ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Кавказым и усакIуэшхуэхэр»

2020-04-23

  • Аращ и фIэщыгъэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедза-пIэр зи ужь ихьа серием. Абы и япэ тхылъыр къыдэкIынущ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу махуэр, накъыгъэм и 9-р, къэмыс щIыкIэ.

  • Саугъэту тыным хуэщIа къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэнщ ахэр, тхыгъэхэр урысыбзэрэ инджылызыбзэкIэ итщ. Миллиметри 110-рэ зи бгъуагъ, 170-рэ зи лъагагъ тхылъым и тебзэм пкъы щIэтщ, дыжьыныпскIэ хьэрфхэр тетхащ, уздынэсар тыншу къэпщIэжын папщIэ, лентI цIыкIу дэдащ. Дэтхэнэ тхылъми и бжыгъэр 999-рэ хъууэ щытынущ, лэжьыгъэм и кIэм итщ ар дунейм къытехьэным зи мылъку хэзылъхьахэм я цIэ-унэцIэхэр.
  • ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа тхылъыр, мыгувэу щIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьэнур, балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын ейщ.
  • «Кавказым щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъри щыгъуазэщ псалъэр зыгъэIурыщIэ и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я гуа-щIэм, я фэеплъыр цIыхугухэм, музейхэм щахъумэ, усыгъэ фестивалхэм щагъэлъапIэ, — щатх Котляров зэщхьэгъусэхэм тхылъым и пэублэ псалъэм. — Апхуэдэуи Кавказым и къуршхэм я лъагапIэхэм зэрахьэ Пушкин Алек-сандр, Руставели Шота, Карим Мустай, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сымэ я цIэхэр.
  • Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэм дахьэх къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу цIыху куэд. Балъкъэр лъэпкъым и бзэ гъэхуакIэ тхащ ахэр, лъагъуныгъэм, щIыуэпсым, цIыхупсэм, гъащIэм, нэгъуэщIхэми ящIэлъ щэхухэмкIэ гъэнщIащ. УсакIуэр куэд щIащ дунейм зэрехыжрэ, атIэми зэманым фагъуэ дэмыхъуауэ и псалъэр псэущ, и гупсысэр нахуэщ, цIыху хъуэпсапIэхэр, нэхъыбэу щхьэхуитыныгъэр, мычэму къэзыIуатэ усэщ и IэдакъэщIэкIхэр. Усыгъэм и нэхъ лъэщыпIэр аракъэ езыр — щхьэхуитыныгъэр! ЦIыхубэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хуолажьэ усакIуэхэр, ар дэнэ щIыпIэ къыщамылъхуами, сыт хуэдэ бзэкIэ мытхэми».
  • «Кавказым и усакIуэшхуэхэр» къыдэкIыгъуэм и етIуанэ тхылъым зи гугъу тщIа бзитIымкIэ итынущ КIыщокъуэ Алим и усэ къыхэхахэр. Абы къыкIэлъыкIуэнущ — Гамзатов Расул и IэдакъэщIэкIхэр.
  • ИСТЭПАН Залинэ.