ЩIалэгъуалэр псейм доджэрэз
2017-12-30
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ТхыдэмкIэ, филологиемрэ СМИ-мкIэ и институтым и щIыхьэпIэм деж щызэхаша университетпсо ИлъэсыщIэ бал щекIуэкIащ. Маскэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIулъ, щыгъын хэхахэр зыщыгъ щIалэгъуалэр щызэхуэсат мы гъэм етхуанэу ирагъэкIуэкI апхуэдэ гуфIэгъуэ пшыхьым.
- Пшыхьыр къызэIуахащ вальс къэфэкIэ дахэмкIэ. ГъэщIэрэщIарэ зэщIэпщIыпщIэу утыкум ит илъэсыщIэ псейм еджэрэзэкIыу къэфащ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Абыхэм ехъуэхъуну гуфIэгъуэм зыкърихьэлIат КъБКъУ-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и проректор Къумыкъу Iэуес.
- — Мыпхуэдэ ИлъэсыщIэ балыр ди университетым и щIымахуэ нэщэнэ хъуащ. Мы гуфэгъуэм еджапIэ нэхъыщхьэм къыщIихьэ хуэдэщ телъыджэ гуэрхэр. ЩIалэгъуалэр хуабжьу фыщогуфIыкI зэхыхьэм. Дэри фэ дывдогушхуэ, — жиIащ Къумыкъум. — Си гуапэу сынывохъуэхъу ИлъэсыщIэ къэблэгъамкIэ! Узыншагъэ, дэ-рэжэгъуэ, ехъулIэныгъэ фэри фыкъызыхэкIа унагъуэхэми фиIэну!
- Псэлъам Iэгуауэ ин хуаIэта нэужь, утыкур хуит хуащIащ полонез къэфэнухэм. Адыгэ уджхэшым ещхь а къафэм хэтащ маскэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIулъ пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ. Студентхэм я хьэщIэ лъапIэхэм ящыщт КъБР-м и «Камерата» оркестрыр. Абы игъэзэщIащ ХIХ лIэщIыгъуэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ макъамэхэр.
- Щхьэр зыгъэуназэ вальсым, гупсэхугъуэ къозыт полонезым жыджэр къищIа студентхэр джэгуащ, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ. Куэдым ягу ирихьащ ди сабиигъуэм дызэрыджэгуу щыта «Псынэпс цIыкIу» джэгукIэр. ГурыщIэ къабзэхэм зэщIаIэтэ зи щIалэгъуэхэм гъусэ зызэхуащIурэ «псынэм» и пэ дыдэм къиувэжырт.
- Пшыхьым и кIэухыу белджылы ящIащ нэхъ дахэу къэфа щIалэмрэ пщащэмрэ. ГуфIэгъуэм и Пащтыхь хъуащ медицинэ факультетым и студент Баталов Нурлан. Пщыгуащэу къалъытащ ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым и студенткэ Чучуевэ Лейла.
- ГуфIэгъуэм и кIэухыу уафэм драгъэлъэтеящ илъэсыщIэ хьэрэкIытIэхэр.
- Къардэн Маритэ.