ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ
2020-04-23
- Махуэ къэбгъэщІар уи дыгъуасэщ, жаІэ. А дыгъуасэм къыщынэ гъащІэм ухуеплъэкІыжыху, адэкІэ къэбгъащІэр зэтес ирипщІыну, зэфІэмыхьэ гуэр иризэфІэпхыну Іэмалыншэу зыгуэрхэр къыхыбохыж. ЛІэужьхэр зэпызыщІэри арагъэнущ. ХьэтІохъущыкъуей жылэр, нобэ ЗеикъуэкІэ зэджэр, къуажэжьщ, тхыдэ къэхъукъащІэбэ и нэгу щІэкІауэ. Абы и куэщІым цІыху цІэрыІуэ куэд къихъукІащ, къигъэщІар нэгъэсауэ тхыдэщ зыхужыпІэ хъунухэр мащІэкъым, зи дуней тетыкІар пщыгъупщэ мыхъунухэри куэду яхэтщ.
- Абрэджыкъуэхэр — арат къуажэдэс нэхъыжьхэр Шурдымхэ я зы къудамэм зэреджэр. ЩІыпІэ жыжьэ къызэрикІыжыр къапщІэу, зи уанэ къуапэм гъуэмылэр екІэпха, хьэзыр Іупэхурэ пыІэщхъуэ лъагэ хъужу лІыр къуажэ жэмыхьэтым къащыхыхьа махуэр куэдрэ яІуэтэжырт. ХьэтІохъущокъуэхэ шурылъэс джэгу зэрызэхашэм и хъыбарыр зэпрадзыжу яІуатэрт къуажэдэсхэм, лъэсу хыхьэу Іэпщэ пцІанэкІэ шур уанэгум къизыхым пщым щІы Іыхьэ зэрыхупичынури хэту… Абрэдж — арат и цІэр шууейм, лъэсырыджэгухэм зэрыхахьэнур хэкъузауэ жиІащ, текІуэныгъэр къызэрыдихынури къыпигъэувэжащ. ЗэрыжиІам хуэдэуи хъуат — Абрэдж лъэсхэм яхэувэри икІи къихьэхуащ, щІы Іыхьи къыхихащ. Абдеж къыщежьащ Абрэджыкъуэхэр. Абрэдж и цІэр хьэтІохъущыкъуейхэм ягу къыщІинам нэгъуэщІ щхьэусыгъуи иІэщ: шыкІэ фІыуэ, и пІалъэ ищІэу щытащ. Къуажэм щызэрахуэ шыр къахыхьа узым имыхьу къызэтенауэ щытащ Абрэдж и фІыгъэкІэ.
- ЖыпІэнуращи, шыкІэ щІэныгъэ иІэт Абрэдж, ауэ гъащІэми пхыплъыф, и дэхыпІэхэри фІыуэ зыщІэ цІыхут ар. ЩІэныгъэрэ зэфІэкІкІэ куэдым къахэщ Шурдым зэщІэзэблэхэм я адэжьым хэлъа фІагъыр къазэрыпекІуэкІыжам шэч хэлъкъым. Абы и щапхъэщ Абрэдж и къуэрылъху Шурдым Хьэпагуэ.
- Нобэми яІэщІэмыхужауэ куэдым ящІэж ар, и цІэр нэхъыбэжми зэхахащ. Абрэдж и къуэрылъху щІалэм, и адэшхуэм хуэдэу, пасэу шыкІэ ІэкІуэлъакІуэ, шы тесыкІэ зыщІэ шууей бэлыхь къищІыкІащ. Ар зыхэмыт джэгур джэгу мыхъуну жа-Іэу шыгъэджэгукІэ Іэзэт. ШыкІэ зэрыбзаджэм хуэ- дэу еджэнми хуэнэхъуеиншэт Хьэпагуэ. Революцэм ипэ илъэсхэм къэхъуа щІалэр къэралым иухуэ гъащІэщІэм лъэ быдэкІэ хэуващ. Курыт еджапІэр къиуха нэужь, Хьэпагуэ япэу егъэджакІуэу лэжьэну увахэм ящыщщ. Абы фІэфІт щІалэгъуалэм яхэтын, псом хуэмыдэу шым хуеплъэкІ ныбжьыщІэхэм зыщыгъуазэхэмкІэ ядэгуэшэн. «Къэхъу щымыІэу шыр хигъэпщу къезышэлІэжыр лІы хъунущ», жиІэурэ дигъэкІырти, щІалэщІэхэр мышынэу, пщэрылъ къыщащІыр ягъэзэщІэфу, къикІуэт ямыщІэу игъасэрт. Лъэныкъуэ куэдкІэ цІыху гъэщІэгъуэну къызэрыкІырт Хьэпагуэ. Езыр ныбжькІэ щІалэми, нэ- хъыжь куэдым яхузэмыгъэзахуэ зэригъэзахуэрт, зытемыгушхуэхэм зрипщытырт. Махуэм иригъэджа щІалэгъуалэр, гупыж яІэ къудеймэ, шым тесу щІыпІэхэр яригъэлъагъуу Фэндыкъуэ итт, абы къикІмэ, Жанокъуэ нэс дэкІыу зеикъуэщІыр къызэхакІухьырт.
- Хьэпагуэ къуажэ щІалэгъуалэр къызэредаІуэр къалъытауэ къыщІэкІынщ, Кировым и цІэр зэрихьэу къуажэм дэт колхозым и комсомол къудамэм и секретару лэжьэну къыщыхуагъэфэщам. КъызэрыщыгугъамкІи игъэщІэхъуа щымыІэу жыпІэ хъунущ. Зеикъуэм и колхозыр къэІэтыным еши псэхуи имыщІэу иужь итащ икІи щІалэ жыджэрым хузэфІэкІащ щІалэгъуалэр къызэщІиІэтэу гуащІэдэкІ лэжьыгъэр щІигъэхуэбжьэн. Щхьэзэблэжу щымыту жылэ Іуэхум хьэлэлу зэрыбгъэдэтымкІэ щІэх Хьэпагуэ къуажэм и мызакъуэу, зэры-Бахъсэн щІыналъэуи къыщацІыхуащ.
- Ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэу, зэры-Кавказ Ищхъэрэу къапщтэмэ, щыІахэм ящыщщ Бахъсэн ГЭС-мрэ вольфрамымрэ молибденымрэ къыщыщІахыу Тырныауз дэта комбинатымрэ. 1930 гъэхэм цІыхур жану хыхьэрт абыхэм къыщаІэт лэжьыгъэм. Зеикъуэ щІалэгъуалэр тезыгъэгушхуэу Бахъсэн ГЭС-ми комбинатми езышэлІауэ щытар Шурдым Хьэпагуэщ. Абы и фІыгъэкІэ къуажэм дэс унагъуэ куэдым Іуэху яІэ хъуат, я псэуныгъэри ирагъэфІакІуэу хуежьат.
- Ауэ Хьэпагуэ нэхъ къызэращІэжыр адыгэш къабзэм тесу Кавказыр, щІыпІэ щІагъуэ къимыгъанэу, зэрызэщІигъэхьауэ щытаращ. А зекІуэм езым нэмыщІ хэтащ Къардэн Іэюб, Абазэ Ибрэхьим, Сэбаншы Жантемыр, Быхъурэ Хьэжумар, Къалмыкъ Хьэтал, Сыжажэ Мущтэфар, Ует Мацэ сымэ, нэгъуэщІхэри. Шым и пІалъэ зэрищІэр мис абы щыгъуэ хуабжьу къыхуэщхьэпэжащ Хьэпагуэ. ЗекІуэр къызэзыгъэпэщахэм языхэзти, гъуэгукІи, гъуэмылэкІи, епсыхыгъуэкІи, шэсыжыгъуэкІи къыщІэмыхуэу псомкІи гъуазэ хъун хуейт. ИкІи хъуащ.
- Мыбдеж си щхьэкІэ си нэгу щІэкІа зы Іуэхугъуэ къыхэслъхьэнут. ЕджапІэ нэхъыщхьэм дыщыщІэс илъэсхэм языхэзым къыдбгъэдилъхьэ щІэныгъэр нэхъ куу ищІыну гукъыдэж зиІэ профессор Абдокъуэ Іэуес тхьэмыщкІэм дыкъыхишри, цІыхуиплІ дыхъуу Дагъыстэным дишауэ щытыгъат, кавказыбзэхэр пхуэджынкІи къэпхутэнкІи Іэмал иІэкъым ахэр зэхыумыхауэ, жиІэри. Мэхъэчкъалэ дыкъыщежьэри, километри 170-м щІигъукІэ бгым дихьэри, Карата жыхуаІэ къуажэм дыкІуэгъат. Дызыдыхьа къуажэр бгыщхьэ гуэрым тест, удэкІыныр тынш дыдэтэкъым. Къытпежьахэм дыкъыздикІар къыщащІэм, хэгъэрейхэм ныбжьышхуэ иІэу зы нанэ деж дашэгъауэ щытащ. «Дыхъыджэбздэсрэ зыкъитхыу щыщыт лъэхъэнэт, — къригъэжьащ нанэм, — Къэбэрдейм хьэщІэ къикІыу къыщытхуэкІуам. Тхьэм елъагъу, нобэми си нэгу щІэкІыжкъым адыгэ фащэр екІупсу я пкъым иту зэшхуэзэес защІэу къытхуеблэгъауэ щытыгъа къэбэрдей щІалэхэр. Псори шууейт. Гъуэгуанэшхуи къызэпачат, нэхъыбэжи якІун хуейт. Тукитэрэ Анчикрэ дэс хъыджэбзхэр къыдэхъуапсэу а пщыхьэщхьэм ди къуажэ дэлъа джэгур сыпсэуху сщыгъупщэнкъым. «Къэбэрдей» псалъэр зэхэтхырт, ауэ абы кІуэцІы-лъыр а щІалэхэм нэ- рылъагъу тщащІауэ щытащ. Яхэта щІалэм и цІэр ноби сщыгъупщэркъым — Хьэпагуэ. Ар зыкІэ къафэрти, абы зыкІи щІигъэлъэтырти…». Къэбэрдейм икІыу а къуажэ, пхыдзам шым тесу зыри яхуепсыхагъэнкъым, 1935 гъэм зэры-Кавказу зэщІэзыгъэхьа хьэтІохъущыкъуей шууейхэр мыхъумэ. Апхуэдиз илъэсыр дэкІыжын хуейт, нобэм къэсу а къуажэм а зекІуэр зэрыщащІэжыр зэхэтхын щхьэкІэ. Дэри куэдкІэ нэхъ иужькІэщ къыщытщІар нанэм зи гугъу ищІ Хьэпагуэр хэтми…
- 1938 гъэм Хьэпагуэ Коммунист мэкъумэш еджапІэ нэхъыщхьэр къиухри, ВЛКСМ-м и Бахъсэн революционнэ комитетым и япэ секретару ягъэуващ. Бахъсэн щІыналъэм и щІалэгъуалэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэкІуэкІыныр, я щІэныгъэм хэгъэхъуэныр къалэн зыщызыщІыжа Хьэпагуэ мы илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ зэфІигъэкІат. Мыбы щыгъуэщ щІэуэ къэунэхухэм ящыщу мэкъумэш техникэр гъэІэрыхуэным, механизаторхэр гъэхьэзырыным, ІэщІагъэлІхэр егъэджэным хуэунэтІауэ куэд дыдэ щызэфІагъэ-кІауэ щытар. ЩоджэнцІыкІу Алий и «Линэ трактористкэщ» усэм хэт Линэ хуэдэу жырышхэр къэзыгъэІэсэ цІыхубз лэжьакІуэхэм я бжыгъэм щыхэхъуар Шурдым Хьэпагуэ япэ секретару щылэжьа илъэсхэрщ.
- И ныбжьыр илъэс 28-рэ фІэкІа мыхъуауэ Хьэпагуэ и пашэ хъуащ щалъхуа къуажэм щызэхэт колхозым, Кировым и цІэр зезыхьэм. ЩІалэщІэр зыщхьэщагъэува мэкъумэш ІуэхущІапІэр Къэбэрдейм щынэхъ ин дыдэхэм языхэзт, хадэ щІэным къыдэкІуэу, Іэщ гъэхъунри хэту зызыужь колхоз пэрытхэм ящыщт. Іэщышхуэ куэд зэрихуэрт колхозым, Іэщ цІыкІури и мащІэтэкъым, ауэ Хьэпагуэ щытета илъэсхэм мэл хъушэм и бжыгъэр щхьэ мин 40-м нызэрыхьэсу щытащ. Шурдымым и гукъэкІкІэщ колхозым шы гъэхъуным зэ-рызритари. Шэч къытумыхьэжу жыпІэ хъунущ шым игъуэта гулъытэ щІэмыужьыхэжым и фІыгъэу, зэман дэкІыжа нэужь, Социалист ГуащІэдэкІым и ЛІыхъужь цІэхэр зыхуагъэфэ-ща Бырс Анзор, Къалмыкъ Хьэжмурат, Щоджэн ТІэлашэ зыІэрагъэхьа я ехъулІэныгъэ ин дыдэхэр а илъэсхэм къызэрыдежьэр.
- Псэужатэмэ, жаІэнущ куэдым… Пэж дыдэу, зауаер мыхъугъатэмэ, Хьэпагуэ нэхъыбэжи хузэфІэкІынут, къуажэр нэхъ лъагэжуи иІэтынут. Шурдым Хьэпагуэ Іэмал иІащ зауэм мыкІуэу къуажэм къыдэнэну. АрщхьэкІэ езым ар зыхуигъэфэщакъым, фІэфІу дзэм къулыкъу щищІэну дэкІащ. Хьэпагуэ япэщІыкІэ Карел-Фин ССР-м къыщыхутащ, фин гъунапкъэм пэмыжыжьэу къулыкъур щрихьэкІыу. И адэжь унэ къигъэзэжы-ным мазэ бжыгъэ нэхъ имыІэжу Хэку зауэшхуэр къэхъейри, Хьэпагуэ зэуапІэм Іухьащ. Къулыкъу щищІэ щІыпІэхэм лъыкІпсыкІыу щекІуэкІа зэхэуэхэм языхэзым Шурдымым и щхьэр хилъхьащ.
- Хьэпагуэ лэжьакІуэ емызэшыжу зэрыщытам хуэ-дэу, зи псэ емыблэжа зауэлІ хахуэт. КъигъэщІа мащІэм «Абрэдж и къуэ Шурдым Хьэпагуэ» жригъэІэфащ, и пэжагъкІэ, и гупцІанагъкІэ, и жыджэрагъкІэ цІыхум ягу къинэжащ.
- Лъэужь дахэ къэзыгъэна Шурдым Хьэпагуэ хуэфэщэн унагъуэ дахи къыщІэнащ. Зи щхьэгъусэр пасэу зыщхьэщыукІуриикІа Хьэцэ Къэрмокъуэ Лъостэнбэч ипхъущ. Къуажэм дэса нэхъыжьхэм ящыщу Шурдым Мусэбийрэ Щомахуэ Хъусенрэ зэпадзыжу жаІэу щыта уэрэдыжьым мыпхуэдэ зы пычыгъуэ хэтщ: «Дзэлыкъуэ хъупІэхэр зи унэ, уа, уанэгу щхьэнтэхэр зи пІэщхьагъ, зыщхьэмысыжурэ уа, зоуэ, уэ зэплъакІуэхэми блэмыплъ, зэплъахэми трещэ, ар езыр хэтхэ ящыщ жыпІэмэ, Мусэ цІыкІу и къуэкІэ Къэрмокъуэ Лъостэнбэчи» жиІэу. Іэджэ хъыбари пылъщ, хуабжьу цІыху жану, уанэгу пцІащхъуэщ, хужаІэу и гъащІэр шым тесу ихьащ, лІы пхъашэу щытауи яІуэтэж. ЦІыху набдзэгубдзаплъэт, зэтетт, быну къыщІэхъуари езым хуэдэу зэпІэзэрыт, сыт хуэдэ Іуэхуми и пІалъэ кърагъэкІыу хъуащ. Хьэцэ зыІуува ІэнатІэм зригъэщІыкІакъым — бынищыр зыхуей хуигъэзащ, иригъэджащ, щІэныгъэ яритащ.
- Быным я нэхъыжь Маруз унагъуэ ихьащ, хъыджэбзитІрэ зы щІалэрэ игъуэтащ. Дэлъху нэхъыщІитІым ящхьэщыубгъуауэ къэхъуащ, жыпІэмэ ущымыуэну гумащІэу яхущытащ. ФІы дыдэу еджапІэр къэзыуха Маруз сату-экономикэ щІэныгъэ зригъэгъуэтащ. ЦІыху щабэу, гулъытэ иІэу, ищІар тэджыжкъым, жыпІэну зыпэрыхьэ Іуэхур ІэкІуэлъакІуэу зэфІигъэкІыу дунейм тетащ.
- ЗэкъуэшитІым я пажэ Нэжмудин и ІэщІагъэкІэ егъэджакІуэщ, есэпым илъэс куэдкІэ хуригъаджэу Зеикъуэ къуажэ дэт, генерал-майор Нэхущ Борис и цІэр зезыхьэ 3-нэ курыт еджапІэм щылэжьащ. Нэжмудин ящыщщ Шафий Хьэчим иригъэджахэм. Нэхущ Іэдэм, Къалэжьокъуэ Хьэсэн, БжьыхьэлІ Хьэчим, Жэмыхъуэ Хьэчим сымэ яхуэдэу, Нэжмудин зи цІэ фІыкІэ зыгъэІуахэм языхэзщ. ЕджапІэ нэхъыщхьэр фІы дыдэу къэзыуха щІа-лэм аспирантурэр къыхуагъэлъэгъуа пэтми, и анэр къыхуэгъэнакъым, къуажэм къэкІуэжри, щІыхь пылъу, къыдэкІуэтей щІалэгъуалэм и щІэныгъэмкІэ ядэгуашэу къэгъуэгурыкІуащ. 1970 гъэм курыт еджапІэм и уна-фэщІу ягъэуври, илъэс 43-кІэ а ІэнатІэм пэрытащ. Шурдымыр унафэщІу щыдэта илъэсхэращ еджапІэр Къэбэрдейм щынэхъыфІ дыдэхэм ящыщу къыщалъытар. Къэралым и фІыщІэгуапэ куэд зыхуагъэфэща Нэжмудин иджыпсту тІысыжауэ щысщ. Жьыщхьэ махуэ хъуа Нэжмудин зы къуэрэ пхъуитІрэ иІэщ, абы къащІэхъуэжа быным яхэсщ.
- Зэрыбыным я нэхъыщІэр Юрэщ. ФІыщІэ куэд иІэщ, щІыпІэ куэдым къыщацІыху. И адэмрэ и къуэш нэхъыжьымрэ хуэдэу зыкъыщІимыгъахуэу гуащІафІэу лэжьащ. «ЛІэужьыр бжьиблкІэ мауэ» жыхуаІэращи, и адэм и лъэужь ирикІуащ Юрэ. Куэдрэ узыхуэмызэ икІи плъыфэбэу зэхэт гъущІхэкІхэмкІэ инженер-металлург ІэщІагъэр зригъэгъуэтри, Налшык къалэ дэт гидрометаллург заводым лэжьэн щыщІидзащ абы. Комсомолым и къудамэу абдеж щыІэм и секретару щІалэ жыджэрыр щыхахри, парт ІэнатІэмкІэ дэкІуейуэ хуежьащ. Юрэ заводым и ІэщІагъэлІ ныбжьыщІэхэм я Советым и тхьэмадэу, пропагандисту, ВЛКСМ-м и Налшык къалэ комитетым и бюромрэ комсомолым и щІыналъэ комитетымрэ (обкомым) я лэжьакІуэу щытащ. И щІэныгъэкІи, и ІэщІагъэкІи къэмылэнджэжу зэрыщытым, Іуэху зэувалІэр зыхуей хуэзэу зэрызэфІихым папщІэ Шурдымыр мыгувэу ВЛКСМ-м и Налшык къалэ комитетым и япэ секретару хахауэ щытащ, а ІэнатІэми илъэсийкІэ пэрытащ. Зы къуэрэ зы пхъурэ зиІэ Юрэ быным я ехъулІэныгъэм дэгушхуэу я жьантІэ дэсу мэпсэу.
- ТАБЫЩ Мурат.
- Зеикъуэ къуажэ