ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Си гъащIэ ябгэрщызухынум, Шы жэр сытесу сыреух…»

2018-07-24

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ щрикъум ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж. КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж щызэхуэсахэм яхэтт тхакIуэр фIыуэ зыцIыхуу щытахэр, жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.

  • — Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ адыгэ лъэпкъымрэ тхакIуэ щэджащэм дуней псом къаригъэцIыхуащ. ЩIыналъэм исхэр дызэрыгушхуэ тхакIуэм и цIэр щIэблэм щыдмыгъэгъупщэну нэхъыжьхэм ди къалэнщ. ТхакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэмкIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм сынывохъуэхъу икIи фIыщIэ фхузощI, усакIуэшхуэр фи гум зэрилъым папщIэ. Лъэпкъ литературэм и тхакIуэ нэхъыжьхэми абыхэм къащIэхъуэхэми КIыщокъуэ Алим сыт щыгъуи я гъуэгугъэлъагъуэу, щапхъэу, гъащIэ гъуазэу къонэж, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин КIыщокъуэ Алим и фэеплъ пэкIур къыщызэIуихым.
  • — УсакIуэшхуэм и тхылъ купщIафIэхэр зэIэпытхыу зэрыщытам срогушхуэ. КIыщокъуэр си цIыхугъэу, куэдкIэ къыздэIэпыкъуу зэрыщытар сигу къинэжащ. Абы и псалъэм пщIэшхуэ иIэт. «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» щIыхьыцIэр абы къыщыхуагъэфэщам, республикэм ис лъэпкъ псоми я махуэшхуэт, — жиIащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис.
  • Филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм жиIащ усакIуэшхуэр цIыхубэм зэпымыууэ зэращIыгъур, тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куу зэращIэлъыр, ахэр зэрыкупщIэбэр, абы и зэфIэкIым кIуэ пэтми нэхъри зэрыригушхуэр, усакIуэр щIэх-щIэхыурэ ягу къызэрагъэкIыжыр, псалъэ гуапэхэр зэрыхужаIэр зэрыуасэншэр.
  • Лъахэхутэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор къыхигъэщащ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэр КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сымэ я тхылъхэм зэрыщIэупщIэр гуапэ зэрыщыхъур.
  • КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щыщ ныбжьыщIэ цIыкIухэр къеджащ я хэкуэгъу цIэрыIуэм и усэ нэхъыфIу ялъагъухэм.
  • ЗэIущIэм хэтахэм усакIуэшхуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ПэкIум кърихьэлIахэр кIуащ КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа икIи щыщIалъхьэжа Щхьэлыкъуэ къуажэм, абы дэт и фэеплъ музейм. КърихьэлIахэр усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ тепсэлъыхьащ, и усэхэм къеджащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.