ДАХ-м пщIэ яхуещI
2021-05-15
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэ.
- Зэхуэсым кърагъэблэгъат Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Багъ Сэфудин, Герасименкэ Нинэ, Долбня Борис, Калабуховэ Валентинэ, Ламырдон Хьэсэнбий. Апхуэдэуи зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу Баах Сергей, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Зумакулов Борис, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Джылахъстэней и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэрэф Мурадин, нэгъуэщIхэри.
- Кърагъэблэгъа нэхъыжьхэм фIыщIэ хуащIащ фашизмэм текIуэным хэлъхьэныгъэныгъэшхуэ зэрыхуащIам папщIэ икIи узыншагъэ быдэ яIэну, илъэс куэдкIэ псэуну ехъуэхъуахэщ.
- ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий гуфIэгъуэ зэхыхьэр къыщызэIуихым абы хэт псоми махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм фIыщIэ яхуищIащ хахуэу хэкур зэрахъумэжам, лIыхъужьыгъэ къызэрагъэлъэгъуам папщIэ.
- — Дэтхэнэ зым ди дежкIи Накъыгъэм и 9-р махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. ТекIуэныгъэм и махуэм дэ псори дызэкъуегъэувэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Урысей псор ефIэкIуэным, абыхэм щыпсэухэм нэхъри заужьыным хуэунэтIа IуэхуфIхэр длэжьыным дытрегъэгушхуэ! Ди къэралыгъуэ лъэщым хузэфIэкIащ зауэм и мыгъуагъэ псоми пхыкIын икIи ар дэтхэнэ зыми фи фIыгъэщ, — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ветеранхэм захуигъазэри. — Дэ фIыщIэшхуэ фхудощI къэвгъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэм папщIэ. Ди щхьэр лъахъшэу фхудогъэщхъ дэтхэнэ зыми! Сыт хуэдиз илъэс дэкIами, фи щIыхьыр, фи къэмылэнджагъэр, фи къару фызэремыблэжар игъащIэкIи щытынущ къытщIэхъуэ щIэблэм я гъащIэ гъуазэу. Ди гуапэщ узыншагъэ быдэ фиIэну.
- Ветеранхэм апхуэдэуи ехъуэхъуащ Нэхущ Заурбийрэ Зумакулов Борисрэ.
- Нэхъыжьхэри къыщыпсэлъащ пщыхьэщхьэм. Абыхэм ягу къагъэкIыжащ зауэ зэман хьэлъэр, я гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Зауэр зэриухрэ илъэс куэд дэкIыжами, абыхэм фIыуэ ящIэж фронтым щагъэкIуа махуэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ артист цIэрыIуэхэр ветеранхэм къахуэфащ, усэхэм къахуеджащ, ахэр уэрэдхэмкIэ ягъэгуфIащ, езыхэри яфIэфIу ядежьууэ, Iэгу яхуеуэу яхэсащ.
- Зэхыхьэм кърихьэлIахэм махуэшхуэ Iэни къыхуащтащ, нэхъыжьхэм фэеплъ саугъэтхэмкIэ, удз гъэгъахэмкIэ яхуэупсащ, ерыскъы щIэщыгъуэхэри хузэралъхьащ.
- Ветеранхэм я гуапэ дыдэ хъуащ апхуэдэ гулъытэр икIи зэхыхьэр зи жэрдэмхэм фIыщIэ хуащIащ, ехъулIэныгъэхэр яIэу адэкIи лэжьэну зэрагуапэри къыхагъэщащ.
- ГуфIэгъуэ пшыхьым и кIэухым зэгъусэу сурэт зэтрагъэхащ.
- ДЖАТЭ Къантемыр.