ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МэшбащIэ Исхьэкъ и щIыхькIэ

2019-06-15

  • Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ дэтхэнэ зы адыгэри дызэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхьужь цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар.

  • А Iуэху дахэм кьрихьэлIат Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, АР-м и япэ Президент Джарым Асльэнджэрий, политик цIэрыIуэ, Адыгейм и Iэтащхьэу щыта, Мейкъуапэ дэт технологическэ университетым и ректор ТхьэкIушынэ Аслъэн, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Билайн» компанием и Налшык къудамэм и унафэщI Шыхъуэстэн Абдулхьэмид сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Адыгэ лъэпкъ литературэм и шупашэ тхьэмадэм хуэгъэза псалъэ гуапэ куэд щыжаIащ а пшыхьым. Щхьэхуэу и гугъу ящIащ Исхьэкь литературэм, лъэпкъ зыужьыныгъэм хуищIа хэльхьэныгъэхэм.
  • ГуфIэгъуэ пшыхьыр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
  • ЩОМАХУЭ  Залинэ.