ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ажалищэм къела

2020-07-11

  • Къамэ дзитI зыIуту,
  • Ар хэтащ зауищым,
  • Уащхъуэ гъуэгу къриту,
  • Къелащ ажалищэм.
  • Финляндием и мэзым
  • ЩыхьэщIащ зекIуэлIыр,
  • Абдеж шэгын гъуэзым

  • Щепэмащ зауэлIыр.
  • Мэзкуу зыхъумахэм
  • Яхэтащ жыджэру,
  • Фашист щхьэрыуахэм
  • Игъэжащ ялъ уэру.
  • Сталинград зэхэуэм,
  • Хэтащ и гуащIэгъуэм,
  • Жэщ топхэр щымыуэм,
  • Ар ещакIуэт благъуэм.
  • ТIасхъэщIэх псэхэхыу,
  • Бийм я щIыб къыдыхьэт,
  • Есахэр щхьэфIэхыу,
  • ХыщIэу игъэпыхьэт.
  • Самурай нэкъитхъми
  • Лъигъэсащ хуэфащэ.
  • Мухьэб мыщхьэщытхъуми,
  • Зэпичат гъуэгуищэ!
  • ИтIани игу пхъэхауэ
  • Псэуфащ зекIуэлIыр,
  • Игу бийм тепщэхауэ,
  • Псэхужащ зауэлIыр.
  • Дэрмывэм и лIыгъэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр щыгъэтауэ, Совет Союзу щытами цIыху куэд щыбгъуэтынкъым Фин зауэми, Хэку зауэшхуэми, Япон зауэми лIыгъэ хэлъу хэтауэ, псэууэ къыхэкIыжауэ.
  • Таурыхъхэм щаIуатэм ещхь апхуэдэ гъуэгуанэ хьэлъэ зэпичу и Хэку узыншэу къекIуэлIэжахэм ящыщщ КъШР-м и къалащхьэ Черкесск щыпсэуа Дэрмывэ Мухьэб Хьуд и къуэр. Ар Краснодар крайм хыхьэ Кургъуокъуей къуажэм 1914 гъэм къыщалъхуащ. 1930 гъэхэм абы пэщIэдзэ еджапIэр Успенскэ станицэм къыщиухри, мэзхъумэхэр щрагъаджэу Владикавказ дэт техникумым щIэтIысхьащ.
  • ЕхъулIэныгъэфI иIэу Мухьэб техникумыр къиуха нэужь, Ермэлыхьэблэ дэта, Дзэ Плъыжьым папщIэ офицерхэр щагъэхьэзыр училищэм ящтащ. Ар щытхъу тхылъкIэ къиухри, Ленинград дзэ округым взводым и унафэщIу ягъэкIуащ. Офицер щIалэм куэд дэмыкIыу къыщIихуащ Фин зауэм и гъуэзыр. Абдеж къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ акъылым-рэ къапэкIуэу ар ягъэуващ тIасхъэ-щIэх взводым и унафэщIу, и япэ Вагъуэ Плъыжь орденри и бгъэм къыщылыдащ.
  • 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм абы къыхуагъэфащэ тIасхъэщIэх ротэ щхьэхуэ, бийм и щIыб Прибалтикэ Iэшэлъашэм щызэуэну. ЩIалэм и пщэ къралъхьэр пылъхьэншэу зэригъэзащIэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр етIуанэу кърат, лейтенант нэхъыжь цIэри щIыгъуу.
  • Прибалтикэ щIыналъэм абы и ро-тэр щызэуащ 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм нэс. А зэманым бийм Мэз- куу къищтэныр къалэн нэхъыщхьэу игъэуват, дзэ къыхэхауэ, зэуэным нэхъ хуэкъулейуэ иIэр къриутIыпщати, Мухьэб и тIасхъэщIэх ротэр абыхэм я щIыбым дагъэувэ.
  • Мэзкуу епщIа дзэр зэтекъутэным Дэрмывэм и ротэм хилъхьа гуащIэмрэ лIыгъэмрэ я щыхьэту, ди хэкуэгъу щIалэм Вагъуэ Плъыжь орденыр ещанэу къыхуагъэфащэ. А орденыр еплIанэу Мухьэб къыщилъэщащ Сталинград и Iэшэлъашэм щекIуэ- кIа зэхэуэ иным.
  • 1944 гъэм нэмыцэр Хэкум ихужын щыщIадзам, Мухьэб къыщохутэж Прибалтикэм. Абдежым тIасхъэщIэх ротэм я унафэщIым къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр етхуанэу кърат. «Хэку зауэ» орденым и япэ нагъыщэр абы къилэжьащ илъэсиплIкIэ зыпэщIэта бийр къызэрыкIауэ щыта гъуэмбым щраукIыхьыжам.
  • 1945 гъэм Мухьэб зауэр иухакъым, адрей куэдым хуэдэу. Абы къыхудэхуащ и лIыгъэмрэ и акъылым и жанагъымрэ япон сэлэтхэм яригъэлъагъун. А зэманым Дэрмывэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къратыну лъэIу тхылъ и командирхэм ягъэхьэзырат, ауэ ар зигу темыхуахэр къыкъуэкIри, адыгэлIым къилэжьа цIэр Бэракъ Плъыжь орденкIэ зэрахъуэкIыжащ, майор нагъыщэри къыхущIагъужащ.
  • Зауэ нэужьым Мухьэб и къулыкъур дзэм щрихьэкIащ 1956 гъэм нэсыху. А гъэм Хрущёвым офицер куэд дзэм къыхигъэкIауэ щытащ. Мухьэби абыхэм яхэхуэри, 1957 гъэм Черкесск къалэм къигъэзэжащ.
  • Абы и ордениблым къадэкIуэу, зауэм къыщилъэща медаль зыбжа-ни иIащ. Зауищым я лIыхъужь ха- хуэр 1985 гъэм дунейм ехыжащ. Ауэ къэнащ и лIыгъэм щыхьэт техъуэ орденхэр, медалхэр, ахэр щIэзыплъыкIын, иригушхуэн, ириинын къуэрылъхухэр, Iыхьлыхэр, лыджанэхэр. Апхуэдэу щыхъукIэ, Мухьэб езыр къытхэмытыжми, фэеплъ мыкIуэдыжын дунейм къытринащ.
  • ГЪУКIЭКЪУЛ Даут.