ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Махуэ тIощIрэ щырэ

2020-07-03

  • Совет Союзым и Лiыхъужь Левченкэ Василий
  • Уэздыгъэ хьэнэфийкIэ къэгъэнэхуа щIыунэм полкым и унафэщI-хэр щызэхэсщ. Ахэр тегъэхуауэ йодаIуэ майор Левченкэ Василий жиIэм. Псалъэмакъыр и кIэм нэблэгъащ: «Батальонищым япэ итынущ Бурцевым ейр, адрей тIур нэхъ иужьыIуэкIэ псым нытохьэ. ЩIэупщIэн щыIэ?»

  • — Сэ хуит сыщI, — зыкъеIэтри картэм бгъэдохьэ Бурцевыр. — Ныбжьэгъу майор, Днепр дызэпрыкIынкIэ — дызэпрыкIынщ, ауэ мыбдежыр, мы дызытехьэну Iуфэр, джафэщ. Нэхъ ипщэIуэкIэ, мэзылъэ хуэдэу щыт щIыпIэм деж, псым дыщыхэкIамэ мынэхъыфIу пIэрэт?
  • — ЯпэщIыкIэ сэри арат зытезу- хуар. Ауэ фашистхэми делафэ иуплъ хъунукъым. Ахэр нэхъ къыщытпэплъэр мыбыкIэщ. Пэжщ, нэмыцэхэр псы Iуфэ псом декIуэкIыу къыщытпэтIысащ, я щхьи щотхъуж «БыдапIэ зэфэзэщу етщIэкIам зылI къыфIэкIыфынкъым» жаIэри. Ауэ щIыналъэ мащIэ къатетхыжа, ахэр я щхьэ щытхъужурэ?
  • — ГурыIуэгъуэщ, ныбжьэгъу майор.
  • — НетIи зэ жысIащ: цIыхур фхъумэ. А фыздикIынум деж къэкIыгъэ темытми, ныджэр щIы лъагэщ. Абы зыкъуэвгъэпщкIуэнщ, псори фызэрыгъуэтыжыху. Фызэрыгъуэтыжакъэ, зывмыIэжьэж… ПсымкIэ и пэр къэгъэзауэ зы топи зы пулемёти бийм къыхуэвгъанэ хъунукъым. Мыдрей дзэхэр, зы цIыху яхэмыщIу, Днепр нызэпрыкIыныр къызэвгъэпэщын хуейщ.
  • — Дапщэщ? — къыщIоупщIэ командирхэм ящыщ гуэр. Левченкэ занщIэу жэуап итыжыркъым. Мэгупсысэ. «Пшапэ зэхэуэгъуэщ, деплъынкъэ, — жи, — жэщыр зэрыхъум. Дзэ унафэщIхэм махуищ зэкIэлъыкIуэр пIалъэ къытхуащIащ… Жэщ мазэгъуэу псым дытехьэмэ, Iисраф дащIынущ».
  • — Мазэр еIэжащ, ныбжьэгъу майор, ныжэбэ кIыфIу щытыну хузогъэфащэ, — жеIэ штабым и унафэщI абазэ щIалэ ФызыкIэм.
  • — Деплъынкъэ… Арат, кIыфI хъуамэ. Дапхуэдэу хъуми, хьэзыру фыщыт…
  • Зэрыщыгугъауэ, а жэщыр кIыфI хъуащ. Уэгум щызэрызехьэ пшэхэм мазэр хэсыхьырт зэм пшэхэм къакъуэкIрэ и нур фаехэмкIэ Днепр псышхуэм мащIэу къытепсэу, зэми кIуэдыжрэ дунейр фIыцIагъэ зэфэзэщу къигъанэу. А къыщепс зэзэмызэхэм деж мазэм къигъэнаIуэрт псы щхьэфэм фIыцIагъэ гуэрхэр щызэщIэхъаеу.
  • А жэщым бийри жейртэкъым. ХьэрэкIытIэкIэ щIэх-щIэхыурэ къагъэнэхурт псы щхьэфэр.
  • «Псыр зэхуэдитI тщIащ», — щыжаIэм, дыдейхэр бийм къилъэгъуащ. Фашистхэр зыпэмыплъа Iуэхут я нэгу щIэкIыр — апхуэдизкIэ быдэу зыщагъэбыдат Днепр и ижьырабгъуми, ди зауэлIхэм къракуну я пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым. Арати, нэхъ къулыкъу цIыкIу дыдэ зыIыгъ сэлэт къэрэгъулым езым нэхърэ нэхъыщхьэм, а нэхъыщхьэм езым нэхърэ нэхъыщхьэжым зыпищIэурэ, генералыр къагъэушыжу щIадзащ. Ауэ «Урысхэр Днепр къызэпрокI» зэрыжаIэу «Къыфщыхъуагъэнщ» — жаIэу жэуап къратыжырт. Къазэрыщымыхъуар мыдрейхэм щаIуатэм, унафэ зэхахащ: «Зы урыс зауэлI псым къыхэвмыгъэкI!»
  • — Аращ зи ужь дитыр, Iисрафыр яхыдолъхьэ.
  • Пэжщ, хэкIуадэрт ди зауэлIхэр. АдрыщI ныджэм къиукI топхэмрэ пулемётхэмрэ ди кхъуафэжьейхэм къащылъэIэси, абы исахэр псым щыщIэтIысыкIи щыIэт. Ауэ мыдрейхэр, псэууэ къэнахэр, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ бийр здэщыIэ щIыпIэмкIэ есхэрт…
  • Батальоным и унафэщI Бурцевыр зэрыс кхъуафэжьейр псом япэу ижьрабгъу псы Iуфэм Iухьащ. Ар зауэм фэжьIужь хуэхъужа цIыху пхъашэт, Iэджэ гуауи нэщхъеягъуи и нэгу щIэкIауэ. Ауэ а жэщым зыхуэIыгъакъым — и зауэлI псыхэкIуадэ хъуа къомыр щилъагъум, зыми гу къылъимытэу нэпс щIигъэкIащ: «Iэщэ яIыгъыу щIым щыкIуэдами аратэкъэ, лъэужьыншэу псым итхьэлахэщ». Асыхьэтым ахэр игу къэкI пэтми, ар щыгъуазэт хэкIуэдахэр Днепр лъэмыж зэрыхуэхъунум, а лъэмыжми ди зауэлI минхэр къызэрикIынум.
  • Псы Iуфэм нэсахэм я къалэныр ягъэзащIэу бийм жэщтеуэ хуащIащ. ИкIи ахэр ебгъэрыкIуащ, полкым и командирым зэрыжиIам хуэдэу, псы зэпрыкIыпIэмкIэ гъэзауэ зы топи, зы пулемёти къамыгъэнэху. Полкым и адрей батальонитIри псым зэпрыкIащ, хэщIыныгъэ ямыIэу…
  • МАЙОР Левченкэ и унафэм щIэт полкым и къалэныр хуэгъэзэщIа? Абы и жэуапыр дэ къыщыдогъуэт Левченкэ Совет Союзым и ЛIы- хъужь ящIын папщIэ генерал-майор Пархоменкэ игъэхьэзыра тхылъым. Абы дыкъыщоджэ: «Дзэ Iэтащхьэм я унафэкIэ 1943 гъэм фокIадэм и 25-м и жэщым майор Левченкэ къызэригъэпэщащ полкым цIыхууи мылъкууи иIэр Днепр и ижьырабгъу псы Iуфэм зэпрышыныр. ЗэпрыкIыпIэ гъэхьэзыра зэримыIэм щхьэкIэ къэмынэу, къэбгъэсэбэп хъуну псори — пхъэбгъу зэкIэрыIулIа, бдзэжьеящэхэм я кхъуафэжьей сыт хуэдэхэр — къигъэсэбэпри, биишэхэр къазэрытелъалъэм хуэдэу, зы жэщым полк псор Днепр зэпришащ. Мыдрей дзэхэм зэрыкIуэну гъуэгур яхузэIуихыу, адрыщI ныджэм щиубыда щIыпIэм зригъэубгъуу щIидзащ. Танкхэмрэ кхъухьлъатэхэмрэ къызыдэIэпыкъу биидзэхэм, езым и полкым нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ хъухэм, гуащIэу ебгъэрыкIуэри, Гребень къуажэмрэ Ютки къуажэкIэмрэ яфIиубыдащ. 811-нэ фочауэ полкыр зыдагъэIэпыкъури, 189,9-рэ лъагапIэри бийм фIиубыдащ икIи абы зыщигъэбыдащ.
  • Кхъухьлъатэхэмрэ танкхэмрэ къыдэIэпыкъуу бийр хэней гуащIэу къебгъэрыкIуэжащ а щIыпIэхэм. Ауэ полкым иубыдар зыIэщIигъэкIыжакъым. Абы и командирыр Iэмалшыуэ, лIыгъэ хэлъу, дзэ зешэным хуэIэзэу зэрыщытым къыпэкIуащ а текIуэныгъэр… Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIыну майор Левченкэ хуэфащэщ».
  • Махуэ тIощIрэ щыкIэ езым нэхърэ IэджэкIэ нэхъыбэ хъу бийм пэщIэтащ полкыр. ПэщIэтащ, и зы зауэлI и псэм емыблэжу, хэкIуэдэн щыхъукIи, лIыгъэ яхэлъу лIэуэ. УIэгъэ хъуахэри зэуащ къахуIумыкIыу. ЦIыхур мащIэ здэхъу ротэм е взводым ягъакIуэрт шууей тIасхъэщIэххэр, пщафIэхэр, шыгухухэр, дохутырхэмрэ штаб лэжьакIуэхэмрэ, зауэм Iухьэну гукъыдэж зыщI иджыри мыхъужыпа сымаджэхэр. Фашист щибл зыхэкIуэда, абы и Iэщэ куэд Iисраф щыхъуа а щIыпIэр дыдейхэм яубыдыжа зэуапIэ губгъуэшхуэм и зы щIы кIапэт. Киев и гъунэгъуу мыхьэнэшхуэ зиIэ зэуапIэ IэнатIэ — БукринсккIэ зэджэу щытар — щызэпэщат. Ауэ а лъэныкъуэмкIэ Украинэм и къалащхьэр къащыхуэщтакъым.
  • Советыдзэм и унафэщI нэхъыщхьэм и унафэкIэ, бийм гу къылъимытэу ди дзэм и нэхъыбэр абдеж къытрачри, Киев и адрей лъэныкъуэмкIэ къекIуэкIыу хуожьэ. Зэи къэхъуатэкъым бийм гу къылъимы-тэу апхуэдиз дзэ зауэм къыIуашу нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэныр. Ар дыдейхэм къайхъулIащ Букрин деж къэнахэр нэхъ гуащIэжу езэуэн ирагъажьэри, бийм и къару псори зэщIаIулIащ. Абыхэм я фIыщIэкIэ, я лIыгъэкIэ адрей дзэхэм Киев хуит къащIыжащ. АтIэ Букрин и нэхъ «щIыпIэ Iей дыдэу» къалъытэм деж, жыхьэнмэ дакъэжьым хуэдэу, мафIэм хэту щызэуащ Левченкэ и полкри. Абы деж дзэзешэ Iэзэу, зауэлI хахуэу зыкъыщызыгъэлъэгъуам къыпэкIуэу ди хэкуэгъум, Бахъсэн щыщ лIым къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. Абыхэм, Левченкэ хуэдэхэм, ятеухуауэ а лъэхъэнэм «Правда» газетым тридзэрт: «Иджы фIэкIа зэи къэхъуакъым лIыгъэ зиIэ апхуэдиз цIыхум нэхъ лIыгъэж яIэу апхуэдиз къащыхэкIа»…
  • МАЙОР Левченкэ Василий и полкыр щIыгъуу Австрием нэсащ, Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ иухыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Совет Союзым и ЛIыхъужьым и бгъэм къыхалъхьащ къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр. Дыщэ Вагъуэм щIыгъуу абы къратащ Невскэ Александр, Хэку зауэшхуэм и япэ лIэужьыгъуэ, Ленин орденхэр, «Бэракъ плъыжьу» тIу, медалхэр…
  • Зауэ нэужьым Левченкэ къиухащ Фрунзе и цIэкIэ щыIэ дзэ академиер. «Вагъуэ Плъыжь» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэуи, «Воениздат» тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэуи лэжьащ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.