ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ дунейр зыгъэбея цIыху

2018-07-24

  • Ди лъэпкъым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 90-м иту дунейм ехыжащ Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр Iэдыщэс и къуэр. БзэщIэныгъэлI, тхыдэдж, IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр адыгэ дунейм пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу тета цIыхущ.

  • Ар псэуху и щIэныгъэри, зэфIэкIри, къарури зытригъэлэжьар езыр къызыхэкIа адыгэ лъэпкъырщ. Илъэс 45-м иту Iэбубэчыр филологие щIэныгъэхэм я доктор, илъэситI дэкIри профессор хъуащ, илъэс 60-м нэблагъэкIэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей къэрал институтым щылэжьащ. Тхылъ 30, тхыгъэ 400 и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлI гъуэзэджэм, апхуэдэуи адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрырагъаджэ тхылъипщI дунейм къытригъэхьащ.
  • Адыгэ Республикэм и политикэ гъащIэми хэтащ Iэбубэчыр. Ар Теучэж, Мейкъуапэ щIыналъэхэм я хабзэубзыху IэнатIэхэм щылэжьащ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ. АР-м и Конституцэр зэхэлъхьэным, къэщтэным хэлIыфIыхьахэм ящыщщ, апхуэдэуи «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэ-
  • хэзышахэм яхэтащ Iэбубэчыр икIи илъэси 7-кIэ абы и тхьэмадэу щытащ. Щхьэлахъуэр щыIащ 1991 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ зэхуэс Налшык щекIуэкIам. ИлъэситI дэкIри ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэу ягъэуващ, иужькIэ илъэсищкIэ Хасэшхуэм и президент къулыкъум пэрытащ.
  • Адыгэ Республикэмрэ Урысей Федерацэмрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт, ЩIэныгъэмкIэ АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща — а псори къыпэкIуащ абы и гуащIэм. ГущIыхьэ тщыхъуащ Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр дунейм зэрехы- жар икIи и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.
  • Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр,
  • «Адыгэ псалъэ» газет.
  •  
  • ЩIэныгъэлI цIэрыIуэр щIалъхьэн ипэ къихуэу, Мейкъуапэ дэт «Панорама» кинотеатрым и фойем бадзэуэгъуэм и 22-м щыгъуэ пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIэныгъэрылажьэхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэ, медицинэ, спорт IэнатIэхэм пэрытхэр. ПэкIур къызэIуихащ Мейкъуапэ къэрал технологие университетым и президент ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. Япэ псалъэ зрата АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат жиIащ Адыгейм и къуэ пажэхэм ящыщ Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр зэраIэщIэкIар икъукIэ зэрыхэщIыныгъэшхуэр. «Кавказ Ищхъэрэ псом фIыуэ къыщацIыху, къыщалъытэ щIэныгъэлIу щытащ Iэбубэчыр, абы хэлъхьэны-гъэ ин хуищIащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, бзэр, литературэр ипэкIэ гъэкIуэтэным. Псэемыблэжу хуэлэжьащ республикэм и Iуэхухэр дэгъэкIыным, хабзэубзыху IэнатIэр зэтеублэным. ГущIыхьэ тщыхъуащ ди нэхъыжьыфIыр зэрыфIэкIуэдар», — жиIащ КъумпIылым.
  • Апхуэдэу щыгъуэ пэкIум къыщыпсэлъащ АР-м и Къэрал Советым-Хасэм и унафэщI Нарожный Владимир, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газе-тым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Шапсыгъ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и унафэщI ТIэш Мурдин, Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, хамэ къэрал къикIыжахэм къабгъэдэкIыу жылагъуэ лэжьакIуэ МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщIхэри.