ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр'

Адыгэшымрэ адыгэлIымрэ папщIэ

2017-09-22

  • Адыгэхэм я махуэм хуэгъэпсауэ Налшык и ипподромым фокIадэм 20-м щекIуэкIащ зи чэзу шыгъажэ махуэр. Абы къыщапщытащ адыгэшхэр, хьэрыпышхэр, инджылыз-адыгэшхэр. Шыгъажэр егъэкIуэкIыныр даIыгъащ Бахъсэн район щIыпIэ администрацэмрэ «Налшык» хьэлвэ заводымрэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ГуфIэгъуэ репортажхэр

2017-09-09

  • Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъ нэщэнэхэр
  • ЦIыху куэд кърихьэлIэу, нэгузыужьу икIи гукъинэжу щытащ Къэбэрдей-Балъкърыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ утыкум щекIуэкIа махуэшхуэ зэхыхьэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

2017-08-23

  • УФ-м и Президентым  и  полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Белавенцев  Олег  Урысей Федерацэм  и  Къэрал ныпым и махуэм  и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
  • Си хэкуэгъу лъапIэхэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэ!
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу гуфIэгъуэшхуэмкIэ — Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэмкIэ!
  • Хужь-щIыху-плъыжьыфэ урысей ныпыр, зи тхыдэр Пётр Езанэм иригъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм къыщежьэр, нобэ я дамыгъэщ ди Хэкум и лъэщагъымрэ ар зыми и унафэм зэрыщIэмытымрэ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Бахъсэн щIыналъэм егъафIэ

2017-07-05

  • НыбжьыщIэхэм курыт школыр къызэраухым хуэщIа гуфIэгъуэ пшыхьхэр щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм. Абы къыкIэлъыкIуэу район администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанэмэт Руслан ирагъэблэгъащ еджэным къыхэжаныкIа, дыщэ медалкIэ курыт школыр къэзыуха ныбжьыщIэ 81-рэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Гулъытэ лъагэ

2017-06-29

  • Урысей Федекрацэм и щIалэгъуалэм я махуэр ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхуэс щекIуэкIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм. Районым и администрацэм и пресс-IэнатIэм      и лэжьакIуэ Щокъуий Iэминэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, администрацэм и унэм къыщызэрагъэпэща махуэшхуэ зэIущIэм щагъэлъэпIащ зыщеджэ школхэр, я егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр, зыщыщ къуажэхэр, Дзэлыкъуэ щIыналъэр я текIуэныгъэхэмкIэ, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэмкIэ зыIэта гупышхуэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Дэрэжэгъуэр я нэгум къощ

2017-06-28

  • Курыт школхэр къэзыухахэм къыхузэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхьхэр, дэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щекIуэкIащ. Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэхэм ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ нэмыщI, жыджэру хэтащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, щIыпIэ унафэщIхэр, адэ-анэхэр, нэхъыжьыфIхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Куба и вагъуэхэр

2017-05-30

  • Куба къуажэм щыпсэухэм Iэтауэ ягъэлъэпIащ я жылэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 275-рэ зэрырикъум егъэщылIа гуфIэгъуэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Пионер накъырэмакъым ноби ди псэр допIейтей

2017-05-25

  • Накъыгъэ мазэр къулейщ къэралпсо мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэмкIэ. Мамырыгъэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр тIэта къудейуэ, къэсащ икIи дгъэлъэпIащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэр. МахуипщI нэхъ дэмыкIыу ди къэралым и щIыналъэ куэдым щаIэтащ къыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэр: Пионерхэм я зэгухьэныгъэр къызэрыунэхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъуар. Абы теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр къыщызэрагъэпэщат Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Илъэси 110-рэ хъу гъуэгуанэ

2016-11-17

  • Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм дэт курыт школ №2-м иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ гуфIэгъуэ зэхуэс ин. Ар теухуауэ щытащ еджапIэр илъэси 110-рэ зэрырикъум. Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Улымбащ Лерэ хъыбар къызэ_рыдигъэщIамкIэ, махуэшхуэ зэIущIэм кърихьэлIат районым, жылэм я унафэщIхэр, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр, а школыр къэзыухауэ щытахэр, егъэджакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

КIыщ Мухьэдин ягъэлъапIэ

2016-11-09

  • Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием иджыблагъэ утыку къыщрахьащ КIыщ Мухьэдин илъэс 75-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ абы и творчествэм теухуауэ ягъэхьэзыра «Лъагъуныгъэм и гъуазджэ» монографиер. Ар зи Iэдакъэм къыщIэкIа, философие щIэныгъэхэм я кандидат, ХудожествэхэмкIэ академием и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ Ступин Сергей тепсэлъыхьыжащ ди лъахэгъу цIэрыIуэм теухуа тхылъыр зэригъэхьэзыра щIыкIэм.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

«Си гур сабийхэм язот!»

2016-10-11

  • Апхуэдэу зыфIаща гуфIэгъуэ зэхыхьэ жэпуэгъуэм и 5-м Бахъсэн куейм щекIуэкIащ ЕгъэджакIуэхэм я махуэм и щIыхькIэ. Пшы-хьым хэтащ щIыпIэ администрацэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ къудамэм я лэжьакIуэ-хэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджакIуэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Хьэлэмэту, щIэщыгъуэу

2016-10-11

  • КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжым Iэтауэ щагъэлъэпIащ ЕгъэджакIуэм и махуэр. IэщIагъэм  епха а махуэшхуэмрэ колледжым и махуэмрэ зэтехуати, педколледжым и егъэджакIуэхэми студентхэми ялъэкI къагъэнакъым ар дэтхэнэми гукъинэ щыхъунымкIэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ЩIэныгъэм и щIыхькIэ

2016-10-08

  • Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм жэпуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъум теухуа зэхыхьэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ

2016-10-08

  • ДэнэкIи хуэдэу, жэпуэгъуэм и пэщIэдзэхэм ди республикэми щаIэтащ ЕгъэджакIуэм и махуэшхуэр. Зи гуащIэр щIэблэм яхуэзыгъэпсхэм, зи псэ хуабагъымкIэ сабийхэм ядэгуашэхэм яхуэгъэзат КъБКъУ-м егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ и институтым (ИПК) къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэри.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Урысей энергетикэм и лъагъуэхэш

2016-09-28

  • Бахъсэн ГЭС-м и япэ агрегатыр зэраутIыпщрэ илъэс 80 зэрырикъур фокIадэм и 23-м абы            и хэщIапIэм щагъэлъэпIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

« Раньше