Уэхъутэ Александр: «Адэжь лъахэр къапоплъэ»
2018-07-24
- Къэрэшей-Шэрджэсыр хагъэхьащ ди хэкуэгъухэр нэгъуэщI къэралхэм къигъэIэпхъукIынымкIэ федеральнэ программэм. Сыт абы къикIыр? А упщIэм «Аргументы и факты» газетымкIэ жэуап иритащ КъШР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр:
- — Абы къокI мы зэманым хамэ къэралхэр зи хэщIапIэ адыгэхэм (шэрджэсхэм), нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэр нэхъ тыншу Урысейм и цIыху хъуфыну икIи ди республикэм къэIэпхъуэжыфыну. Мы зэманым Сирием щыкуэдщ я адэжь лъахэм къэзыгъэзэжыну хуейхэр. АрщхьэкIэ иджыри къэсыху КъШР-м къэкIуэжыныр егъэлеяуэ гугъут. Абы къыхэкIыу Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэр къыхахын хуей хъурт. ДяпэкIэ мы Iуэхур нэхъ къызэрыгуэкI хъунущ. ЦIыху 400-м нэблагъэм Iэмал ягъуэтынущ УФ-м и паспорт нэхъ тыншу зыIэрагъэхьэну икIи КъШР-м зыкъыхрагъэтхэну.
- ЩIыдгъужынщи, а программэм нэгъуэщI щIыналъэхэри хагъэхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Шэшэным зришэлIэжыну и мурадщ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэу цIыхуи 100-м щIигъу.
- Шал Мухьэмэд.