Уз бзаджэм пэщIэтхэр
2020-04-23
- COVID-19 пандемием и ужьыхыгъуэр къыщысыным пэплъэ зэпыту мэпсэу цIыхубэр. Иджыпсту псом япэу я щхьэ зэрахъумэжыным, етIуанэу я хэхъуэр зэрафIэмыкIуэдыным иужь итщ дэнэ щIыпIэ щыпсэухэри. Адыгэхэр зэрыс хэгъэгухэм Iуэхур зэрыщыщытым, ди лъэпкъэгъухэм я гукъыдэжыр зыхуэдэм, къэралым къыщекIуэкIыр зэрызыхащIэм щыгъуазэ фытщIмэ ди гуапэу, фи пащхьэ идолъхьэ Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыпсэу ди ныбжьэгъухэм къыджаIахэр.
- Дербит Валерий (Осетие Ищхъэрэ — Алание, Мэздэгу):
- — Коронавирус уз Iейм игъэгузавэхэм ящыщщ ди республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри, мэздэгу адыгэхэри. ЗэрыхъукIэ, дызыкIэлъыплъыжыну, иджыпсту дэнэ щIыпIи щагъэува жыпхъэхэм дытетыну иужь дитщ. Ди нэхъыжьхэм дахуосакъ, сабийхэр унэм щIэдгъэсщ, курыт ныбжьым итхэри, Iэмал зэриIэкIэ, цIыху щызэхуэс щIыпIэ кIуэркъым, лэжьыгъэм пэрытхэр мэлажьэ, мыдрейхэр дэсщ.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейщ адыгэ щIалэгъуалэр жыджэру IуэхутхьэбзащIэ гупым зэрыхэтыр. Фэ фызэрыщыгъуазэщи, Осетие Ищхъэрэ — Аланиер лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэсщ, Мэздэгуи апхуэдэщ. Аращи, мыбы лъэпкъ зэхэгъэж къыщекIуэкIыркъым, щыIэр Iуэхутхьэбзэ, гулъытэ хуэныкъуэрэ хуэмыныкъуэрэщ. Зы сымаджи, зыхузэфIэмыкIыжи, зеинши, ныкъуэдыкъуи къагъанэркъым гулъытэн-
- шэу. Республикэ унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, цIыху щхьэхуэхэр шхынкIэ, хущхъуэкIэ, нэгъуэщI зыхуэныкъуэ гуэркIэ цIыхухэм ядоIэпыкъу. А псори унагъуэхэм лъагъэIэс ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ, лейуэ уэрамым зыри къыдагъэхьэркъым.
- Дэ сыт щыгъуи дигу зэрыгъур фэри фощIэ: ди бзэр, ди хабзэр тхъумэжынырщ. Мы къытлъыкъуэкIа гугъуехьым емылъытауэ, адыгэ сабийхэр адыгэбзэкIэ едгъэджэныр зэпыдгъэуакъым. Абыхэм егъэджакIуэр онлайну ядолажьэ, иджырей технологием и Iэмалхэр къагъэсэбэпу унэ лэжьыгъэхэр ящIыж, темэщIэхэр зэрагъащIэ. Дызэкъуэтмэ, дызэгурыIуэмэ, зэкъуэшхэр дызэдэIэпыкъужмэ, цIыхухэм нэмыплъ зэдмытмэ, ди гуныкъуэгъуэхэр къызэднэкIыфыну къысщохъу. Мы бэлыхьми дыкъыхэкIынщ, абы дытетмэ!
- Ныбэ Анзор (Краснодар край, Лазаревскэ):
- — Мы къэхъукъащIэр, япэщIыкIэ дызэримыгугъауэ, хуабжьу шынагъуэу икIи ину къыщIэкIащ. Эпидемием уигъэгузавэу псынщIэу зыщеубгъу дуней псом, ар щыета къэрал щхьэхуэхэм я мызакъуэу, цIыхуцIэ зиIэ псом я дежкIэ гущIэгъуншэу къыщIэкIыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Урысейр къапщтэмэ, пандемием ди къэралым зыщимыужьын папщIэ Iэмал хъарзынэхэр занщIэу къыщагупсысащ, карантиным и жыпхъэ ткIийхэр щIыналъэ щхьэхуэхэм щагъэуващ, абы щыщщ Краснодар крайр. Гъатхэпэм и 31-м щегъэжьауэ мэлыжьыхьым и кIэ хъуху къыпащащ, зэхэзекIуэр щагъэмэщIащ Сочэ къалэми шапсыгъхэр нэхъыбэу щыпсэу ТIуапсы районми.
- НобэкIэ Сочэ щыщу коронавирус уз зэ- рыцIалэр къызэуэлIахэм я бжыгъэр 60-м ноблагъэ, абы и гъунэгъу ТIуапсы районым цIыху 36-рэ сымаджэ щыхъуащ, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэ жылагъуэхэм, Тхьэм и шыкуркIэ, зэкIэ вирусым игъэгузавэ къытхэткъым.
-
Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид зэрыжиIамкIэ, ар махуэ къэси япыщIащ Жылэ Хасэхэм я тхьэмадэхэм, я Iуэхур зыIутыр зрегъащIэ, гугъуехь къалъыкъуэкIмэ, зэрагъэзахуэ. МызыгъуэгукIэ, къуажэдэсхэм гуныкъуэгъуэ яIэкъым, сымаджэ хъуа яхэткъым, зрагъэува жыпхъэ-
хэр къайхьэлъэкIми, щытыкIэр зэпIэзэрытщ, цIыхухэм я щхьэ, я унагъуэ Iуэху зэрахуэж, пщIантIэхэр, хадэхэр ягъэкъабзэ, гъатхэ лэжьыгъэхэм иужь итщ. - Шапсыгъ Хасэм и лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, уз зэрыцIалэр къемыжьэ щIыкIэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэр дахэу ягъэлъэпIащ, «Сад Памяти» дунейпсо Iуэхум екIуу хэтащ икIи КIыщмей Ин жылэмрэ Сочэрэ Тхылъ Плъыжьым ихуа чэщей жыгыщIэхэр щагъэтIысащ. ДяпэкIэ апхуэдэ лэжьыгъэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтынущ, дызэрыхуа щытыкIэм ехьэлIауэ. Иджыпсту, псалъэм папщIэ, Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIа зэрыхъуну Iэмалхэм йогупсыс.
- Сыт хуэдэ гугъуехь дыхэмыхуами, шапсыгъхэм я гур ягъэкIуэдыркъым, гушыIэр я щIасэщ — «Коронавирусыр езыр къытщрешынэ!» — жаIэ абыхэм.
- * * *
- Щанэ Рэмэзан(Краснодар край, Армавир):
- — Мы Iуэхум иримыгузавэ зы цIыхуи къытенакъым дунейм. Ди къэралым абы зыщемыгъэубгъунымкIэ Iуэху куэд щызэфIагъэкIащ, сымаджэ хъухэм я бжыгъэм хэхъуэмэ, абыи хуэхьэзырщ, иджыкIэ узыр хуэму фIэкIа зэрымыцIэлэн папщIэ ялъэкI къагъанэркъым.
- Краснодар крайр къапщтэмэ, жыпхъэ щхьэхуэхэр щагъэуващ. Дэ ди Хасэр щылажьэ Ермэлыхьэблэ щытыкIэр апхуэдэу щышынагъуэкъым. ЦIыхухэр карантин жыпхъэм тету мэпсэу, зыхуэсакъыжу, лейуэ уэрамым къытемыхьэу апхуэдэщ.
- УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым дызэрыхуа щытыкIэм цIыхухэм къызыкъуаха гууз-лыузым, гущIэгъу зэхуащIу зэрыщытым. ЗыхузэфIэкIыр зылъэмыкIым доIэпыкъу. ЩIалэгъуалэр IуэхутхьэбзащIэу къыдэкIащи, псоми ялъоIэс.
- Крайм щыIэ Успен районым ис адыгэ къуажищми я Iуэхур хъарзынэщ. Дэ абыхэм ди нэIэ ятет зэпытщ. Тхьэм и шыкуркIэ, а узыр къызэуэлIа яхэткъым. Дэтхэнэ унагъуэми я Iуэху зытетыр дощIэ, хуэныкъуэхэм ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэдгуэшащ. Ди зэран къыхэмыкIыу зэфIэкIыну Тхьэм жиIэ мы Iуэху Iей къекIуэкIыр.
- * * *
- ТIэш Светланэ (Адыгэ Республикэ, Мейкъуапэ):
- — Адыгэ Республикэм коронавирусыр гъатхэпэм и 25-м япэу къыщагъуэтауэ щытащ. ИкIи къэрал псом щызекIуэ жыпхъэхэр ди республикэми занщIэу щагъэуващ, АР-м и Iэтащхьэм унафэ зэрищIам тету. Иджы сымаджэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуху, жыпхъэхэри нэхъ ткIий ящI, коронавирус уз зэрыцIалэм нэхъри зимыубгъун папщIэ. ЯпэщIыкIэ, щэнхабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр ирамыгъэкIуэкIыну ягъэпсащ, зыгъэпсэхупIэхэр, нэгу зегъэужьыпIэхэр, спорт IуэхущIапIэхэр зэхуащIащ. ИужькIэ республикэ кIуэцIым щызекIуэ автобусхэмрэ хэгъэгухэр зэпызыщIэ транспортымрэ къагъэувыIащ. Иджыпсту автовокзали, автостанци, троллейбус IуэхущIапIэри лажьэркъым, апхуэдабзэщ щыгъын, хьэпшып щащэ тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ.
- Мейкъуапэрэ Адыгейскрэ зэхэзекIуэр щагъэмэщIащ, хуитыныгъэ къузэратам щыхьэт техъуэ тхылъкIэ фIэкIа къэбжыхь хъунукъым. КъищынэмыщIауэ, Адыгейск дыхьэ-дэкI щымыIэу ягъэбыдащ. Абы дэт сымаджэщым коронавирусыр къыщыхъейри, дохутыр зыкъом ицIэлащ, ахэр зыхуэза цIыхуу карантин ягъэкIуахэри мащIэкъым. ИджыкIэ карантиныр къызэпызыудхэм тезыр тралъхьэ, ар IэмалыфIщ, сыту жыпIэмэ, пIалъэкIэ хуагъэува апхуэдэ хабзэм ебакъуэ щыIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, коронавирусыр зи фIэщ мыхъухэр, апхуэдэ уз щымыIэу къэзылъытэхэр диIэщ. Уеблэмэ, уз бзаджэм илIыкIа цIыху дызэриIэм зыми хуигъэIущыркъым ди лъахэгъухэм ящыщхэр.
- Дэ, журналистхэр, мы махуэхэм егъэзауэ долажьэ, IэщIагъэлIхэм, дохутырхэм интервью къаIыдох, шынагъуэм зиубгъункIэ зэрыхъунум цIыхубэр щыдогъэгъуазэ, къэхъукъащIэр занщIэу телевизореплъхэм я пащхьэ идолъхьэ. Инфекцэ сымаджэщыр нобэ госпиталь ящIащ. COVID-19-р къызэуэлIахэр аращ зыщIэлъыр.
- Сымаджэхэр нэхъыбэ къэхъумэ, Мейкъуапэ дэт къалэ сымаджэщымрэ Енем жылэм щыIэ сымаджэщымрэ яшэнущ, ахэри хьэзыру щагъэтщ. Зи гугъу сщIы IуэхущIапIищым цIыху 350-рэ щIэхуэнущ. «Лагонаки», «Кавказ» зыгъэпсэхупIэхэр обсервацие ящIауэ, хамэ къэралхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм къикIыжхэр махуэ 14-кIэ абы щIагъэсщ.
- * * *
- Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь къалэ):
- — Ставрополдэсхэр пандемием зэрыпэщIэтыр псоми я зэхуэдэ Iэмалращ — унэм щIэсхэщ. Псыхуабэ Iуэхур щынэхъ ткIийщ, абы карантин щагъэуващ. IуэхущIапIэ, тыкуэн куэд зэхуащIащ, лэжьакIуэхэр къаутIыпщащ.
- ЦIыхухэм гукъыдэж яIэу схужыIэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, я хэхъуэр мащIэ хъуащ, яшхыныр махуэм къэзылэжьу щытахэм я Iуэхур тыншкъым, унэм щIэсу зыми игъэшхэнукъым. Апхуэдэ гугъуехьхэм хэт пэтми, эпидемием зэрытекIуэн нэгъуэщI хэкIыпIэ зэрыщымыIэр къагуроIуэ, псори щогугъ унэм зэрыщIагъэсыну пIалъэр кIыхьлIыхь мыхъуну.
- Ди хэгъэгум волонтёр лэжьыгъэм зыщиужьащ. Унэм къыщIэкI мыхъунухэм хуабжьу ядоIэпыкъу, Iуэхутхьэбзэ хъарзынэхэр хуащIэ. Крайм и унафэщIхэм къэхъукъащIэр псынщIэу нагъэсыф цIыхубэм я деж, коронавирусым зрамыгъэубгъун щхьэкIи Iэмалу щыIэр къагъэсэбэп. Къэнэжыр абыхэм жаIэм дедэIуэнырщ, къытхуагъэувхэр дгъэзэщIэнырщ. Мэлыжьыхьым и кIэ хъуху дылэжьэнукъым, ауэ къекIуэкIым тепщIыхьмэ, иджы-ри къыпащэну къыщIэкIынщ.
- * * *
- Борэныкъуэ Мадинэ (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ, Черкесск):
- — КъШР-м щыщу япэу уз зэрыцIалэр къызэуэлIа нэрыбги 3-р щагъэбел- джылар мэлыжьыхьым и 5-ращ.
- Абы къыщыщIэдзауэ, махуэ къэс цIыхуитI-щы (нэхъыби) къыхэхъуэурэ йокIуэкI, ди жагъуэ зэрыхъущи.
- Республикэм и унафэщIхэм дунейм къыщыхъу зэрыхьзэрийм зэгъэтIылъэкI имыIэу къыхуагъэсэбэпа Iэмалхэм я фIыщIэщ, дауи, а уз зэрыцIалэм КъШР-м щIэх зэрызыщимыубгъуар. Хэгъэгу гъунапкъэхэр зэхуамыщIами, къихьэ-икIыжхэр набдзэгубдзаплъэу щIаплъыкIын зэуэ щIадзащ. ЦIыху гъащIэмкIэ мыхьэнэшхуэ зымыхь IуэхущIапIэхэр зэхуащIащ. Арами, сымаджэхэр нэхъыбэ хъуащ, ди хэгъэгум щыщхэр къалэшхуэхэм къикIыжу щыщIадзэм.
- НобэкIэ COVID-19 уз зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр 100-м щIигъуащ. Абы щыщу нэрыбгэ 30-м щIигъур ягъэхьэзыра госпиталым щIэлъщ. Адрейхэр я унэхэм къыщIамыгъэкIыу щIагъэсщ, дохутырхэр кIуэурэ якIэлъоплъ…
- Махуэ къэс Оперативнэ штабым ИнтернетымкIэ цIыхухэм хъыбарыщIэ Iэрагъэхьэ. Пэжщ, ди цIыхухэм мы Iуэхум хуаIэ щытыкIэмрэ абы ират мыхьэнэмрэ куэду зэщхьэщокI.
- КъШР-м и УнафэщIым цIыхухэр Iэмал зэриIэкIэ унэм щIэсыну къыхуриджэ зэпытми, уэрамым щызекIуэр мащIэкъым. Транспорт зэхэзекIуэри куэдщ. А псори къызыхэкIыр, дауи, Интернетым кърах хъыбар нэпцIхэращ. Языныкъуэхэм Iуэхур политикэм хуагъакIуэ, нэгъуэщIхэми быдэу я фIэщ мэхъу а узыр къаймыуэлIэну.
- Пэжщ, къытхэтщ нобэрей зэрыхьзэрийм игъэпIейтейхэри. Апхуэдэхэм цIыху гъащIэмкIэ жэуаплыныгъэ яхьу, къытхуагъэува щытыкIэм еувэлIауэ, зэралъэкIкIэ унэм къыщIэкIыркъым.
- Республикэм и унафэщIхэри набдзэгубдзаплъэщ. Iуэхум Iей и лъэныкъуэкIэ зихъуэжми, абы зэрыхуэхьэзырыр жаIэ. Дохутырхэм я шынагъуэншагъэр хъумэныр ипэ ирагъэщ.
- Ди хэгъэгум щыIэ, текстилым епха нэхъ IуэхущIапIэ иным, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм и лъэIукIэ, куэдрэ къэбгъэсэбэп хъу нэкIуIулъхьэхэр щад.
- Коронавирусым псапэ щIэным пыщIахэр наIуэ къещI. ХьэрычэтыщIэ куэдым узым зэрызыщыпхъумэ IэмалхэмкIэ, хьэпшыпхэмкIэ республикэм щыпсэухэм зыщIагъакъуэ. ЗыхузэфIэмыкIхэм, зи закъуэу псэухэм ерыскъыкIэ, медицинэ хьэпшыпхэмкIэ ядоIэпыкъу.
-
КъШР-м къыщызэрагъэпэщауэ мэлажьэ зыуэ щыт волонтёр штаб. Нобэ абы пыщIа нэрыбгэ 600-м нэхърэ нэхъыбэм цIыху миным щIигъум ядэIэпыкъуащ. Абы дэIэ-
пыкъу ныбжьыщIэхэр зи ныбжь хэкIуэтахэм, сымаджэхэм зыхуэныкъуэхэмкIэ щIэгъэкъуэн яхуохъу. - Мы зэрыхьзэрийм и зэранкIэ, иджыри зы Iуэхугъуэ мытынш пэщIэхуащ жылагъуэр — дистанционнэ егъэджэныгъэр къызэгъэпэщыныр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри, сабийхэри зи гугъу тщIы Iуэху бгъэдыхьэкIэм хуабжьу гугъу ирегъэхь. Псом хуэмыдэу къуажэ пхыдзахэм, Интернет зэпыщIэныгъэр щынэхъ тIасхъэхэм деж ар щынэрылъагъущ. Ауэ цIыхухэм, зэрахузэфIэкIкIэ, заIыгъщ, зэман гъунэгъум щытыкIэр тэрэз хъужыным щогугъ.
- Пэжщ, КъШР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, Интернет зэпыщIэныгъэр фIыуэ зэмыкIуалIэ жылагъуэхэр абыкIэ жыджэру зылъэщIагъэхьэ. КъищынэмыщIауэ, сабийхэр Интернетым зэрихьэн Iэмэпсымэхэри ныбжьыщIэ 1500-м Iэрагъэхьащ…
- Зытхыжар НэщIэпыджэ Замирэщ.