Къанокъуэ Арсен жиIар егъэзащIэ
2020-04-23
- Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен зэрыжиIам тету, нэкIуIупхъуэ мини 100 ди республикэм къригъашэри, цIыхухэм пщIэншэу хуагуэшащ.
- Карантиным и жыпхъэм емыбэкъуэн папщIэ, Къанокъуэм Интернетым кърилъхьащ нэкIуIупхъуэ хуейхэм зэрызрагъэтхыну телефон номерхэр. Ахэр цIыхухэм я унэхэм, IуэхущIапIэхэм хуэшэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ «Волонтёры-медики» Урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм хэт щIалэгъуалэр. ТхьэмахуэкIэ Бахъсэн, Тэрч, Аруан, Лэскэн, Дзэлыкъуэ, Шэрэдж, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ, Май щIыналъэхэм машинэ 15-кIэ щызэбграшащ нэкIуIупхъуэхэр.
- Мы махуэхэм газет къыдэкIыгъуэр зэпамыгъэуауэ лажьэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэми къаIэрыхьащ нэкIуIупхъуэхэм ящыщ. ФIыщIэ худощI ди сенатор Къанокъуэ Арсен. НомерхэмкIэ псэлъа псоми, зыщыщ къуажэм, къалэм емылъытауэ, Iэрагъэхьэжащ. Иджыри щIэлъэIу щыIэщ нэкIуIупхъуэхэм. Ахэр дяпэкIи республикэм щызэпэубыдауэ щытынумэ, къригъэшэну и мурадщ Къанокъуэм.
- Абы къищынэмыщIауэ, Инфекцэ узыфэхэмрэ СПИД-мрэ ебэнэнымкIэ центрым щылажьэхэм папщIэ сенаторым къригъэшащ уз зэрыцIалэр зыпхымыкI фэилъхьэгъуи 150-рэ, респираторхэр. ДяпэкIэ ИВЛ аппаратхэр къищэхуу къригъэшэну и мурадщ.
- Апхуэдэу Налшык къалэ дэт «Синдика» интур-хьэщIэщыр Къанокъуэ Арсен хуит яхуищIащ коронавирусым ицIэла сымаджэхэм яхэт медицинэ лэжьакIуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр щагъэкIуэну. АдыгэлI жумартым ахъшэшхуэ хилъхьащ иджыпсту республикэм ис унагъуэ хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм, ныбжь зиIэхэм хуагуэш ерыскъыр къызэращэху мылъкум.
- НэщIэпыджэ Замирэ.