ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2018-12-04

  • Тхэквондо
  • «Урысей танк цIыкIу»
  • Испанием и Валенсие къалэм мы махуэхэм ще­кIуэ­кIащ ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я европэ­псо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 47-м я спортсмен нэхъыфIхэр. Урысейм и командэ къыхэхам хэту зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхуиплIым.

  • Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Урысейм и командэ къы­хэхам япэ дыщэ медалитIыр къыхуахьащ Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. Зы лъэбакъуэкIэ медалхэм нэмысауэ къэувыIэжащ Нэчо Астемыр.
  • ЗэIущIэм хухаха зэманыр и кIэм нэмысу, тепщэныгъэ наIуэ зэриIэм къыхэкIыу, япэ зэпэщIэтыныгъэм Идар текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ. КъыкIэлъыкIуэри ап­хуэ­дэу иухащ. Ещанэм — Тыркум и лIыкIуэр Багъым хи­гъэ­щIащ. Финал ныкъуэ зэIущIэм ди лъэпкъэгъум къыщыпэщIэхуа, Италием къикIа тхэквондистым нэхъ гугъу дехьащ, арщхьэкIэ абыи текIуащ. КIэух зэпэщIэтыныгъэм Багъ Идар зы Iэмали иритакъым украин спортсменым.
  • «Урысей танк цIыкIу» зыфIаща Бекъул Миланэ иригъэкIуэкIа зэIущIиплIми хухаха зэманыр и кIэм нэмысу текIуэныгъэхэр щызыIэригъэхьащ. Дыщэ медалым хуэ­зышэ лъагъуэм щрикIуэм абы къызэринэкIащ Тыркум, Ирландием, Израилым, Инджылызым я лIыкIуэхэр.
  • Европэпсо зэпеуэм щытекIуахэр ягъэхьэзыращ Ахъмэт Амир, Тикаев Индрис, Кугъуэндокъуэ Елдар сымэ. 
  • Жыласэ  Замир.
  • Ашихара-каратэ
  • Медаль  «уэшх»
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и унэм пресс-конференц щекIуэкIащ. ­Абы кърагъэблэгъащ Къэзахъстаным щызэхэта ашихара-каратэмкIэ дунейпсо чемпионатым щытекIуа ди спортсменхэр.
  • Урысейм и гуп нэхъыщхьэм хэту Актау къалэм щызэуа КъБР-м­ и командэ къыхэхам зэфIэкI хъарзынэ ­къигъэлъэгъуащ — медаль зэмылIэужьыгъуэу 9 зыIэригъэхьащ.
  • КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур спортсменхэм ехъуэ­хъуащ, хуэфэщэну дунейпсо ­утыкум зыкъызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ. АдэкIи я медаль бжыгъэхэм хагъэхъуэну зэригуапэр къыхигъэщащ абы.
  • Спортсменхэм журналистхэм хуаIуэтащ зэхьэзэхуэм зэрызыхуагъэхьэзырар икIи гукъинэж нэхъ ящы­хъуа IуэхугъуэхэмкIэ ядэгуэшащ. КъыкIэлъыкIуэу зыхэтыну зэпеуэхэм кIэщIу щыгъуазэ ящIри, къызэхуэсахэр ирагъэплъащ дунейпсо чемпионатым ди щIалэхэр зэрыщызэуам теухуа видеороликым.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, махуэ къэс каратэм и лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм- кIэ зэIущIэхэр екIуэкIащ. «Ката» лIэу­жьыгъуэмкIэ щIалэщIэхэм я деж етIуа­нэ увыпIэр къыщихьащ ТхьэлI Анзор (кг 70-м нэблагъэ). «Фулл-контакт»-м дыжьын медалхэр щызыIэрагъэхьащ Щоджэн Аслъэнрэ (кг 60-м нэблагъэ) Щоджэн Русланрэ (кг 80-м нэблагъэ).
  • «Кумитэ» лIэужьыгъуэм щIалэ­щIэхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ Бердиев Олег (кг 85-м щIигъу), ТхьэлI Анзор (кг 70) етIуанэ  ­хъуащ. Балигъхэм я зэпэщIэтыныгъэм Що­джэн Рус­ланрэ (кг 80-м нэблагъэ) Мэ­къуа­уэ Аланрэ (кг 90-м щIигъу) дыщэ медалхэр къыщахьащ. Абдул Мунир Ахьмэд (кг 70-м нэблагъэ) етIуанэщ. Жэз медалыр зыIэригъэхьащ Щоджэн Аслъэн (кг 60-м нэблагъэ).
  • Спортсменхэр ягъасэ Сэбаншы Муратрэ Щамырзей Щыхьмырзэрэ.
  • «Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыфI» саугъэтыр къыхуагъэфэщащ ди тренер, ашихара-каратэмкIэ дунейпсо категорие зиIэ судья Щамырзей Щыхьмырзэ.
  • МЭЗКУУ  Къанщобий.
  • БэнэкIэ  хуит
  • Адыгэ щIалэхэм  я  хэлъхьэныгъэ
  • Раменскэ къалэм дэт «Борисоглебский» спорт уардэунэм бэнэкIэ хуитым­кIэ саугъэт нэхъыщ­хьэм щыщIэбэнащ командибл — Кърымым, Мэзкуу къалэмрэ областымрэ, Курыт федеральнэ щIыналъэм, Красноярск крайм, Шэшэн Республикэм, Урысей студент зэгухьэныгъэм я гуп къыхэхахэр.
  • МахуитIкIэ екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм япэ гуп увыпIэр щиубыдащ ­Красноярск крайм и командэ къыхэхам. Мэзкуудэсхэр етIуанэ хъуащ. Къэралым и къа­лащхьэм и гуп нэхъыщхьэм хэту дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ ди лъэпкъэгъухэу Бещто Мухьэмэд, ДыщэкI Владислав, Шыбзыхъуэ Марик, Ныр Исмэхьил-Бэч сымэ.
  • «Финал цIыкIум» Кърымым и командэм щытекIуащ икIи жэз медалыр зыIэрагъэхьащ Урысей студент зэгухьэныгъэм и бэнакIуэхэм. Абы хэтащ Машэжь Расул, ЗэкIуу зэкъуэшхэр, Iэпщэ Ренат сымэ.
  • ЗэкIуу Анзор (кг 70), Шыбзыхъуэ Марик (кг 74-рэ), Iэпщэ Ренат (кг 79-рэ), Ныр Исмэхьил-Бэч (кг 125-рэ) сымэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэ псоми щытекIуащ икIи щхьэзакъуэ зэпеуэм пашэныгъэр щау­быдащ.
  • ЖЫЛАСЭ  Замир.