэр хуеунэтI жылагъуэ гъащIэр, цIыху зэхущытыкIэр гъэбелджылыным, ди къэралым, республикэм я блэкIар, нобэр, къэкIуэнур джыным, нэгъуэщIхэми.
- Иуаныр зяужь ихьа дэтхэнэ Iуэхугъуэри къащти, абы къызыхуэтыншэу, нэсу имыгъэзэщIа яхэткъым. Дапщэщи абы егъэнэхъыщхьэ щIэныгъэ лъагэр, абы и зэфIэкIхэр къэгъэсэбэпыныр. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэ-дым я лъащIэщ бгъэдэлъ гупсысэр, зэхэщIыкI лъэщыр. Иуаным и зэфIэкIым кърикIуахэр илъэс щIагъуэ дэмыкIыу хагъэхьэ «РАН-м и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэр» илъэс къэс къыдэкI журналым.
- Математикэ, кибернетикэ щIэныгъэм заужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ Иуаным и диссертацэ лэжьыгъэхэм, къыдигъэкIа адрей тхылъхэм. Апхуэдэу Iуэхугъуэшхуэхэр щокIуэкI абы къызэригъэпэща РАН-м и КъБЩIЦ-м. ЖыпIэнурамэ, Иуаным къызэIуиха щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм хуэдиз къызэзыгъэпэщыфа щIэныгъэлI щымыIэми ярейщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри абы хуегъэлажьэ цIыхум, абы и гъащIэр, и псэукIэр егъэфIэкIуэным.
- ЩIэныгъэм зи гъуэгу бгъуфIэ щыпхызыша, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм, Урысейм я мызакъуэу, щIыналъэ, къэрал куэдым къыщацIыхуа Иуаным щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. ИригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къалъытэри, абы къыфIащащ «УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, СССР-м и Министрхэм я Советым и саугъэтыр, РАН-м, КъБР-м я ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Апхуэдэу ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо академием (Мюнхен), ЩIэныгъэхэмкIэ Нью-Йорк академием, Естественнэ ЩIэны-
- гъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, нэгъуэщI щIэныгъэ зэгухьэныгъэ зыбжанэми я академикщ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтщ, ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. Иуан Пётр и цIэр иратхащ США-м къыщыдэкIа «Дуней псом и цIыху щэджащэ 5000» тхылъым.
- КЪАРДЭН Маритэ.
- Лъэпкъым и фIыгъуэхэр зыдж IэнатIэ
- ЩIэныгъэ куумрэ цIыху зэчиймрэ дэтхэнэ къэралри къарууфIэ зыщI, абы пщIэ-рэ щIыхьрэ къыхуэзыхьхэщ. КъБЩIЦ-м хыхьэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ щIэныгъэ центрхэмрэ я нэхъыжь дыдэр Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтырщ. Ар 1926 гъэм къызэIуахащ. Лъэпкъым и фIыгъуэхэр зыдж IэнатIэм мы зэманым и унафэщIщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт.
- Институтым лэжьэн зэрыщIидзэ-рэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятещIыхьауэ тхылъ 900-м щIигъу къыдигъэкIащ, абыхэм ящыщу 500-м щIи- гъур монографие лэжьыгъэщ. КъищынэмыщIауэ, 1940 гъэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ абы къыдигъэкIыу щытащ «Учёные записки», «Вестник КБНИИ», «Исторический вестник», «Филологический вестник» журналхэр, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэм теухуа тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр. А къэхутэныгъэхэм къарикIуа Iуэхугъуэшхуэхэм ящыщщ адыгэ лъэпкъ тхыдэр зэрызэхэт Iыхьэхэр, лъэпкъ гупсысэм и зыужьыныгъэм жылагъуэм и дежкIэ иIэ мыхьэнэр убзыхуа зэрыхъуар, нэгъуэщIхэри. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхылъхэу ди лъэпкъ тхыдэм, адыгэхэмрэ гъунэгъу лъэпкъхэмрэ (тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус къэзакъхэм, апхуэдэу балъкъэрхэм, абазэхэм, абхъазхэм, Урысей къэралым) яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэм ехьэлIахэр я лъабжьэу дунейм къытехьащ тхылъ хьэлэмэтхэр, купщIафIэхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ XVIII лIэщIыгъуэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр» къэхутэныгъэ иным и зи чэзу тхылъыр. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ а лъэхъэнэ жыжьэм а лъэпкъхэм ду-ней псом щаубыду щыта увыпIэр зы-хуэдэр, езыхэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэри къыщыгъэнэIуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэр щызэфIэувэным зэфIэкIышхуэ ирахьэлIащ зэман зэхуэмыдэхэм институтым щылэжьа тхыдэджхэу Къумыкъу Тыгъуэн, Хутуев Хьэнэфи, Iулыдж Iустырхъан, ХьэкIуащэ Евгений, МафIэдз Сэрэбий, Думэн Хьэсэн, Къэжэр Валерэ сымэ, археологхэу Чеченов Исмэхьил, Мизиев Исмэхьил, Бетрожь Руслан, бзэ щIэныгъэлIхэу Елбэд Хьэсэн, Мамрэш Ким, Ахматов Ибрэхьим, ПщыукI Хьэсэнбий, IуэрыIуатэджрэ литературэджхэу ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Цагъуэ Нурий, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Талпэ Михаил, Шортэн Аскэрбий, Толгуров Зейтун, нэгъуэщIхэми. Ноби институтым щолажьэ зэфIэкI ин къэзыгъэлъагъуэ щIэныгъэлIхэр. Абыхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр я мыхьэнэкIи ящIэлъ гупсысэкIи шэч къытумыхьэу яхуэбгъадэ хъунущ академическэ институт нэхъыщхьэхэм я IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэхэм.
- 1996 гъэм къыщыщIэдзауэ институтым епхауэ аспирантурэрэ докторантурэрэ мэлажьэ. 2015 гъэм институтыр игъэхьэзыр лэжьакIуэхэмкIэ къэрал аккредитацэм пхыкIащ. Егъэджэныгъэ Iуэхур къызэгъэпэщын мурадкIэ, институтым къыщызэIуахащ этнологиемрэ тхыдэмкIэ, бзэщIэныгъэмрэ литературоведенэмкIэ кафедрэхэр. Абыхэм щрагъаджэ аспирантрэ докторанту пщIы бжыгъэхэр. Иужьрей илъэс 25-м нэсым къриубыдэу институтым игъэхьэзыращ щIэныгъэлI ныбжьыщIэ 200-м нэблагъэ.
- — Япэ махуэм щегъэжьауэ институтым къалэнитI зыхуигъэувыжауэ абы тету къогъуэгурыкIуэ — щIыналъэм щыпсэухэм я бзэр, хабзэр, IуэрыIуатэр къэхутэнымрэ цIыхухэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм дегъэхьэхынымрэ. Нобэ шэч къытедмыхьэу жытIэфынущ институтри абы и лэжьакIуэхэри а IуэхугъуитIми пэлъэщауэ.Тхыдэ, филологие щIэныгъэ IуэхухэмкIэ ехъулIэныгъэ зэриIэм, IэщIагъэлI пажэхэр зэригъэхьэзырым папщIэ 1976 гъэм институтым къыхуагъэфэщауэ щытащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, — жеIэ Дзэмыхь Къасболэт. — Ди институтыр проект хэхахэмкIэ ядолажьэ Абхъа-зым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием, Абхъаз университетым, нэгъуэщIхэми. Дызэлэжь щIэныгъэ унэтIыныгъэхэр зэрытхъумэжыным, абыхэм зэрыхэдмыгъэщIыным долIалIэ дапщэщи. А псоми дащIыхуэпабгъэр мы Iуэхугъуэхэращ: дэ лъабжьэ тхуэхъуа щIэныгъэм адэкIи зедгъэужьыну, ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ-хэр, анэдэлъхубзэхэр, хабзэхэр, IуэрыIуатэр адэкIи нэхъ куууэ къэхутэным пытщэну, цIыхубэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм адэкIи етшэлIэну Iэмалхэр диIэн папщIэщ.
- ТАМБИЙ Линэ.
- УкIэлъыплъ зэрыхъуну мардэхэр
- Иуан Пётр и жэрдэмкIэ 1996 гъэм къызэIуахащ Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. Ар зэлэжьа унэтIыныгъэхэм къарикIуа къэхутэныгъэхэм ящыщ зыбжанэ мызэ-мытIэу хагъэхьащ РАН-м и Президиумым ищI хабзэ «РАН-м зыIэригъэхьа щIэныгъэ ехъулIэныгъэхэр» отчётым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу республикэм и зыужьыныгъэм дызэрыхуэкIуэну гъуэгур ди деж щаубзыхужу хъуащ.
- Институтым зэхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ Къэбэр- дей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа программэ. Ар адрей щIыпIэхэм ейм къыщхьэщокI мы программэм математикэ жыпхъэр и лъабжьэу зэрызэхалъхьамкIэ. Иуаным зэрыжиIэмкIэ, мы лэжьыгъэм текIуэдакъым къэрал мылъкум щыщу зы соми. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэр ди щIэныгъэлIхэм ялъокI, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр кърамышалIэу, къэрал мылъкуи абы трамыгъэкIуадэу. КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Жылагъуэ советыр арэзы техъуащ а стратегием икIи абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпщэным яужь ихьапхъэу къилъытащ. А дэфтэрым щыдубзыхуащ лъэпкъ экономикэм зиужьынымкIэ гулъы-тэ хэха зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр. Апхуэдэу а стратегием къыщыдгъэлъэгъуащ лэжьыгъэр зэрекIуэкIым укIэлъыплъ зэрыхъуну мардэхэри. Ахэр и тегъэщIапIэу КъБР-м и Правительствэр автоматизированнэу кIэлъыплъыфынущ зыужьыныгъэр зэрекIуэкIым, абы хэлъ (е къыхыхьэ) лъэпощхьэпохэр зэрагъэзэхуэжыфынущ. Стратегиер хуабжьу сэбэп мэхъу республикэм зиузэщIынымкIэ.
- КЪЭХЪУН Дисанэ.
- Уасэ зимыIэ къэхутэныгъэхэр
- Къэбэрдей-Балъкъэрым бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым, Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм, щызэфIах къэхутэныгъэ купщIафIэхэр хуэунэтIащ ди республикэм и щIыуэпсыр нэсу джы-ным. Институтым и IэщIагъэлIхэм я фIыгъэкIэ къэху- та икIи джа хъуащ УФ-ми КъБР-ми я Тхылъ Плъыжь-хэм иратха къуалэбзу зыбжанэм я псэукIэр. Апхуэдэ-хэщ, псалъэм папщIэ, къуршыбгъэ, къашыргъэ лIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэрш къэпщытэныгъэхэр, радар топографие сурэтхэр къагъэсэбэпурэ, Кавказым щыяпэу зэфIагъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм я теплъэр, щыпсэу псэущхьэхэр, къуалэбзухэр, къыщыкI жыгхэр, удз лIэужьыгъуэхэр, щIыхэм я зэхэлъыкIэр нэсу къыщыгъэлъэгъуауэ.
- КъБР-м и Парламентым Экологиемрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и унафэкIэ, КъБР-м и Правительствэм хуэгъэза чэнджэщхэр щаубзыхуащ а институтым. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ мэзхэм я щытыкIэм зэрыкIэлъыплъын хуей щIыкIэхэр, щэкIуэгъуэ лъэхъэнэмрэ узэщакIуэ хъуну псэущхьэхэмрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Институтым и лэжьакIуэхэм гулъытэншэ ящIыркъым щIыуэпсым епхауэ ди щIыналъэм щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэри. Апхуэдэу илъэсиплI ипэкIэ, 2014 гъэм, Сочэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэм щхьэкIэ яухуахэм ди щIыуэпсым ирагъэгъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм щIэныгъэлIхэр зэреплъыр къыщагъэлъэгъуауэ щытащ «Олимпухуэныгъэ» къэрал корпорацэм хуэгъэза дэфтэрхэм. Ахэр къалъытащ, Iуэхур щызэфIахым.
- Лъэпкъ щIэныгъэлIхэр зэлэжь дэтхэнэ зы унэтIыныгъэми, ирагъэкIуэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэми уасэ иIэкъым лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэр — щIыналъэ щIыуэпсыр — хъумэнымкIэ.
- ЖЫЛАСЭ Алихъан.
- Нанотехнологиер шэщIауэ къагъэсэбэп
- Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым инновацэ проект нэхъыфI-хэр гъащIэм хэпщэ хъунымкIэ лэжьыгъэш-хуэ зэфIегъэкI. Апхуэдэу абырэ «Телемеханика» автономнэ технопаркымрэ я жэрдэмкIэ япэ Кавказ Ищхъэрэ инновационнэ форум Налшык щрагъэкIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм, Москва щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, проект 50-м нэс утыку кърахьащ.
- А институтым 2011 гъэ лъандэрэ къепхауэ мэлажьэ хозяйственнэ IэнатIэхэу «N`Art Robotix» корпорацэмрэ «Компьютер лингвистикэ» зэгухьэныгъэмрэ. Абыхэм я гуащIэм къихьащ инновацэ проект зыбжанэ, иджыпсту а IэнатIэхэм щолэжь робот-комбайнхэр, робот-сапёрхэр щIыным. КъБР-м и Правительствэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм, инновацэхэр дэIыгъыным ехьэлIа щIыналъэ программэм япкъ иткIэ, КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я электрон псалъалъэхэр зэхагъэувэ. А унэтIыныгъэмкIэ зэлэжьа дэфтэр зыбжанэ гъащIэм къыщыбгъэсэбэпын хуэдэу хьэзыр ящIащ. Институтым и лэжьакIуэхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ Приборхэр щызэпкъралъхьэу Берлин дэт IFG GmbH институтым, микро-наноструктурэ зиIэ абджхэмрэ рентген оптикэмрэ я технологиехэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр ирагъэкIуэкIащ.
- БЖЭIУМЫХ Къансинэху.