ЩIалэгъуэ
2018-07-24
- Абэнокъуэ Рустам и макъ дахэр
- Нобэ дызэрыгушхуэ МузыкэмкIэ театрым и солист, зи макъ дахэм ди республикэм щыпсэу куэд дихьэх Абэнокъуэ Рустам Тэрч щIыналъэм хыхьэ Боры- къуей къуажэм дэт курыт еджапIэр къызэриухыу ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щIэтIысхьауэ щытащ. Уэрэд жыIэнымкIэ къудамэм илъэсиплIкIэ щеджауэ абы и щIэныгъэм щыпищащ Саратов дэт консерваторэм. Ар къиуха иужь уэрэджы- IакIуэ щIалэщIэр Москва кIуэри, абы и къару щеплъыжащ. Котельники дэт «Белая дача» щэнхабзэмкIэ уардэунэм и художественнэ унафэщIу, къищынэмыщIауэ, Назаров Владимир и музыкэ театрым, Александровым и хор цIэрыIуэм щылэжьащ. Абэнокъуэм и зэфIэкIым зегъэубгъунымкIэ IэмалыфIхэр къыхукъуэкIырт, ауэ адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, «бланэ щалъху мэкIуэж». 2010 гъэм Рустам нэхъ къищтащ къыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжу абы и сэбэп иригъэкIмэ.
- Налшык къалэ дэт Музыкэ театрым щылэжьэн зэрыщIидзэрэ абы игъэзэщIащ Трубадур («Бременские музыканты»), Генерал («Сказка про Федота-стрельца»), Карабас («Буратино») сымэ я ролхэр, нэгъуэщI куэди. И лэжьыгъэм, дяпэкIэ и мурадхэмтеухуауэщытащдизэпсэлъэныгъэри.
- — Рустам, уи IэщIагъэр къызэрыхэпхар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
- — А упщIэр къыщызаткIэ, сыт щыгъуи яжызоIэ си IэщIагъэм езым сыкъыхихауэ къызэрыслъытэр. Сэ абы куэдрэ къыпэскIухьащ, ауэ сыпэлъэщакъым (мэдыхьэшх). Ди къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Алшагъыр Ритэ 4-нэ классым сыщIэсу макъамэм сызэрыхуэтхьэкIумафIэр зэрымыщIэкIэ къихутэри, абы игъэлажьэ гупжьейм сыхигъэхьэн папщIэ хузэфIэкI къигъэнакъым. Сыкъыщыхутемыгъэхьэм, си адэ-анэм епсалъэри, Iэпэдэгъэлэл пщIы мыхъун зэфIэкIхэр макъамэм зэрыщызиIэр я фIэщ ищIат. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди классым щIэс хъыджэбз цIыкIухэм я гъусэу, уэрэд жыIэнымкIэ гупжьейм щхьэхуимыту кIуэн щIэздзат. Зыкъэзумысыжынщи, япэ дерс-
- хэм сыкIуатэкъым, уэрэд жызмыIэн щхьэкIэ сыти къэзгупсысырт. Абы яужь Алшагъырым и чэнджэщкIэ си адэм Тэрч къалэ дэт макъамэмкIэ сабий школым сишати, къызэдэIуэну зызыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэм я пащхьэм зыри щахужысIатэкъым. ИкIэм- икIэжым Ритэ и ерыщагъыр текIуэри, уэрэд жыIэным сыдригъэхьэхат. 6-нэ классым сыщIэсу «Батыр» зэпеуэм сыхыхьэри ди школым япэ увыпIэ, щIыналъэм — етIуанэ увыпIэ къыщысхьат. А зэпеуэм сыхэту гу къыслъызыта Пшыншэ Хьэлым (КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ) куэдкIэ сэбэп къысхуэхъуащ. Курыт еджапIэр къэзухыху Пшыншэм деж сыщеджащ, абы уэрэд жыIэным и мызакъуэу, гъуазджэм и дунейм цIыхуу укъызэрыщынэным и щэхухэми сыхуигъэсат.
- Курыт еджапIэр къыщызухым сэ хьэкъыу сщIэрт «щхьэхуимыту» къыхызагъэха IэнатIэм сызэрыхуеджэнур. Арати, 2000 гъэм ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым сыщIэтIысхьэну тезухуащ. Урысейм и цIыхубэ артист-кэ Гъэсашэ Наталье экзаменхэр щытIихым, си уэрэд жыIэкIэм едаIуа иужь, езым и деж сыщеджэну сыкъищтауэ щытащ.
- ИлъэсиплIрэ ныкъуэкIэ сыщIэсащ институтым. А пIалъэм си насып кърихьэкIри сольфеджиомрэ пшынэмкIэ Хьэсанэ Мусэ сригъэджауэ щытащ. А цIыху телъыджэм и зэфIэкI лъагэхэм гъуазджэм и нэIуасэ дэтхэнэри щыгъуазэщ. ЕгъэджакIуэр зыхуеину ткIиягъыр, щIагъыбзэр, гушыIэ дахэр, пэжыр зи гъуазэ, зэхэщIыкI ин зыхэлъ цIыхут ар. СэркIэ Хьэсанэр цIыху ныкъусаныгъэншэт, икIи сыт и лъэныкъуэкIи абы ещхь сызэрыхъуным сыхущIэкъурт.
- Къызэрыхэзгъэщащи, уэрэд жыIэным сыхуезыгъэджар Гъэсашэ Натальещ. Абы хэлъ щэхухэм сыщыгъуазэми, сызыхурагъэджар цIыхубэ уэрэдхэрати, академическэ жыIэкIэм, оперэр, ариер, романсыр зищIысыр сигъэщIащ. Гъэсашэр къызэрымыкIуэу зэфIэкI ин зиIэ уэрэджыIакIуэщ, езым бгъэдэлъ щIэныгъэр гурыIуэгъуэу цIыхум бгъэдэзылъхьэфщ.
- — БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ уигу къинэжахэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — ЗгъэзэщIа роль псори зэхуэдэу фIыуэ солъагъу. Сэ сызэреплъымкIэ, артистым дежкIэ къылъыса ролыр нэхъыщхьэрэ къызэрыгуэкIкIэ игуэшын хуейкъым, дэтхэнэри и зэфIэкI емыблэжу утыкум екIуу щигъэлъэгъуэн, и къалэным хыхьэ псори къанэ щымыIэу игъэзэщIапхъэщ. Ролым и мызакъуэу, театрым и лэжьыгъэр зэрыщы-ту апхуэдэущ зэрыщытыпхъэр. Сыхьэтым и щIыкIэм ебгъэщхь хъуну къысщохъу театрыр: и зы Iыхьэ къэтмэ, лэжьыгъэр къэувыIэнущ. Си псэм нэхъ фIэфI ролхэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэщ сэркIэ хьэл мыхъумыщIэ, ныкъусаныгъэ зыхэлъ лIыхъужьхэр. А ролхэр псэкIэ спэгъунэгъуу схужыIэнукъым. МыхъумыщIагъэм къишэ лейр, псалъэ жагъуэм цIыхугур зэрыриудыр, Iейм Iей къызэрыпэкIуэр къэзгъэлъэгъуэну сыхуейуэ аращ. ЕпцIыжыныгъэм и гуащIагъыр, нэпсейм и хьэлыншагъэр, нэгъуэщI хьэл гуемыIухэр къэзгъэлъагъуэкIэрэ, апхуэдэ цIыхухэм, хьэлым гущыкI хуезгъэщIынырщ сызыхущIэкъур. Зы цIыхум нэхъ мыхъуми а гупсысэр и гум къыщыхъуэпскIмэ, ролыр къызэхъулIауэ къэслъытэнущ.
- Дэтхэнэ театрми и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр фIым къыхуеджэнырщ, абыхэм хьэл нэхъыфIхэр яхэпщэнырщ, Iейм щIэнэкIэнырщ.
- — Уи репертуарым хэт уэрэдхэм укъытхутепсэлъыхьын?
- — Си репертуарым езым си уэрэд зэрыхэмытым, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ейхэр зэрызгъэзащIэм абыхэм я жьауэм сыкъыщIэнэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр мызэ-мытIэу къызаIуэкIащ, ауэ сэркIэ апхуэдэхэм я жьауэ сыщIэтыныр пщIэшхуэщ. Сэ жысIэ уэрэдхэм мыхьэнэ ин яIэщ, хуабагъэшхуэ яхэлъщ, гупсысэкIэ гъэнщIащ. Магомаев Муслимрэ Бабаджанян Арнорэ зэгъусэу ягъэзэщIахэм лIэщIыгъуэ псом щIэлъ хуабагъыр къащыхуэгъэлъэгъуащ. Абыхэм ирагъэжьа Iуэхум къыпысщэным, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми абы щыщ Iыхьэ сыхъуфыныр сэркIэ насыпщ.
- НобэкIэ си репертуарым хэмытми, сэ быдэу сыщогугъ зэманым хуэфащэ уэрэд хуэзусын цIыху зэчийфIэхэр дызэриIэр.
- — Щапхъэу, узыдэплъейуэ уиIэхэм я гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- — Тхьэм и фIыщIэкIэ, си гъащIэм хэтщ фIы и лъэныкъуэкIэ куэд къысхэзылъхьа цIыхуфIхэр, апхуэдэхэм уадэгъуэгурыкIуэныр, щапхъэ ятепхыныр насыпышхуэщ. Мурад гуэр зимыIэ щыIэкъым: си хъуэпсапIэхэмрэ къалэну зыхуэзгъэувыжхэмрэ мащIэкъым, ауэ сытым дежи сэркIэ нэхъапэр цIыхуу сыкъэнэжынырщ. Щапхъэуи бзыпхъэуи сиIащ си адэр. IуитI-бзитIыгъэ абы зэи игу техуэнутэкъым, зыгуэр зригъэхъулIэн папщIэ и щхьэр щIрихьэхын Iуэху пхуи- лэжьынутэкъым, пцIы илъагъу хъуртэкъым, захуагъэм щхьэкIэ имыщIэфын щыIэтэкъым.
- — Уи мурадхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт.
- Иджыпсту си мурадхэм сатепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Шэч хэмылъу ахэр куэд мэхъу, ауэ мы зэманым сэркIэ нэхъыщхьэр си лэжьыгъэм и щэху нэхъыбэ згъэунэхунырщ, илъэс 20 — 30 хуэдиз дэкIмэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм чэнджэщ щхьэпэ естыфын, гъуэгу захуэ тезгъэувэфын хуэдэу. Хэхауэ а щхьэусыгъуэращ гъэ кIуам ГИТИС-м режиссёрхэр щагъэхьэзыр и къудамэм сыщIыщIэтIысхьар.
- — ИджыкIэ сытым уелэжьрэ?
- — Чайковскэм и «Пиковая дама» оперэм сэ щызгъэзэщIэну къысхуагъэфэщащ Томскэм и партиер. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, оперэр тыншхэм ящыщкъым, ауэ къызэхъулIэну сыщогугъ.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
- И зэфIэкIым дыщогуфIыкI
- Ди «ЩIалэгъуэм» и хьэщIэ Хьэцым Лианэ зэрысабийрэ доху- тыр хъуну щIэхъуэпсырт. Иджыпсту абы а цIэр зэрихьэ къудейкъым, ар а IэщIагъэм щынэхъыфIхэм хабжэ.
- Лианэ ЭндокринологиемкIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, Алмазов В. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт самаджэщым эндокринологыу щыIэщ. И лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ, дунейпсо конференц зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ пщащэр.
- А IэщIагъэм илъэс куэдкIэ хуэ-кIуа пщащэм жеIэ абы къиуха курыт еджапIэ №26-м щIэсыху а унэтIыныгъэмкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыхэтар, абыхэм я фIыгъэкIэ медицинэм япэ лъэбакъуэхэр зэрыхичар. Школым щезыгъэджахэми зэрахузэфIэкIкIэ хъыджэбзым зыкъыщIагъэкъуащ. Иджыри 11-нэ классым щIэсу ар хэтащ «Егъэджэныгъэ.ЩIэныгъэ.IэщIагъэ» къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я вуз зэхуаку конференцым. Абы Лианэ грант тIууащIэ къыщихьат. Конференцым ипкъ иткIэ ар нэхъыфIу къалъытаитхум хабжат, абы иужькIэ «ЗэрыцIыхуныгъэ» дунейпсо программэм хагъэхьэри Швециемрэ Финляндиемрэ къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ конференцым и лэжьыгъэхэр инджылызыбзэкIэ утыку къыщрихьат. И зэфIэкIхэр къэзыгъэлъэгъуа пщащэр Санкт-Петербург дэт университетым и медицинэ факультетым щIагъэтIысхьат, ауэ езым нэхъ фIэкъабылу а къалэ дыдэм Кировым и цIэр зэрихьэу дэт Дзэ-дохутыр академиер къыхихри абы щеджащ. ИужькIэ ординатурэр Алмазовым и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым къыщиухыжащ.
- Дохутыр хъуну зэрысабийрэ триухуами, эндокринолог унэтIыныгъэр Хьэцымым иужькIэщ къыщыхихар. ЯпэщIыкIэ хирургыу еджэну триухуат пщащэм, ауэ а лэжьыгъэ хьэлъэм пэмылъэщынкIэ зэрыхъунури къыгурыIуэрт. Академиер къиуха иужь абы терапиемкIэ кафедрэм щылэжьэну къыхуагъэлъэгъуат, ауэ нэхъ къищтащ куууэ джа мыхъуа- уэ къалъытэ эндокринологие унэ- тIыныгъэр къыхихмэ. Лианэ жеIэ эндокринологием узыфэ хьэлъэ куэд зэриIэр икIи ди цIыхухэм абы фошыгъу узым фIэкIа къыхэмы- кIыу къащыхъуми, зэрыщыуэр. Ар иджыпсту здэщыIэ клиникэм а узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрагъэхъужын IэмалыщIэхэр къыщохутэ. Абы дызэрыщигъэгъуазэмкIэ, лэжьыгъэм къыхудэхуэ зэманым щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм дехьэх.
- Гъэ кIуам Лианэ хэтащ Тыркум щыIа 5-нэ дунейпсо конференцым. Абы ипэкIэ Португалием и къалащхьэ Лиссабон щекIуэкIа 19-нэ конгрессым. Ди лъэпкъэгъу пщащэм а зэхыхьэхэм доклад гъэщIэгъуэнхэр щищIащ, Iуэху еплъыкIэщIэхэр къыщыхилъхьащ.
- Медицинэм и сыт хуэдэ IэнатIэри тыншкъым. Абы пэрыувэну тегушхуэхэми, шэч хэмылъу, къару ин яхэлъын хуейщ. Сэбэп хуэхъуну хунэмысу цIыху къызыIэщIэлIэхэм ар къызытемыхьэлъэ зыри яхэту къыщIэкIынкъым. Хьэцымым жеIэ дохутырым апхуэдэхэр и гум щIигъэхьащэ зэрымыхъунур, армырамэ, абы къыщыгугъ адрей сымаджэхэм лей къатехьэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Къэхъуам дерс къы-хэпхыу апхуэдэ дяпэкIэ къызэрумыгъэхъуным ухущIэкъуу, уи лэжьыгъэр ебгъэфIакIуэу улэжьэн хуейуэ аращ.
- Хьэцым Лианэ и мурадщ ди республикэм къигъэзэжу щылэжьэну. ЗэкIэ и IэщIагъэм и щэху нэхъыбэ зэригъащIэмэ нэхъ къещтэ.
- Инэрокъуэ Данэ.
- Щапхъэ
- ЕхъулIэныгъэ куэдым я лъабжьэ
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ Мэшыкъуэ Iуащхьэм деж щекIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэм зи мурадым гъащIэ щигъуэтахэм ящыщщ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр гъэ кIуам дзэ дохутыру къэзыухауэ иджы ординатурэм зи щIэныгъэм щыхэзыгъахъуэ, КъБКъУ-м и студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Шэрэдж Аслъэн.
- Ар ящыщкъым зи зэманыр пщIэншэу зыгъакIуэхэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и гупсысэм зезыгъэужьын, и зэфIэкIым хэзыгъэхъуэн щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм зыкъыщигъэлъагъуэ зэпытщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, ящыщкъым зы унэтIыныгъэ хэзыубыдыкIыу абы «зытезыгъэлIыкIхэм». Аслъэн лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьыну яужь итщ, ауэ щыхъукIи, дэтхэнэ Iуэхури ныкъуэ мыхъуу зэрырихьэкIыным хущIокъу. Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-р дыжьын медалкIэ, медицинэ факультетыр диплом плъыжькIэ къиухащ. Абы и тхыгъэ 20-м щIигъу ди щIыналъэми хамэ къэралхэми къыщыдэкI журналхэми къыщытрадзащ.
- Шэрэджым зэпеуэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм бжьыпэр щиубыдащ, ауэ дэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIынур «Мэшыкъуэ-2017»-м «Подкова» фIэщыгъэм щIэту щыпхигъэкIа проект гъэщIэгъуэнырщ. Хабзэм тету цIыхухэм яIэ хуитыныгъэр къызэпемыгъэудыным, жылагъуэм законым тету я Iуэху дэгъэкIа хъуным ехьэлIа а Iуэхугъуэр ди республикэм зэрыщылэжьа пIалъэм къриубыдэу куэдым къахуэщхьэпащ.
- — ЩIыналъэ зэхуаку клуб къызэдгъэпэщри, гъэ кIуам и бжьыхьэ мазэм проектыр гъащIэм хэпщэн щIэддзащ. Илъэс 18 — 35 ныбжьым къриубыдэу цIыху 30-м щIигъу хэлэжьыхьащ абы.
- Дэтхэнэ зыри дрихьэлIауэ къыщIэкIынщ хабзэм къигъэув ди хуитыныгъэхэр къыщызэпауд. Апхуэдэ лей къызытехьэхэм дакъыщхьэщыжы-ныр, цIыхум иIэ хуитыныгъэхэр гурыдгъэIуэ-ныр, хуейм зыщIэдгъэкъуэнырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. Псом хуэмыдэу зыкъытхуэзыгъазэр щIалэгъуалэрщ. Абыхэм къыдахьэлIа Iуэхум и хэкIыпIэр къытхуэмыгъуэтмэ, чэнджэщ къыдэзытыфын юрист нэхъыжьхэри къытщхьэщытщ. Зыкъытхуэзыгъазэхэм я лъэIур зэхуэдэкъым, ауэ зэрытхузэфIэкIкIэ, зыри гулъытэншэ тщIыркъым. ЦIыхухэм нэхъ тыншу дыкъагъуэтын, зыкъытпащIэфын папщIэ Интернетым социальнэ напэкIуэцI зыбжанэ къыщызэIутхауэ, абыхэмкIи къытхуотхэ. Дэ езым тхузэфIэхынухэр зэфIыдох, шэч къызытетхьэхэр IэщIагъэлI нэхъыжьхэм я чэнджэщым тету дощI, — къыддогуашэ Шэрэджыр.
- Проектым и къалэн нэхъыщхьэр УФ-м и норматив — хабзэ лъабжьэм хэзыщIыкIхэри хэзыщIыкIыну хуейхэри зэкъуэгъэувэнырщ. Ар къызэзыгъэ-
- пэщахэм я мурадщ апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалэгъуалэм я хуитыныгъэр егъэщIэныр, хабзэр къызэпызыудым тралъхьэну тезырыр гурагъэIуэныр. Къэралым къыщащта хабзэщIэхэр зэпкърыхауэ хэIущIыIу щыщIыныр, щIалэгъуалэр зыIууэ лъэпощхьэпохэм дэIэпыкъуэгъу щахуэхъуфын къызэгъэпэщынырщ.
- — Дэ дыхуейщ къыдэкIуэтей щIэблэм Iэщэм я нэхъ лъэщыр — хабзэм тетыныр — яIэщIэтлъхьэну. ЕхъулIэныгъэ куэдым я лъабжьэр хабзэращ. Абы утетмэ, ар къыпхуэгъэсэбэпмэ, гъащIэм лей къыщыптехьэнукъым. Дэ къызэдгъэпэща клубыр куэдым сэбэп яхуохъу.
- Тэрчокъуэ Дисэ.
- Адыгэ хабзэм щыщщ
- Къамэм теухуауэ
- Адыгэ къамэ зылъэгъуам, гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым къамэдзэм лэдэх зэрытелъым. А лэдэххэм щхьэкIэ адыгэхэм джуд е жуд жаIэ. Къамэ щыIэщ жуд темылъу, къамэдзэр гъущI джафэу. Апхуэдэ къамэ зыхуащIхэр щIалэ цIыкIухэрт, къану япIу атэлыкъым и деж щыIэхэм я ныбжьыр илъэсиблым нэса-мэ. АбыкIэ щIалэ цIыкIухэм загъасэрт къамэ яIыгъыфу, зэрахьэфу, къагъэсэбэпын хъумэ, хуэсакъыу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зызыхуагъасэр IэщакIуэ зэрыхъунум и закъуэтэкъым. Уеблэмэ, нэхъыщхьэр аратэкъым, атIэ сытым щхьэкIи и къамэ Iэпщэ емыпхъуэу, къамэр къримыгъэлъэту есэнырт. Адыгэхэм жаIэрт: утэмакъкIэщIу къамэ къомых, къипхауэ ар иумылъхьэж.
- Абы щIапIыкIа щIалэм, лIым езым и щхьэ зэрыхуигъэфэщэжкIэ, и зышыIэныгъэм елъытауэ жуд зытелъ къамэхэр зрагъэгъуэту, зэрагъэпэщу щытащ. Къамэ щыIащ зы жуд телъу, жудитI иIэу, жудищ телъу. ЩIалэ цIыкIухэм я къамэ зытемылъымкIэ, ар кърихрэ зыгуэру зэранамэ, ешхыдэ мыхъумэ, абы фIэкIыртэкъым, ар щIалагъэ делагъэу ялъытэу. АдэкIэ къамэ къизыхам и тезырыр елъытат абы къриха къамэм телъ жуд бжыгъэм. АтIэми къамэ кърихамкIэ зэран гуэр ищIамэ, зыгуэр иуIуамэ. АдыгэлIым шыIэ нэс схэлъ хъуащ, зыхужимыIэжауэ жудищ зытелъ къамэ зэригъэпэщыртэкъым. Жудищ зытелъ къамэ лIым цIыкIуфэкIукIэ кърихынутэкъым икIи, пэж дыдэу, кърихауэ ар пщIэншэу ирилъхьэжынутэкъым. Жудищ зиIэ къамэм лIым и пащхьэ иригъэувэ къалэнышхуэр арагъэнущ апхуэдэ къамэхэр мащIэ дыдэу щIыщытари.
- Къамэм ехьэлIауэ мы хабзэри щыIэт. Адыгэхэм емыкIушхуэу ябжу къекIуэкIырт къамэкIэ упыджэныр. КъамэкIэ пыджэртэкъым, атIэ къраупщIэхыу арат, къамэдзэр къыдэгъэзеяуэ мыхъуу, егъэзыхауэ, къамэ Iэпщэр яIыгъыу.
- Мыхэр цIыкIу щIыкIэ зылъагъу, зэхэзых, абы щIапIыкI щIалэгъуалэр нэхъыжь и псалъэ фIэлIыкIым и мызакъуэу, и щхьэ, и адэ-анэм я щIыхь, я лъэпкъым и пщIэ, я нэмысым хуэсакъыу къэхъурт, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи мыхэр сымыгъэукIытащэрэт, ди нэхъыжьхэм яхуэфа-щэу сыщытащэрэт, жиIэу.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыжьым я пщIэм, я щIыхьым, я псалъэм куэд иIыгът. ИтIанэми абы текъузи, хэгъэзыхьи хэлътэкъым. Ар нэхъ зэлъытар езы нэхъыжьым хабзэ зэрищIэ, Iуэху зехьэкIэм зэрыщыгъуазэт, «бжьынэ зэрына» зэригъэкIыфу, пэж жиIэфу, а пэжми тетыфу. Ар япэкIэ гупсысэм и мызакъуэу, атIэ плъэфуи щытын хуейт. Зи акъылрэ зи пэжагъкIэ цIыхур къэзыхьэхуфхэр лъэпкъым я набдзэт, бэм я жыIакIуэт, хеящIэт, уэчылт. ИкIи куэдрэ къэхъуртэкъым ахэр щыуэу. Апхуэдэ нэхъыжьхэр тхьэрыIуэ щыхьэту увхэрт, ахэр шэсыпIэ увхэрт, ахэр шэсыпIэ зыхуихьам и Iуэхум шэч къытрахьэжыртэкъым.
- КъызэрыщIэкIымкIэ, уегупсысмэ, щIалэм е лIым езым и щхьэ хуигъэфэщэж къамэ къыхихырт зы жуд, жудитI е жудищ телъу, ауэ нэхъыжьыр, лIыр жыIакIуэ хъунуми, хеящIэ ящIынуми, адэкIэ Iэби, тхьэрыIуэ щыхьэту къащтэнуми зэлъытар абы цIыхур зэригъэпэжыфырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ нэхъыжьым и гъащIэ псомкIэ къигъэлъагъуэу арат и адыгагъэмрэ и цIыхугъэмрэ. ПщIэмрэ щIыхьымрэ зы махуэкIи, зы илъэскIи зэрагъэпэщыртэкъым. Псори зэпэлъытат: и лъэпкъым сыт я псэукIэ, и адэ-анэм сыт хуэдэ губзыгъагъэ къапиха, и щIалэгъуэм щыгъуэ сыт и зэфIэкIт, щизэманыгъуэм дауэ цIыхум яхэтыфа. А псом къамэ къыхэхыкIэри, а къамэм и къэгъэсэбэпыкIэри хэту.
- Нэхъыжьыгъэр къызэралъытэр ныбжькIэт. Зэшхэм, зэныбжьэгъухэм, зэгъусэхэм я нэхъыжьыр я Iэтащхьэт. ЗэтIолъхуэныкъуэхэм я нэхъыжьыр яужь дунейм къытехьар арат. Зэдэлъху-зэшыпхъум зэрагъэхьышхуэ щымыIэмэ, щIалэ цIыкIум зэрыцIыхухъум щхьэкIэ пщIэ лей ирату нэхъыжьыгъуэр хуагъэфэщэнкIэ хъунут, абы и жыIэр нэхъ ягъэзащIэу, абы ящIэнумкIэ ечэнджэщу.
- Хабзэ щIэныгъэр Iуэхушхуэм и мызакъуэу икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуакъым. Зэран хъур щIэщыгъуэщIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъащIэм хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ. Абы ехьэлIауэ адыгэхэм щIэнакIалъэ куэд яIэт, ауэ мы псалъэжьхэр дигу къэдгъэкIыжмэ нэхъыфIу къыщIэкIынущ: «ХабзэмыщIэр щIыкIейщ», «Хабзэншэр напэтехщ», «ХабзэмыщIэ жьантIакIуэщ», «ХабзэмыщIэ зыхамыщIэ тэджауэ зегъэпсчэIу». Ахэр ауэ сытми лъэпкъым къигупсысакъым.
- Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэрыхуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыа- дыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэхуэфIыгъэмрэ псори щIебгъэхъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэхъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езыгъэзым сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэри къыпхуищIэфыну ялъытэрти, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къытетIысхьэмэ, пыупщIи къэгъанэ».
- МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
- Къалэмыр къэзыщтагъащIэхэр
- * * *
- Хэт жызыIар ди анэбзэр тщыгъупщэжу,
- Хэт зыгъэIуар ди анэбзэр Iумпэм тщIыуэ.
- Ещхьщ адыгэбзэр пшынэбзэм, ар щыбзэрабзэм,
- Шабзэшэ ткIийуи шэрыуэщ.
- ЖызыIэ щыIэщ ди бзэр хъуауэ лъэншэ,
- Зи бзэ теукIытыхьхэм ящIыу ар псэншэ.
- Сэ сропагэ а бзэм и беягъым,
- Сэ срогушхуэ а бзэм и лъэщагъым.
- Си бзэр къулейуэ, шэрыуэу щымытамэ,
- Си гурыщIэу псы къиуар хуэмыIуэтэнт.
- Си бзэм и IэфIагъыр сэ зыхэзмыщIамэ,
- Стхыфынут а бзэмкIэ мы усэр сэ?
- * * *
- ПщIыхькIэ куэдрэ сэ узогъэхьэщIэ
- Уи гум, сощIэ, сэ сыщымыхей.
- ХощIыр уи гур укъызэгупсысмэ,
- Тыншу псэу, сэ пхуэзгъэгъуащ куэдIей.
- Дэзгуэшащ нэгъуэщIым си пIэщхьагъыр,
- Псалъэ быдэ жырым хуэдэу стащ,
- Сыпсэунущ псэр пытыху згъэпэжу,
- Зэрыхабзэуэ изгъэщу си псэм ипэ напэр.
- ЯгъэкIынкъым, уэри бэяужи,
- Си гур умыкъутэ, дунеижь и нэху.
- ЯгъэкIынкъым, уигу къысщIэгъуу,
- Сызэптам сыхуэпщIми щхьэузыхь.
- Дыгулыбгъуей
- Адэжь и лъапсэу си Дыгулыбгъуей,
- Къуажэу щыIэми я лей,
- Си сабиигъуэр щIэзыупскIа лъапсэ,
- Си щIалэгъуэр щагъэфIа щIыналъэ.
- Уэ сыпIуплъэжамэ, си псэм зегъэпсэху,
- Сихьэжам уи куэщIым си гум жьы дехуж.
- Уэ нэхъ къуажэ дахэ сэркIэ зы щымыIэ,
- ЦIыхуфI-акъылыфIэхэр зи бащэ лъахэ.
- Зи гъавэри бэв, пхъэщхьэмыщхьэкIэ бей,
- Къуажэм я нэхъ дахэу си Дыгулыбгъуей.
- Уи щIалэхэр гъэсащи, пщащэхэр щэныфIэщ,
- Си гум и гъэфIэну си Дыгулыбгъуей.
- Шыбзыхъуэ Жаннэ.
- Дыгулыбгъуей къуажэ