ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар

2018-03-15

  • Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу
  • Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ.
  • Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
  • Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар.
  •  Мыкъуэжь Анатолэ.
  •  Дыгъуасэ, гъатхэпэм и 14-м, КъБР-м ПечатымкIэ и унэм зэIущIэ дахэ щекIуэкIащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым ирагъэблэгъащ ди республикэм и курыт школхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щезыгъэдж лэжьакIуэ гуп. Зэхыхьэм и жэрдэмщIакIуэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр.
  •  
  • ЕгъэджакIуэхэм нэмыщI, зэхуэсым кърихьэлIащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан, «Iуащхьэмахуэ» литературэ журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ, абы и къуэдзэ ХьэIупщы МуIэед, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэр.
  • ГуфIэгъуэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Къызэхуэсахэм Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ ар.
  • — Бзэмрэ псэмрэ зы чысэм илъщ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэми игъэнэхъапэ фIыгъуэхэм ящыщщ и анэдэлъхубзэр, и лъэпкъ хабзэр. Зыми пэдмыщI лъапIэныгъэщ ди дежкIэ адыгэбзэр — лъэпкъыр лъэпкъыу къыщIалъытэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр, абы и блэкIари и нобэри бэм къезыгъащIэ, и къэкIуэнум хуэгъэпса мурадхэр зэраубзыху Iэмал нэхъыщхьэр, — къыхигъэщащ ХьэфIыцIэм. — Ди анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр псэкIэ зыхащIэу, адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи игъэпIейтейхэм ящыщщ адыгэбзэр езыгъэджхэр. Апхуэдэ цIыху зыбжанэ къедгъэблэгъащ нобэ ди хасэм, махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуну, зэфIах лэжьыгъэ купщIафIэхэм папщIэ фIыщIэ ин яхуэтщIыну.
  • Тхьэмадэм и псалъэхэр даIыгъыу, абы къыпащэу, зэхуэсым къыщыпсэлъащ Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ, Табыщ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэхэм я унафэщIхэу Уэрдокъуэ Женя, Жыласэ Маритэ, Къумахуэ Аслъэн, Блий Залинэ, КъАХ-м и унафэщIым и къуэдзэ Щоджэн Iэминат сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм жаIа псалъэ гуапэхэм къыкIэлъыкIуэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ яритащ щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэнымкIэ, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIэзых егъэджакIуэхэм. Апхуэдэхэт Жэмбэч Маринэ (Алътуд къуажэм дэт курыт школ №2), Уэркъуасэ Иринэ (Налшык къалэм дэт гимназие №4), Ахъмэт Рустам (Псыншокъуэ къуажэм дэт курыт школ), Iухъу Аллэ (Тэрч къалэм дэт гимназие №1), Къардэн Олеся (Шэджэм къалэм дэт курыт школ №1), ХьэцIыкIу Раисэ (Урыху къуажэм дэт курыт школ №2), Къуэныкъуей Раисэ (Лашынкъей къуажэм дэт курыт школ №1), Къэзанш Нинэ (Налшык къалэм дэт курыт школ №20), МахуэлI Ларисэ (Налшык къалэм дэт курыт школ №20), Махуэ Маринэ (Налшык дэт гимназие №1), Нэзэр Марьянэ (Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №9), Нартокъуэ Беслъэн (Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №3-м и унафэщI).
  • ЯгъэлъэпIа егъэджакIуэхэм къабгъэдэкIыу зэхуэсым фIыщIэ псалъэ щыжаIащ Жэмбэч Маринэрэ Нартокъуэ Беслъэнрэ.
  • ГуфIэгъуэ зэIущIэр щызэхуищIыжым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ анэдэлъэхубзэр езыгъэджхэм я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным Къэбэрдей Адыгэ Хасэми «Адыгэ псалъэми» дапщэщи гулъытэ хэха зэрыщыхуащIыр. Адыгэ тхыбзэм и махуэр псоми угъурлы яхуэхъуну къызэхуэсахэм ар иджыри зэ ехъуэхъуащ.
  • КЪАРДЭН Маритэ.
  • Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ.