Лъэпкъым и щIыгу
2018-04-19
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иубзыхуа «Анэдэлъхубзэм и мазэ» лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щрагъэкIуэкI абы теухуа зэхыхьэхэр. Гукъинэжу икIи щIэщыгъуэу махуэшхуэ щызэхэтащ Аруан щIыналъэми.
- «Лъэпкъым и щIыгу» („Этносфера“) арат фIащар а зэхыхьэм. Аруан щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьэри, курыт еджапIэхэм бзэмрэ щэнхабзэмрэ ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ ягъэлъэгъуащ абы хэтахэм.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ Аруан щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Жэрыщты Олег, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЛъэпкъыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, Аруан щIыналъэм щыIэ Адыгэ хасэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий, Тэрч къалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Iуэхъу Аллэ, Кэнжэ къуажэм дэт 20-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къэзанш Нинэ, Аруан щIыналъэм методикэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и центрым и унафэщI Балъкъэр Альбинэ, абы и лэжьакIуэ ХьэщIэлI Зое, усакIуэ, уэрэдус, журналист Вындыжь Марие, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, Аруан щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Бэлахъуэ Хьэсэнбий, къуажэдэс нэхъыжьыфIхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, адэ-анэхэр.
- Махуэм зэфIагъэкIыну яубзыхуахэр къызэIуахащ Нарткъалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и пэIущIэм щагъэува гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ. Лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэу щыта Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ зэхуахьэсат къуажэ зэхуэмыдэхэм щыщ курыт еджапIэхэм.
- Гъэлъэгъуэныгъэм щыгъуазэ зыщIыныр зэрызэфIэкIыу, пшыхьыр фIэхъус псалъэкIэ къызэIуихащ Аруан щIыналъэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэны- гъэм и унафэщI Хъуэст ФатIимэ. Абы къыхигъэщащ «Анэдэлъхубзэм и махуэр» дунейм щIыщагъэлъапIэмрэ абы ират мыхьэнэр зыхуэдэмрэ. Бзэуэ пщIэм я щIыIу уи анэдэлъхубзэр ибгъэувэн зэрыхуейр жиIащ Хъуэстым. Абы къекIуэлIахэм захуигъэзащ къыдалъхуа бзэм пщIэ, хуэфащэ гулъытэ хуащIыну, къабзэу, екIуу зэрахьэну, ирагъэфIэкIуэну.
- — Анэдэлъхубзэр хъумэныр езыри щIэныгъэшхуэ ирокъу, — жиIащ Табыщ Мурат. — Дапщэщи пщIэрэ щхьэрэ зиIэр къыдалъхуа бзэм ирипсалъэхэращ, ар IэщIыб зыщIым е нэмыплъ езытым дзыхь хуащIуи, щыхьэту ираджэуи щытакъым. Упсалъэ къудейкIэ ирикъуркъым, бзэр езыр къыбдэшэрашэу щытын хуейщ, абы щхьэкIэ узыхуэныкъуэри зыщ — щIэныгъэщ.
- АдэкIэ утыкур еджакIуэхэм хуит хуащIри, къекIуэлIахэм адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэр, уэрэдхэр, къафэхэр ирагъэлъэгъуащ. Пшыхьыр дахэу ирагъэкIуэкIащ Нарткъалэ дэт 1-нэ лицейр къэзыухахэу Хъуэст Алимрэ Жыласэ Эвелинэрэ, абы щеджэхэу Абазэ Алинэрэ Сунш Дианэрэ.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэр Аруан щIыналъэм еджапIэу итым я зэхуэдэ Iуэхуу къэлъытапхъэщ. Абы и щыхьэтщ къуажэ къэс зы Iыхьэ гуэркIэ пшыхьыр гукъинэж къызэрытщащIар.
- Нарткъалэ и еджапIэ зэхуэмыдэхэм щIэсхэу екIуу гуфIэгъуэ пшыхьым хэтахэщ «Синдика», «Уэркъ къафэ», «Къафэ» къэфакIуэ гупхэр, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Безрокъуэ Руслан, Джатэгъэжь Катя, Нот ФатIимэ, Сокъур Миле- нэ сымэ, «Гущэхэпхэ», «Жьым фымыщI и жагъуэ» теплъэгъуэ купщIафIэр къэзы-гъэлъэгъуа еджакIуэхэр.
- Пшыхьым жыджэру хэтащ Псыгуэнсу къуажэм дэт еджапIэхэм щыщхэри. Абыхэм ягъэлъэгъуащ «Пасэрей къафэр», «Къафэр». «Гуащэ-щыкъу анэ» гушыIэ теплъэгъуэм дахэу щыджэгуащ еджакIуэхэу Лъхукъуэщауэ Рахимэрэ Барий СулътIанрэ.
- Джэрмэншык къуажэм къикIа еджа-кIуэхэм «Нысашэ» дауэдапщэм теухуа теплъэгъуэр егугъуу ягъэхьэзырат. НысащIэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ Iыхьэр нэгузыужьт.
- КъекIуэлIахэм я гур я макъ жьгъырумкIэ яхьэхуащ Дохъушыкъуей къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу ГъуаплъащIэ Миланэрэ Мамэ Алимрэ.
- Гухэхъуэу загъэхьэзырат Къэхъун къикIа ныбжьыщIэхэми. Шортэн Аскэрбий и «Телефон псэлъэкIищ» рассказым къытращIыкIа монолог-гъэлъэгъуэныгъэм екIуу щыджэгуащ ХьэхъупащIэ Дианэ. Анэм теухуа уэрэд дахэ жиIащ ХьэхъупащIэ Миланэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэхэм зэрахьэу щыта, нобэ ди гъащIэм хэдмылъэгъуэж хабзэ дахэхэр еджакIуэхэм узыIэпишэу зэрыдагъэлъэгъуар. Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм къикIахэм «ЩIопщакIуэ» хабзэр, Аруан къуажэм щыщхэм «Тхьэшхуэгухьэж» дауэдапщэ теплъэгъуэхэр удахьэхыу ягъэуват. Ди лъэпкъ хабзэхэм ящIэлъ купщIэм, гъэсэныгъэ куум я нэщэнэ куэд къыхэщырт абыхэм. Апхуэдэу пшыхьыр нэгузыужь тщызыщIахэм ящыщщ Псынабэ къикIахэм «Уэркъ къафэ», Шытхьэлэ къикIахэм «Уджпыху» къафэжьхэр дахэу утыкум зэрыщагъэзэщIар. Псыкуэд къикIа еджакIуэхэм «Адыгэ къуажэ» уэрэдымкIэ пшыхьыр ягъэдэхащ.
- ЗэIущIэм хэтахэм фIыщIэ тхылъкIэ тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Нало Заур и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэмкIэ яхуэупсащ.
- Тхыгъэри сурэтри
- ТАБЫЩ Динарэ ейщ.