Лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэгъэнщIа
2019-09-28
- Мы гъэм илъэс 15 мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ.
- Ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ а махуэшхуэр. Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм махуэку блэкIам къыщызэрагъэпэщащ щIыналъэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм псэ хьэлэл лэжьыгъэкIэ къыщыхэжаныкIа IэщIагъэлIхэр, ветеранхэр зрагъэблэгъа гуфIэгъуэ пшыхь. Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м и Iэтащхьэм деж Сабийм и хуитыныгъэмкIэ щыIэ уполномоченнэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Карныш Сергей, КъБКъУ-м и педколледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, нэгъуэщIхэри.
- Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Аттаев Азноррэ Хьэгъэжей Иринэрэ. Къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, ахэр кIэщIу къытеувыIащ абы къежьапIэ хуэхъуауэ щыта Iуэхугъуэхэм.
- — Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Симонович Аделаидэ Петербург 1863 гъэм япэ дыдэу къыщызэIуихауэ щытащ илъэси 3-8-хэм ит сабийхэм папщIэ гъэсапIэ. ЦIыкIухэр зэрыщаIыгъым, зэрыщагъэджэгум къыдэкIуэу, абыхэм ирагъащIэрт тхэкIэрэ бжэкIэрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа пэщIэдзэ щIэныгъэ иратырт. ЯпэщIыкIэ абы кIуэфу щытар унагъуэ къулейхэм я бынхэращ. ИужькIэ, 1868 гъэм, Петербург къыщызэIуахащ япэ пщIэншэ гъэсапIэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм нэхъыфIу зыщиужьар ди къэралым Жэпуэгъуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуа нэужьщ. 1918 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэсапIэ IэнатIэхэр хъуащ къэралым иригъэкIуэкI егъэджэныгъэ политикэм и зы Iыхьэшхуэ. ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм ирихьэлIэу ди къэралым а IэнатIэмкIэ щызэтеуват дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Iуэху зехьэкIэ пэрыт, — къыхагъэщащ абыхэм. — Мы зэманым ди гъэсапIэхэм щызэфIах лэжьыгъэр хуэгъэпсащ махуэ къэс зызыхъуэж, зызыужь гъащIэм декIуфын, пэщIэдзэ щIэныгъэ, гупсысэ хэха, я ныбжьым елъыта Iуэху еплъыкIэ зиIэ щIэблэ зэчиифIэ къэгъэхъуным.
- Махуэшхуэр зыхуэгъэпсахэм япэу ехъуэхъуащ Къумыкъу Iэуес. Абы зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щыIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм ядэлажьэ гъэсапIэ 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, гудзакъэ зиIэ гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр.
- — ГъэсакIуэу улэжьэн папщIэ, псэ хьэлэлу, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэпщIэу, шыIэныгъэ ин пхэлъу уи IэнатIэм упэрытын хуейщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым сабийхэм яхэлъ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр наIуэ къащIын папщIэ, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу къагъэтэджын щхьэкIэ, ди гъэсакIуэхэм яхэлъ зэфIэкIхэм я лъагагъэр, — жиIащ абы. — Гупу зэрыIыгъыным, гъащIэм хэлъ хабзэхэм тетыныр цIыкIухэм я хьэлым хапщэф гъэсакIуэхэм. Апхуэдэ дуней еплъыкIэм мыхьэнэшхуэ иIэнущ ахэр школым кIуа нэужьи.
- — Иджырей гъэсапIэхэр — ар сабийхэр щаIыгъ унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгубдзаплъу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гупхэщ, щIэблэм гъэсэныгъэфIрэ пэщIэдзэ щIэныгъэрэ щрат IэнатIэщ. ГъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэтыным хущIокъу ар зи пщэрылъ псори, — жиIащ Емуз Нинэ къыщыпсалъэм. — Зи щIэныгъэри зэфIэкIри щIэблэр гъэсэным тезыухуа фэ цIыху псэ къабзэхэм сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ. Сабийхэм яхувиIэ лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа фи дэтхэнэ махуэри пщIэрэ гулъытэрэ къыфхуэзыхьыж фхуэхъуну си гуапэщ.
- ГъэсакIуэхэм апхуэдэу ехъуэхъуащ Карныш Сергеи.
- Пшыхьым щагъэлъэпIащ республикэм и гъэсакIуэфIхэр, сабий IуэхущIапIэхэм я унафэщI пашэхэр. Абыхэм ящыщщ республикэм и щIыналъэхэм зи зэфIэкIкIэ къыщыхэжаныкIахэу Алътуд Мадинэ (Лэскэн), Iэчымокъуэ Лидиерэ Газаевэ Альбинэрэ (Шэджэм), Щхьэныкъуэ Заремэрэ БжэныкIэ Зулеттэрэ (Дзэлыкъуэ), Шыгъушэ Светланэ (Май), Хъарзынэ Маринэрэ Мельниченкэ Еленэрэ (Прохладнэ), Отаровэ Хьэлимэтрэ Элекуевэ Натальерэ (Iуащхьэмахуэ), Жэмбей Заремэ (Аруан), Лъыуасэ Оксанэрэ Ираз ФатIимэрэ (Тэрч), Iэутлъэ Мадинэ, КъуэщIысокъуэ Ларисэ, Ныбэжь Эммэ, Быф Iэминат, Васильевэ Ольгэ сымэ (Бахъсэн), Зэбэч Iэсиятрэ Гуппоевэ Iэсиятрэ (Шэрэдж), Белъто Айнэрэ Таукъуэ Таерэ (Налшык), нэгъуэщIхэри.
- Куэдым яфIэхьэлэмэтащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гуфIэгъуэм къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэр. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Амикс», «Каллисто», «Бзэрабзэ», «Шэджэм», «Вагъуэ шыр» гупхэм, уэрэджыIакIуэхэу Шал Хъусен, ЦокIыл Азэмэт, Жаникаев Елдар сымэ, нэгъуэщIхэми.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Сурэтхэр ХОЛАЕВЭ Любэ трихащ.