Iэгуауэ иныр хуаIэту
2018-03-15
- Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 1-м пшыхь щекIуэкIащ, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ илъэс 50 зэрырикъум теухуауэ.
- Ди хэкумрэ лъэпкъымрэ и къару емыблэжу хуэлажьэ, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри ди республикэм анэдэлъхубзэр щезыгъэдж куэдым я дежкIэ щапхъэ бзылъху-гъэ щыпкъэр щагъэлъа- пIэ пшыхьым кърихьэлIат КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, щIыналъэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр, ДыщэкIым и къуажэгъухэр, ныбжьэгъухэр, гъэсэнхэр, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
- ЗэIущIэм щIэст КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэнтыкъу Иринэрэ а министерствэм лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Муратрэ, Дуней- псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дунейпсо Арт- комитетым и вице-президент, зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес, Шэджэм район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Ларисэ, егъэджакIуэхэм я щIыпIэ профсоюз зэгухьэныгъэм и пашэ Щад Азджэрий, нэгъуэщIхэри.
- Адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ДыщэкI Артур игъэзащIэ «Си Лашынкъей» уэрэдымрэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым ягъэзащIэ къафэ екIумкIэ къызэIуаха пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Макъамэ театрым и артистхэу ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ Бейтыгъуэн Жэмболэтрэ. Апхуэдэ пэщIэдзэ дахэм къыкIэлъыкIуэу, утыкум кърашащ зэхуэсыр зыхуагъэпса ДыщэкI Марие. Абы къыхуэтэджащ пэшышхуэм щIэс псори, пщIэшхуэ хуащIрэ Iэгуауэ иныр хуаIэту.
- КупщIафIэу, хьэлэмэту зэхэухуэнауэ екIуэкIащ пшыхьыр. Ар езыгъэкIуэкIхэр тепсэлъыхьащ ДыщэкIым и гъащIэ гъуэгуанэм хэлъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ егъэджакIуэ щэджащэм ехъуэхъуну къекIуэлIахэм. Псалъэ гуапэ куэд хужа-Iащ Марие а пщыхьэщ-хьэм. Япэу абы зыхуэзыгъэза-хэм ящыщщ Бейтыгъуэн Iэуесрэ Лашынкъей жылэм и администрацэм и лэжьакIуэ КIэбышэ Анатолэрэ.
- — Ди жылэм къыдэкIауэ дызэрыгушхуэхэм, дызэрыпагэхэм ящыщщ ДыщэкI Марие. А егъэджа-кIуэ Iэзэм зы щIэблэкъым щIэныгъэм и гъуэгу нэхум тришар, — къыхигъэщащ Бейтыгъуэным. — Абы иригъэджахэм я гум ноби щоблэ я унэтIакIуэр къазэрыхуэупса хуабагъэр. Дигуми ди псэми къабгъэдэкIыу дохъуэхъу нэхъыжьыфIым икIи Дуней-псо Арткомитетым къыхуигъэфэща Дыщэ орденымрэ ЩIыхь тхылъымрэ идотыж ди гуапэу.
- А дамыгъэ лъапIэм и закъуэкъым Марие и бгъэгум щылыдар а пщыхьэщхьэм. Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м къыбгъэдэкI щIыхь тхылъымрэ «Лъэпкъым къыбгъэдэкI фIыщIэ» дыщэ медалымрэ иритащ ДыщэкIым. КПРФ-м и щIыналъэ къудамэм и пашэ Пащты Борис Марие хуэупсащ «100 лет Великой Октябрьской социалистической революции» дамыгъэмкIэ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ДыщэкIым щехъуэхъум къыхигъэщащ а егъэджакIуэр «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фести-валь-зэпеуэм япэ хыхьахэм, абы и къэпщытакIуэ гупым илъэс куэдкIэ хэтахэм зэращыщыр.
- — ДыщэкI Марие и закъуэщ ди щIыналъэм «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщауэ исыр. Ар ипэжыпIэкIэ цIыхубэ егъэджакIуэщ. IэнатIэм зэрыпэрыт илъэс 50-м къриубыдэу абы иригъэджар ныбжьыщIэхэм я закъуэкъым, атIэ Iуэху зехьэкIэ пэрытым и мардэхэм хуигъэсащ ди республикэм адыгэбзэр щезыгъэджхэм я нэхъыбапIэр. Ар хэкум псэ хьэлэлу хуэлэжьэным и щапхъэщ, — жиIащ Мухьэмэд икIи тыгъэ гуапэхэр хуищIащ пшыхьыр зейм.
- ЛэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэм республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм, анэдэлъхубзэр хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр иратащ.
- Махуэшхуэр зейм гуа- пэу ехъуэхъуащ и къуа- жэгъухэр, иригъэджахэр, и ныбжьэгъухэр, благъэхэр, Iыхьлыхэр, «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм къыдыхэта егъэджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Псоми я хъуэхъум къыхэщар зыщ: къэралым, республикэм хьэлэлу хуэлэ-жьа бзылъхугъэ щыпкъэм фIыщIэ ин зэрыхуащIырщ, ар куэдым я дежкIэ гъуэгугъэлъагъуэу, щапхъэу зэрыщытырщ.
- Гуапэу, нэгузыужьу екIуэкIа пшыхьым и кIэухыу утыкур хуит ящIри псалъэ иратащ езы ДыщэкIым. Абы зэхуэсым къекIуэлIахэм фIыщIэ ин яхуищIащ, къыхуащIа гулъытэм папщIэ.
- ЕгъэджакIуэ пашэм теухуа зэхыхьэр я уэрэдхэм- рэ къафэхэмкIэ ягъэдэхащ республикэм и ансамбл- хэу «Кабардинка», «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Лашынкъей», «Макъамэ», уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Дау Марианнэ, Тэшло Алий, Мамбэт Мадинэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
- КЪАРДЭН Маритэ.