ЩIэблэхэр нэхъ быдэу зэпищIэнущ
2018-07-24
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэхъуэкIыныгъэхэр зыужьыныгъэм хуэунэтIамэ, абыхэм фIы къадэкIуэнущ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр иджы щрагъэжьащ Урысей Федерацэм пенсэхэр зыт и IэнатIэм. Шэч хэмылъу, ахэр зыхуэунэтIар ди нэхъыжьхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ.
- Нэхъ япэкIэ ирагъэкIуэкIыу щыта лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ процентищ-плIы хуэдизкIэ гъэ къэс пенсэхэр нэхъыбэ ящIу щытамэ, иджы а бжыгъэр проценти 7 — 8-м, уеблэмэ нэхъыбэм нагъэсыну я мурадщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мазэ къэс къаIэрыхьэр сом мин, илъэсым тещIыхьауэ къапщтэмэ, сом мин 12 хуэдиз хъунущ. А щIыкIэм тету хэхъуэурэ, къэралым ику иту щат пенсэр 2020 гъэм ирихьэлIэу сом мин 20-м нэблагъэну къалъытэ.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм гугъуехь пыухыкIахэр къадокIуэ. Дэ иджыпсту апхуэдэ зэманым дыхыхьэу аращ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, къэралым и унафэщIхэм цIыхубзхэм ящыщу зи ныбжьыр илъэс 50-м щIигъуахэмрэ цIыхухъухэм ящыщу илъэс 60-м фIэкIахэмрэ лэжьапIэкIэ къахузэгъэпэщмэ, пенсэхэм яхуэгъэза зэхъуэкIыныгъэхэм Урысейм исхэм я сэбэп хэлъынущ.
- Мыбдеж зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэтхэнэми хуагъэувыну пенсэр зыхуэдизыр ар зэрылэжьа илъэс бжыгъэм елъытауэ зэрыщытынур. Апхуэдэу щыхъукIэ, нэхъ кIасэу пенсэм кIуэ цIыхум ахъшэ нэхъыбэ хуагъэувынущ, сыту жыпIэмэ, ар зэрылэжьа илъэс бжыгъэр нэхъыбэнущ.
- Хэхауэ дызытемыпсэлъыхь нэгъуэщI зы Iуэхуи хэлъщ мыбы. Зи гугъу сщIыр илъэс 50-м зи ныбжьыр фIэкIахэр я IэщIагъэм хуабжьу зэрыхуэIэкIуэлъакIуэрщ икIи апхуэдэ зэфIэкIыр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ нэсу къагъэсэбэпын зэрыхуейрщ. Къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, дохутырыр, егъэджакIуэр, слесарыр… ИлъэсипщI бжыгъэкIэ абыхэм ягъуэта Iэзагъым лэжьэн щIэзыдзагъащIэ- хэр щIэпIыкIын хуейщ. Апхуэдэ лэжьыгъэм щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэр нэрылъагъуу игъэбыдэнущ икIи иригъэфIэкIуэнущ.
- Бэрсэдж Юрий,
- «Урысейм и пенсионерхэм
- я союз» зэгухьэныгъэм и
- Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ.