Хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдей хэкум къыщемыхъулIа и зекIуэмрэ езыр зэрытрагъэкIамрэ
2018-12-04
- Смирнов Владимир (1846 — 1922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр 1870 гъэм «хьэрыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ щIэныгъэлIщ. Нобэ зи пычыгъуэ къэтхь и доктор диссертацэр 1887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъаныгъуэр зэрызэфIэува щIыкIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэзэрылIым топсэлъыхь. УрысыбзэкIэ еджэну гукъыдэж зиIэхэм тхыгъэр псалъащхьэм и оригиналымкIэ («Неудачный поход Каплан-Гирей хана I в Черкесию и свержение его») къагъуэтыфынущ. Смирновым и лэжьыгъэр, езым зэрыжиIэмкIэ, кърым хъаныгъуэм теухуауэ япэу урысыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыдэ лэжьыгъэт. Европей тхыдэджхэм я тхылъхэм нэмыщI, щIэныгъэлIым кърым-тэтэрхэм я пасэрей Iэрытххэри иджащ. Гулъытэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэм ящыщу Смирновым къреIуэ 1832 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыта Мухьэмэд Риза Сэид и тхылъ цIэрыIуэу «Ас-себ-ус-сеяр фи ахбари мулюки татар» («Тэтэр тепщэхэм ятеухуа хъыбархэм щыщ планетибл») тхылъыр. Къэнжал зауэм и хъыбар къыхощ Хьэлим Джэрий жыхуаIэ тхакIуэм и «Гюльбуни-ханан» («Хъанхэм я гуащэнапщIэ гъэгъа») тхылъми. Зи цIэр нэхъ ди нэIуасэхэм ящыщщ сулътIанхэм ябгъэдэтыпэу къулыкъу зыхьа Фундуклулу тхакIуэри: Iэрытх къэс напэкIуэцI 300-м нэсу абы къызэринэкIа тхылъиплIым я зым щытопсэлъыхь Къэнжал зауэм.
- Къаплъэн-Джэрий тепщэгъуэр къыIэрыхьа нэужь, занщIэу ихъуэжащ къыкъуэт унафэщIхэр. Псалъэм папщIэ: хъаным и къуэш нэхъыщIэ Менглы-Джэрий калга къулыкъур иритащ; Мэкъсуд-Джэрий нуреддин ищIащ; атабек Мердан-Алий — уэчыл — хъаныгъуэм и япэ уэзир — хъуащ. Кърым уэлийхэм ящыщу Ибрэхьим-ефэнды-заде Мухьэммэд-ефэнды къады нэхъыщхьэу игъэуващ, Муртазэ-щихъыр муфтий хъуащ.
- А зэман дыдэм ирихьэлIэу, хъаныщIэм тахътэм къытекIа хъан Къазы-Джэрий уэзирым Балаклавэ иригъэшэн щхьэкIэ, кхъухьым иригъэтIысхьэри иутIыпщат, ауэ жьышхуэм Бургос щитIысыкIыну Iэмал къыщримытым, ар Румелием ягъэкIуэну лъэIуащ. Абы щыIэу, Ямболу пэгъунэгъуу Къарын-абад щIыпIэм емынэ уз къыщыхэхьэри, дунейм ехыжащ.
- ХъаныщIэ Къаплъэн-Джэрий Езанэм (1707 — 1709 гъэхэм тетащ) ипэ щIыкIэ Тырку къэралыгъуэм дзыхь къыхуищI хуэдэурэ щIидзат и тепщэгъуэр. СулътIаным Еникъалэ дэт быдапIэхэр зыхуей хуэза-хуэмызам зыщигъэгъуэзэну унафэ къыхуищIати, муслъымэн махуэгъэпсымкIэ 1119 гъэм (1708-м и шыщхьэуIум) хъаныр абы еплъыну ежьат. Гъуэгу здытетым ар Джан-Тимур ирихьэлIэри, лъэныкъуитIыр зэщыIеящ икIи я кум гужьгъэжь къыдэхъуауэ зэбгъэдэкIыжахэщ. Хуэм-хуэмурэ хъаныщIэр адрей мурзэхэми ящыхьэурэ Iуэхур лъыгъажэм хуэкIуэным тIэкIущ иIэжар. Езы хъаным къызэрыфIэщIымкIэ, мурзэхэр ап-хуэдэу къыщIыхуэбзаджэр зыгуэрым къызэрызэщIигъэстым къыхэкIырт. Ар и гурыщхъуэу, Къаплъэн-Джэрий и нэIэ тримыгъэкIыу кIэлъыплъырт щIыналъэм ирагъэкIа хъан Долэт-Джэрий. Ар Родос хытIыгум щыIэти, Румелием ягъэIэпхъуэну сулътIаным елъэIуат, модрейри арэзы хъуат. Къаплъэн-Джэрий ар зэрызэхихыу сулътIаным хъыбар хуригъэхьащ Кърымым къы-
- щыхъу Iэуэлъауэ псори Долэт-Джэрий зэбгригъэх тхыгъэхэмрэ псалъэхэмрэ къагъэхъей хуэдэу, абы къыхэкIыу ар Румелием бгъакIуэмэ, мамыр гъащIэм гугъэр хэхыжын хуейуэ. Къаплъэн-Джэрий и еплъыкIэр пхыкIащ.
- Ауэ сыт Къаплъэн-Джэрий зытекIуэдэжар жыпIэмэ, ар адыгэхэм я деж къыщемыхъулIа и зекIуэращ. Шэхьбаз-Джэрий зэраукIам щхьэкIэ илъ ищIэж хуэдэу фэ зытригъэуа щхьэкIэ, абы, ипэжыпIэкIэ, хэхъуэ щыщымыIэ зэманым нэхъ жыжьэ IуIэпхъукIа къэбэрдейхэм къапыкIыну мылъкум зыхимыгъэкIыжын щхьэкIэт а зе-кIуэр щIиублар.
- ЯпэщIыкIэ, иджыри 1707 гъэм и гъатхэм, абы и япэ къуэдзэ Менглы-Джэрий адыгэхэм я деж еутIыпщ ипэм щыпсэуа щIыпIэм Iэпхъуэжыну къытригъэхьэн мурадкIэ. Хъан лIыкIуэр щIы-махуэ хъуху къотри, щIэкIуам мыхьэнэ имыIауэ къегъэзэж. Апхуэдэу щыхъум, езы Къаплъэн-Джэрий къыкIэлъыкIуэ гъатхэм ежьэну треухуэ.
- Ар зи мурад хъаным емыжьэну чэнджэщ къезыт и блыгущIэтхэр зэхуешэс: тэтэрхэр мафIэрыуэ Iэщэхэм зэрыхуэмыIэзэр, я гъуэмылэр зэрымащIэр, армырами тхьэмыщкIагъэм гугъу иригъэхь цIыхубэм зекIуэ зэрежьэну мылъкур къазэрытехьэлъэнур къыжезыIэ кърым мурзэхэр. Псом хуэмыдэу, хъаным къыхилъхьа зауэ жэрдэмым пэувахэт Ширин лъэпкъым и лIыкIуэ Сары-Къадыр-Шахъбэчрэ Эльхадж-Джан-Тимур мурзэмрэ. Ауэ хъаныр абыхэм жаIэм едэIуакъым, уеблэмэ Эльхадж-Джан-Тимуррэ абы и ныбжьэгъухэмрэ иукIыну зигъэхьэзырауэ ягъэхъыбарырт. Ширин эмирхэм зыкъаIэтыным зымащIэт къэнэжар, лъэныкъуитIыр зи гугъу тщIа Къадыр-Шахъбэчрэ Гулэдж-Абдул-Ефэндырэ зэрамыгъэкIужатэмэ. ИтIани, Къаплъэн-Джэрий унагъуэ къэс зы нэрыбгэ къабгъэдэкIын хуейуэ игъэувщ, къалэдэсхэм «капы-кулу» зыфIаща ахъшапщIэ хригъалъхьэри (абыхэм «анищым я бын» зыфIаща нэгъуей лъэпкъхэри хригъэубыдат) дзэ абрагъуэ зэригъэпэщащ.
- Уэсмэн тепщэгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, къызэрыIэтынрэ Iэуэлъэуэнрэ фIэкIа Iуэху зимыIэ кърымхэр Iуэхуншэ имы-щIын щхьэкIэ, зекIуэм арэзы техъуам къыщымынэу, Къафэ къалэм и дзэзешэ Муртазэ-пэщэм къыкъуэтхэр и гъусэу хъаным и ежьэным хыхьэну унафэ хуищIащ.
- Мурад нэхъыщхьэ хуэдэу а зекIуэм иIар къэбэрдей адыгэхэр здэIэпхъуа щIыпIэщIэм («Тхыдэ кIэщIым» зэритхымкIэ, ар Неджан щIыпIэрат1) кърахужу япэм щыпсэ-уа Бещто бгы лъапэм деж ягъэтIысыжынырт. Ауэ Iуэ-хум и кIэр хьэдагъэ хъуащ.
- ЯпэщIыкIэ, къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуо- къуэ хъаным деж лIыкIуэ игъэкIуащ, пщылI нэхъыбэ яIихыу я пIэ иригъэсыну лъаIуэу. Iуэхур мамыру зэфIэзыгъэкIын а жэрдэмыр хъаным щимыдэм, адыгэ тхьэмыщкIэхэр бзаджагъэм хуекIуэщ, хъаныдзэм зыщиубгъуа хэщIапIэм жэщу къытеуэри, щIэмыпхъуэжыфахэр фIагъэжащ.
- Ар къызэрыхъуа дыдэр тырку тхыдэдж Рэшид-ефэндым итхыжащ, ауэ къэхъуар къызэрыбгурыIуэн хуей щIыкIэр нэхъ IупщIу къэзыIуэтэжар Фундуклулущ. Иужьрейм Къаплъэн-Джэрий трагъэкIыу Долэт-Джэрий етIуанэу зэрытрагъэувэжа щIыкIэр мыпхуэдэу къегъэлъэгъуэж:
- «Кърым хъанхэр яхъуэжыху, адыгэпщхэм пщылI 300 хъаныщIэм тыгъэ хуащI я хабзэт. Къаплъэн-Джэрий а бжыгъэмкIэ арэзы мыхъуу, езым къыхилъхьам тригъэчыныхьырт: «ПщылI 3000 нэхърэ нэхъ мащIэ къеIысхынукъым».
- Ар зэхэзыхыжа адыгэпщхэр зэчэнджэщыжри, пса-лъэ кърагъэхьащ: «Апхуэдиз пщылI бжыгъэ етт ди хабзэу щытами, ипэ зэманым хъанхэр илъэс пщыкIутхум — илъэс тIощIым зэ яхъуэжу арат. Иджы илъэс къэс хъаныщIэ трагъэувэу къаублащ. Дэнэ дэ абыхэм еттын апхуэдиз сабий къыздитхынур? Псом хуэмыдэу иджы! Адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр муслъы-мэн диным и жьауэ махуэм щIэувакIэщ. Зы къуажи, зы хьэбли къэмынэу мэжджытышхуэхэмрэ хьэблэ мэжджытхэмрэ дэтщ, дин еджапIэхэр щолажьэ, нэмэз уахътитхур нэгъэсауэ щащI, ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ. Шэрихьэтым къабыл ищIрэ муслъымэн диным тет лъэпкъыр джаур ныкъуэкъуэххэм яхуэбгъадэу, гъэру бубыду уи пащхьэ къребгъэшэну? Алыхьталэр апхуэдэ залымыгъэм арэзы техъуэну? Тхьэм щхьэкIэ, къытхуэвгъэгъу, ауэ аращ ди Iуэхур зыIутыр».
- Апхуэдэу ткIийт жэуап ирагъэхьыжар. Арати, Къаплъэн-Джэрий тэтэрыдзэр зэхуишэсри, Керчь къызэпрыкIащ. Темэн нэс къакIуэу адэкIэ Къэбэрдейм щиунэтIым, адыгэпщхэм Iуэхум хьилагъэ халъхьэри, хъыбарегъащIэ къагъэкIуащ: «ЖыхуэфIа пщылI бжыгъэр фэттынщ, ауэ зэкIэ тэтэрхэр къэвмыгъакIуэу, махуищ къудей пIалъэу къытхуэвгъэув».
- Хъан пагэр арэзы хъущ, псыхъуэ гуэрым щепсыхри, гъуни нэзи зимыIэ ефэ-ешхэмрэ тегъэупIэхэмрэ зритащ. Адыгэхэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ жэщым къатеуэщ, сэшхуэ къихакIэ къахэлъадэри, тэтэрхэр игъащIэм зэрызэтрамыукIа укIыкIэкIэ зэтраукIэри загъэбзэхыжащ.
- Кърымым пщIэрэ щхьэрэ нэхъ зиIэу иIа лIыщхьэхэр хэкIуэдащ а зауэм. Хъан пагэм Кърымым зыкъыщигъэлъэгъуэн укIытэри, и блыгущIэтхэм ящыщ зыбжанэ и гъусэу, и псэр нэгъуейхэм я деж ихьащ. Кърымхэми къэхъуар Тыркум лъагъэIэсыжри хъаныщIэ къыхуагъэкIуэну лъэIуахэщ.
- Зэхуэсым унафэ къыщащтащ хъаныгъуэр нэхъ зылъысыр Хиос хытIыгум гъэру щаIыгъ япэрей хъан Долэт-Джэрийуэ. СулътIаным и унафэр зыIэщIэлъ шу пашэ Ференг Уэсмэн-пэщэ ар къишэжыну ягъэкIуащ. Рэмэзан мазэм и 17-м Долэт-Джэрий Истамбыл къызэрыса хъыбарыр щызэбгрыкIа нэужь, уэзир нэхъыщхьэ Мухьсин-заде Абдул и дзэпщхэр абы Чекмедже щIыпIэм щыпежьэри, и макъамэгъэIухэр дэщIыгъуу, Iэтауэ адэкIэ яшащ.
- Хъан Долэт-Джэрий ишхынрэ щыпсэунрэ хуагъэхьэзырри Каба-Сакал мэжджытым пэгъунэгъуу ягъэтIысат. А мазэ дыдэм и 23-м, махуэр махуэкуу, уэзир нэхъыщхьэм ар сулътIаным и пащхьэм иришащ. ПщIэ къызэрыхуищIым и нэщэнэу, сулътIанри лъэбакъуэ зыбжанэкIэ къыпежьэри, езым и пащхьэм щаубгъуа алэрыбгъум тетIысхьэну хуит къищIащ.
- Псэлъэгъуэ щихуэм, Долэт-Джэрий хъаныгъуэр зыщхьэщихыну хуежьат. «Сэ уэ сыуипщылIу аращ, къуаншагъэшхуэ збгъэдэлъу къулыкъум сытрагъэкIауэ. Хъаныгъуэ зыхуэфащэ куэд щыIэщ. Абыхэм яз къащтэ. Дэтхэнэ зыми сэ нэхърэ нэхъыфIу хуэгъэзэщIэнущ уи унафэр», — жиIэрт абы. СулътIаным ар идакъым: «Сэ сыщIэупщIащ уэ узэрагъэкъуаншэм икIи зэхэзгъэкIащ къуаншагъэ зи цIэ зэрыббгъэдэмылъыр. Уэращ хъаныгъуэр зыхуэфащэри, уи Iуэхутхьэбзэм сыщогугъ». ИтIанэ, зэрыхабзэу, Долэт-Джэрий абэ гъэщIэрэщIа щрырагъэтIагъэщ, Iэпс-лъэпс псомкIи зэгъэпэща шы къарэ тыгъэ къыхуащIри, пщIэ пылъу и унэщIэм яшащ».
- Рэшид-ефэнды а хъыбархэм мыри къыдыщIегъуж. Булавин и унафэм щIэту зыкъэзыIэта къэзакъхэр зэрагъэбэяужар щапхъэу къихь пэтрэ, абы жеIэ ямыукIыу къэна цIыху 8000-р Псыжь щIыб щыпсэу нэгъуейхэм я деж зэрыщIэпхъуэжар. Ахэр Темрыкъуэ къалэм сыхьэтих гъуэгукIэ пэIэщIэу, Хъан-Тепе зи фIэщыгъэ щIыпIэм деж щигъэтIысауэ щытащ Къаплъэн-Джэрий.
- Рэшид-ефэнды а хъыбарым зригъэубгъуркъым. Ауэ Риза Сулеймэн-ефэнды а Iуэхугъуэр Къаплъэн-Джэ-рий щIытрагъэкIа щхьэусыгъуэхэм язу къехь, хъаныр мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм зэребэкъуам и щыхьэту. Ауэ хъаным деж хэщIапIэ къыщызыгъуэта «Игнат-къэзакъ къуейщIейхэм» я бжыгъэр Рэшид-ефэнды 8000 хъууэ жиIэ щхьэкIэ, мыд-рейм ахэр зы мин е минитI къудей фIэкIа мыхъуу щытауэ жеIэ.
- Фундуклулу Къаплъэн-Джэрий зэрытрагъэкIар къыщиIуэтэжкIэ, Тыркур и гъунэгъу къэралхэм, псом хуэмыдэу Урысейм, зэрахущытар IупщI мэхъу. Къыщхьэ-
- щыжын зимыIэ, Урысейм и Iэгъуэблагъэм ит лъэпкъхэм я деж къылъыс хэхъуапIэр щимыгъуэтыжым, кърым хъаным мылъку хэхыпIэу езым и жьауэм щIэт адыгэ-хэр къигъэсэбэпыну мурад ищIауэ арат. А Iуэхуми щыхилъафэм, абы къэзакъ зыкъэзыIэтахэр зришэлIащ, адыгэхэм ятеуэн хуей хъумэ ящыгугъын хуэдэу, къыщыщIа напэтехыр и гум техуэнутэкъыми.
- Тахътэм къытрагъэкIа Къаплъэн-Джэрийрэ абы и япэ къуэдзэу щыта Менглы-Джэрийрэ Кърымым кърагъэкIа хъумакIуэ тетым ишэжащ. Гъуэгу тету ахэр Измаил деж щыхуэзат хъан Долэт-Джэрий, ауэ лъэныкъуитIым, я зэхуакум гужьгъэжь дэлъ щхьэкIэ къамыгъанэу, хабзэм тету сэлам зэрахри, зэблэкIахэщ. Къаплъэн-Джэрий Фундуклу щIыпIэм ягъэIэпхъуащ, Менлы-Джэрий Къады къуажэм дагъэтIысхьащ. Абы иужькIэ ахэр хъан трагъэкIахэр зраубыдэ хабзэ Родос хытIыгум ирагъэшэжа къыщIэкIынщ.
- «Кърым хъаныгъуэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэм Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэм зэрыщIэтар» тхылъым щыщщ (1887 гъэ).
- ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.