Ныбжьэгъу щыпкъэт
2018-07-24
- ЖылэтэжСэлэдин сэрэ Арщыдан къуажэм дыкъыщыхъуащ, курыт еджапIэри къызэдэдухащ. Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ, жыхуаIэращи, пасэу тхэн щIидзат. Абы зэрыцIыкIурэ гущIэгъу хэлът. СощIэж Пионерым и махуэр дгъэлъапIэу Арщыдан мэз лъапэм дыщыIэу, зыми гу зылъыдмыта блэшхуэр башым фIэлъу къызэрихьар. ЯпэщIыкIэ дигугъащ абыкIэ хъыджэбз цIыкIухэр игъэщтэну арауэ. Ауэ абы щыщыIэтэкъым Iуэхур. Жыгым дэпщей блэ кIыхьыжьым бзу абгъуэм ис шыр цIыкIухэр зэришхынур къыгурыIуэри, къриудыхауэ арат.
-
Дэ нэхърэ нэхъыфIу еджэрт ар. Псом хуэмыдэу адыгэ, урыс литературэхэмкIэ къыттекIуэрт, тхакIуэ зэрыхъунур къапщIэу. Сочиненэ ттхамэ, егъэджакIуэхэм Сэлэдин ейр щапхъэу дагъэлъагъурт.
- «Зауэм и бынхэр» фIэщыгъэцIэр зиIэхэм ящыщ дэ гугъу дехьу дыкъэхъуащ. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ жыхуиIэр нэсу дымыгъэунэхуамэ си Iуэхущ, дыщыгъыныншэу, тшхын дымыгъуэту. Школым дыкъызэрикIыжу, унэ лэжьыгъэхэм я ужь дихьэн ипэ къихуэу, ди гъунэгъу мэзым гъэмахуэм гу цIыкIукIэ, щIымахуэм IэжьэкIэ дыкIуэрт, абы къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэр къэтщыпырт, пхъэ гъэсын къыхэтхырт. Къэдугъуея тIэкIухэр тщэрти, тшхын къэтщэхурт. Куэди къыщIэкIрэт абы: пхъэщхьэмыщхьэ (мы цIыкIу, кхъужь цIыкIу хуэдэхэр) къэпитI-къэпищым я уасэм щIакхъуитI, дагъэ стэчан къритщэхуфмэ дыгуфIэу арат. Хьэцыбанэ къэтщыпар ди анэхэм тхуагъавэрти, фошыгъу лъэпкъ хэмылъу ар итфу арат. Ди щыгъынхэр, иджыпсту жыпIэкIэ я фIэщ мыхъунри хэлъщ, брезентхэм, къэпхэм къыхэщIыкIат. Ди адэ-анэр колхозым щылажьэрт, къалэжьыр кърамыту. Уеблэмэ дерсхэм я зэхуаку дэт зыгъэпсэхугъуэ зэ-ман кIэщIхэм колхоз нартыхур зэхыдагъэдзырт. Мис апхуэдэущ ди сабиигъуэр зэрекIуэкIар.
- ЕджапIэр къэдуха иужь, Сэлэдин Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ, сэ дзэм къулыкъу щысщIэну сыдэкIащ. Илъэс куэдкIэ дзэм сыхэтащ ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыщыIэу. А зэманым къриубыдэу щIэчэ имыIэу письмо нысхуитхащ Сэлэдин, сызыпэрыт лэжьыгъэр зэрыфIыр, офицерыгъэри зэрылъапIэр къызжиIэу, ауэ си адыгэбзэр дэнэ сыщыIами зыщызмыгъэгъупщэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзгъэзэжыну къызэлъэIуу. СыкъэтыхукIэ си ныбжьэгъухэу Къагъырмэс Борис, Джэдгъэф Борис, Гъубжокъуэ Лиуан, Жылэтэж Сэлэдин сымэ тхакIуэ хъарзынэ хъуахэу къэзгъэзащ. Псом хуэмыдэжу Сэлэдин и Iуэхухэм сыщыгуфIыкIырт, ин срихъурт. Ар куэдым хуэIэкIуэлъакIуэт, IэщIагъэ зыбжани зэгъусэу къехъулIэрт. УсакIуэ, тхакIуэ, мультипликатор, кинематографист, сценарист, IуэрыIуатэдж — куэд дыдэ мэхъу абы хузэфIэкIыу щытар. Мультфильму 50-м щIигъу адыгэбзэкIэ тхахэр урысыбзэм, урысыбзэр — адыгэбзэм иригъэзэгъащ, и тхылъхэр урысыбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, тыркубзэкIи зэрадзэкIащ, спектакль зыбжанэ игъэуващ, и тхыгъэхэм художественнэ фильм къытращIыкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ «Сосрыкъуэ» таурыхъым папщIэ 1982 гъэм саугъэт къратауэ зэрыщытар. Псоми фIыуэ ялъагъу абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «До свидания, школа», «Розы Долинска», «Мамэ, папэ, нанэ, дадэ», нэгъуэщIхэри. Гулъытэ лей хуэфащэщ «Толъкъун гъыбзэм». Абы къытхуигъэна псом я гугъу схуэщIынкъым, си гугъэщ абы и творчествэм ди тхакIуэхэр тепсэлъыхьыну. Тхылъ псо зытеухуапхъэ цIыхуу си щхьэкIэ къызолъытэ ар.
- ЦIыхум сэбэп зэрыхуэхъуным яужь иту псэуа Сэлэдин къытхэтыжкъым, бадзэуэгъуэм и 27-м илъэс ныкъуэ мэхъу ар дунейм зэрехыжрэ. Къыщалъхуа къуажэм щыщIэтлъхьэжа иужь, псалъэ къыщызатым си нэпс къемыкIуэу и гугъу схуэщIакъым къуэш схуэхъуа си ныбжьэгъуфIым. Сыхуэарэзыщ, си нэгум ноби щIэтщ, иджыри Iэджэрэ сщыгъупщэнукъым адыгэлI нэскIэ узэджэкIэ ущымыуэну Жылэтэж Сэлэдин.
- МЭРЕМКЪУЛ Лиуан.
- Арщыдан къуажэ