ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Бэрэгъун Владимир къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

2020-02-18

  • Лъэпкъым  куэд  хуэзылэжьа
  • IуэрыIуатэдж, уэрэджыIакIуэ, композитор Бэрэгъун Владимир и цIэм, хуэфащэ дыдэу, увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и тхыдэм. Лъэпкъ макъамэ IуэрыIуатэм емызэшыжу зэрыхэлэжьыхьам и фIыгъэкIэ зэхуэ­хьэсыжа, нотэкIэ тха хъуащ адыгэ цIыхубэ уэрэдрэ пшыналъэу куэд дыдэ.
  • Бэрэгъун Владимир 1939 гъэм дыгъэ­гъазэм и 31-м Кэнжэ къуажэм къыщалъ­хуащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым ар жыджэру хэтт художественнэ самодея­тельностым. Абы макъ шэщIа дахэкIэ жи­Iэрт адыгэ уэрэдыжьхэри композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэри.
  • 1958 гъэм Владимир щIэтIысхьащ Налшык и музыкэ училищэм. Зы илъэс еджауэ, ар 1959 гъэм Саратов дэт къэрал консерваторэм ягъэкIуащ. ИлъэситIкIэ щагъэхьэ­зыр курсхэм щIэсри, 1961 гъэм еджапIэм уэрэджыIакIуэхэм я факультетым щIэ­хуащ. Абы зыщилъэщIащ, профессиональнэ щыхъуащ Бэрэгъуным и драмэ тенор макъ лIэужьыгъуэм.
  • 1962 — 1965 гъэхэм Владимир дзэм къулыкъу щищIэри, къиуха консерваторэм ­игъэзэжащ. Абы кърагъэкIри, адыгэ щIалэр и республикэм къагъэкIуэжащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым илъэсибгъукIэ щылэжьащ. А илъэсхэм ­къриубыдэу ар хэтащ оперэмрэ классикэ опереттэмрэ я спектаклу 19-м.

  • 1972 гъэм Бэрэгъуным къыхуагъэфэщащ «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр. 1977 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием кIуащ солист-вокалисту, апхуэдэуи а IуэхущIапIэм и художественнэ унафэщI къалэнри зэдихьащ. ИлъэсипщI дэкIа иужь, къэрал филармонием и унафэщI къулыкъур къыхуагъэфэщащ.
  • Москва дэт «Композитор» тхылъ тедзапIэм 1980 гъэм къыщыдэкIын щIидзауэ щытащ адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ щызэхуэхьэса, том куэд хъу тхылъхэр. Бжьэдыгъухэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, къэбэрдейхэм, нэгъуэщI адыгэ лъэпкъхэми я макъамэ зэмылIэужьыгъуэу абы ихуахэр зыхуей хуэгъэзауэ егъэтхыным и гуащIэ куэд ­ирихьэлIащ Владимир. Псэкупсэ къулеигъэу, художественнэ лъапIэныгъэу а къыдэкIыгъуэхэм къапкърыкIыр къыпхуэ­мылъытэным хуэдизщ, сыту жыпIэмэ, а уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ яхъумащ Кавказым щыпсэу лъэпкъыжьхэм ящыщ, зи тхыдэм илъэс минихым щIигъу къызэ­щIиубыдэ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар.
  • 1982 гъэм Бэрэгъуным къыфIащащ ­«КъБАССР-м и цIыхубэ артист» щIыхьы­цIэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым республикэм и саугъэтым и лауреат хъуащ.
  • Лъэпкъ макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщ зыщ Бэрэгъун Владимир. «Мадинэ», «Дахэнагъуэ» лъэпкъ оперэхэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ, Зауррэ Джэримэсрэ я ариехэр екIуу щыжиIащ.
  • Музыкэ гъуазджэм щиIэ ехъулIэныгъэ­хэр къалъытэри, 1996 гъэм къыфIащауэ щытащ «УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» щIыхьыцIэр.
  • Бэрэгъун Владимир 1997 гъэм жэпуэ­гъуэм и 13-м и къару илъыгъуэу дунейм ехыжащ.
  • И лэжьыгъэ
  • нэхъыщхьэхэр
  • Томибл хъу «Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов» тхылъыр зыгъэхьэзырахэм, зэхэзыгъэувахэм ящыщ зыщ.
  • Композитор-макъамэтх ДыщэкI Залымхъан и уэрэдхэр щызэхуэ­хьэса тхылъыр зэхигъэуващ икIи абы и редакторщ.
  • Москва урысыбзыкIэ къы­щы­дэкIа «Нарты» лэжьыгъэм и нотэхэр зыгъэхьэзырар Владимирщ.
  • «Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм яуса уэрэдхэр» сборникыр, Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу дунейм къытехьар, зэхигъэуващ. Абы ихуащ цIыхубэ уэрэду щэ ныкъуэ.
  • Езым и усыгъэхэмрэ адыгэ цIыхубэ уэрэдхэмрэ тету пластинкищ, апхуэдэуи «Нартские песни адыгов» и фIэщыгъэу пластинкиплI къыдигъэкIащ. Хэзыгъэгъуа­зэ Iыхьэр хэту ахэр дакъикъэ 14-кIэ къоуэ.
  • Лъэпкъ цIыхубэ уэрэдрэ пшыналъэу куэд дыдэ зыхуей хуигъэзэжащ радиом и фондым папщIэ.
  • «Похождение маленького джигита» гуащэ спектаклым макъамэхэр хуитхащ.
  • IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм макъамэ хуитхащ.
  • «Зэныбжьэгъугъэ» вокально-хореографие сюитэр итхащ (инструментовкэр зейр ХьэIупэ ДжэбрэIилщ).
  • «Ди къафэхэр», «Удж-къафэ», «Ислъэмей къафэ» цIыхубэ ма­къа­мэхэм я попуррир зэхигъэуващ.
  • «Къафэжь», «Бжьамий», «Шы­кIэпшынэ», «Си лъахэ», «ЩIалэ­гъуалэ къафэ» уэрэд цIэрыIуэхэр  и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
  • «Свадьба на Тереке» фильмым и сценарийр зытхахэм ящыщщ.
  • Сыт къарут, сыт
  • зэхэщIыкIт иIэр?
  • Бэрэгъун Владимир и IуэхущIафэхэм, и лэжьыгъэм, и гъащIэм мащIэкъым хищIыкIыр композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ Джэ­брэIил. И ныбжьэгъум ехьэлIауэ и гукъэкIыжхэмкIэ къыщыддэгу­а­шэкIэ, абы жиIэр фIэмащIэу апхуэдэщ.
  • — 1950 гъэхэм ирихьэлIэу Шор­-тэн Аскэрбий, Нало Заур, Гъу­кIэмыхъу Iэбубэчыр, Къардэн­гъущI Зырамыку сымэ адыгэ ­щыпсэу щIыналъэхэм кIуэурэ IуэрыIуатэ зэхуахьэсыжу щытащ. Сэ сыщIалэ цIыкIуу къалэм сыкъэкIуауэ Заур ныбжьэгъу схуэхъури, слъэгъуащ абыхэм я лэжьэкIэр. Е макъыщтэ щымыIэу, бабинэ ­теплъхьэрэ пIуантIэу патифо­ныжькIэ ирагъэтхыу абыхэм зэ­хуахьэсам и бжыгъэр пхужы­мы­Iэным хуэдизт, — къыщIедзэ и псалъэхэм ДжэбрэIил. — Бэрэгъуныр и IэщIагъэкIэ уэрэджыIакIуэт, уэ­рэджыIакIуэфIт, макъ телъыджэ иIэу. Арат ар КъБР-м и ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щIрагъэблэгъар, уэрэдыжьу, къафэу, уджу, пшынэ, шыкIэпшынэ макъыу, пшыналъэу, нэгъуэщI-къи­нэмыщIу зи гугъу сщIахэм кърахьэлIар нотэкIэ ирагъэтхыжыну. Адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэр щызэхуэхьэса лэжьыгъэ том зыбжанэ хъунум елэжьын щIидзауэ, сэ еджапIэр къызэрызухрэ илъэс мыхъуауэ, 1969 гъэм Бэрэгъуныр си деж къэкIуащ, «IуэраIуатэм сыхэсщ, ар фIыуэ зэрыплъагъур сощIэри дыздэгъэлажьэ, мин бжыгъэкIэ институтым щIэлъ пшыналъэхэр тедгъэтхыкIыж» жиIэри. Жэщ-махуэ димыIэу илъэсиблкIэ дыздэлэжьащ Володя сэрэ, а зэманым къриубыдэу пшыналъэ минитIым щIигъу нотэм иттхащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, дешифровкэ тщIащ. СурэтыщI бэлыхьу Стифановский Аркадий ди гъусэти, абы нотэ станыр иритхъэрт, Володя сэрэ ттхар сэ къистхыкIыжырт. Абы щыгъуэ теттхыкIыжахэм ящыщу ГъукIэ Анжелэ щих къыхищыпыкIри, тхылъ еплIанэу дунейм къытехьащ.
  • Бэрэгъуным итхыжа уэрэ­дыжьхэм ежьу къудейтэкъым ­яхуитхыр, пшыналъэ Iэмэпсымэ­хэр къигъэсэбэпу оркестр цIыкIу щIигъэувэрт. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ уэрэдыпкъым екIужыну фащэр пшыналъэ IэмэпсымэхэмкIэ яхуэптхын хуейтэкъэ?! Дахащэу къригъэзагъэрт!

  • Сэ а илъэсхэм IуэрыIуатэм сызэрыхэсам куэд къызитащ, зыми ямыIэ макъ зэщIэжьыуэ адыгэм дызэриIэр къысхузэIуихащи, ар си лэжьыгъэм нобэр къыздэсым къыщызогъэсэбэп. Лъэп­къышхуэ куэд щыIэщ адыгэм и IуэрыIуатэм хуэдиз къыщIэмынауэ. «Фэ фиIэ хъугъуэфIыгъуэр зищIысыр фщIэжыркъым», — жиIэрт Бэрэгъуныр зыдэлэжьа, япэ тхылъым пэублэ псалъэ хуэзытха щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гиппиус. Иджыри зы: адыгэм фIэкIа щыIэкъым и нарт хъыбархэм пшыналъэ, макъамэ щIэлъу. Ар япэу къыщысщIам сылъэтэнут, сыту жыпIэмэ, лъэпкъ узыншэр япэ дыдэу къызэрыпцIыхунур и макъамэращ.
  • Сыт къарут, сыт зэхэщIыкIыт Бэрэгъуным къритар адэ и лъащIэм къыщыщIигъалъэу, мыхъу­мыщIэу хъуар пигъэщэщу, искусствэм и къабзагъэр лъэпкъым къыхуигъэнэн папщIэ?! АтIэ сыт дэ абы и фэеплъыр зэрыдгъэлъэпIэфар?
  • И лэжьыгъэ нэхъыщхьэмкIэ къэдгъэзэжынщи, Бэрэгъуныр «Свадьба Фигаро», «Цыганский барон» опереттэхэм, «Травиата» оперэм, нэгъуэщIхэми зэрыхэтар зымылъэгъуам зыри илъэгъуакъым. УтемыукIытыхьу дэнэ утыкуи сыт хуэдэ макъами щыжиIэфыну цIыху уи лъэпкъым къызэрыхэкIам ущымыгуфIыкIыу хъурэт?! Мис апхуэдэ уэрэд­жыIакIуэт, зэфIэкI ин зиIэт Бэрэ­гъун Владимир.
  • Дунейм цIыхуу тетым къагурыIуэ бзэм — музыкэм — хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ абы. Тхьэм къритауэ иIэ и макъ дахащэмкIэ образ куэд утыкум къыщигъэщIащ. УэрэдгъэIур сэ къызэрысщIэр си щхьэфэцым зэрызригъэIэтымкIэщ: псалъэхэмрэ уэрэдыпкъым­рэ (мелодия) я къарур макъым къызэриIуэтэфым сыкъытримы­IэтыкIмэ, ар уэрэджыIакIуэкъым. Апхуэдэ къару лъэщ щIэлът Бэрэгъуным и макъым.
  • Ныбжьэгъухэм
  • я псалъэ
  • Жырыкъ Заур, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор: — Си ныбжьэгъуфIу щыта Дэбагъуэ Хьэсэн деджат Бэрэгъун Владимири, сцIыхурт, ищIэхэм сыщыгъуазэт, и уэрэд жыIэкIэр сигу ирихьырт. Си ныбжьэгъу гъунэгъуу щымытами, фIыуэ сыкъызэрилъагъур сщIэрт, сэри пщIэшхуэ хуэсщIырт.
  • Си творчествэм щыгъуазэт Владимир. Си IэдакъэщIэкI куэд имыгъэзэщIами, а жиIа закъуэтIа­къуэр цIыхухэм ягу ирихьу утыку кърихьащ. Псалъэм папщIэ, Бицу Анатолэ сэрэ зэдэттха «Къосыр уэс» романсыр консерваторэр къыщиухым щыгъуэ и репертуарым зэрыхэтар къызжиIэжыгъат. Композиторхэм я зэIущIэшхуэ Орджоникидзе (иджы Владикавказ) щрагъэкIуэкIыу а лэжьыгъэмрэ «Гъатхэ усэ» романсымрэ щыжиIауэ щытащ Бэрэгъуным.
  • Телевиденэм и редактору сы­щылажьэм Москва и каналхэм ящыщ зым къыщагъэлъэгъуэну концерт згъэхьэзырын хуейт. Владимир Тбилиси къриша звукооператорхэм, звукорежиссёрхэм ди радиом щрагъэтхауэ щыта адыгэ уэрэдыжьхэр абы къыщызгъэсэбэпат, ахэр, утемыукIытыхьу, сыт хуэдэ утыкуи къипхьэ хъунути.
  • Куэт Къанщобий, КъБР-м и цIыхубэ артист: — Бэрэгъун Владимир сэрэ дызэдеджакъым, ауэ дызэдэлэжьащ. Абы лэжьэн щIи­дзакIэу, сэ 1971 гъэм къэзухри ­сыкъэкIуэжащ. Верди и «Тра­виата»-р ШэрыIужь Анатолэ игъэувауэ, абы и лIыхъужь Альфред и ролыр Дэбагъуэ Хьэсэнрэ Бэрэ­гъун Владимиррэ ягъэзащIэрт. Оперэ партиеу тху, Альфред ейри хэту, хьэзыру сиIэти, 1972 гъэм абыхэм я ещанэ сыхъуауэ щытащ.

  • Нобэми гуапэу сигу къокIыж тIуми дзэм къулыкъу щытщIэу (Владимир Москва пэмыжыжьэу, сэ Москва дзэ округым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамбль езы къа­лащхьэм дэтым) накIуэу сыкъи­лъэгъуауэ зэрыщытар.
  • Макъ телъыджэ иIэт, щIалэ екIут, зэпIэзэрытт. Зым адрейм и жагъуэ игъащIэм тщIакъым. Музыкэ театрым щыщылажьэми, филармонием щыщыIэми гъуазджэм, адыгэ лъэпкъым щхьэкIэ Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ, Iуэры­Iуатэ тхыжынми и къару мымащIэу ирихьэлIащ.
  • Мэкъуауэ Хьэсэн, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист: — Дызэныбжьэгъуу, унагъуэкIэ дызэкIэлъы­кIуэу щытащ Бэрэгъунымрэ сэрэ. Апхуэдэ цIыхугъэ зыхэлъ гъуэтыгъуейщ, зыгуэрым щхьэкIэ Iей и жьэм къыжьэдэкIауэ игъащIэм зэхэсхакъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, икъукIэ гъащIэ мащIэт.
  • Егъэлеяуэ уэрэджыIакIуэфIт, филармонием и унафэщI къалэнми гурэ псэкIэ бгъэдэтащ. Сыт хуэдэ гуп хэтми, ар игъэдахэу, ­игъэбжьыфIэу къэгъуэгурыкIуащ Володя, дыхуэарэзыщ, здэкIуам Тхьэм щигъэтынш!
  • Мэз Iэниуар, сабий усакIуэ: — Сэ Бэрэгъун Владимир илъэситIкIэ театрым сыщыдэлэжьащ, зэгъу­сэу гъуэгу дызэдытехьэгъащ. Уэрэдыжьхэм я дунейпсо фестиваль Польшэм щекIуэкIыу, сэ сызыхэта «Нартхасэ» ансамблыр (Нарткъалэ) абы ирагъэблэгъат. Къыхэгъэщыпхъэщ Совет Сою­зым щыщу а зы гупым фIэкIа а зэIущIэшхуэм зэрыхэмытар. Бэрэгъуныр гъусэ къытхуэхъуат, дэ дгъэув нарт къафэхэм щIэт уэ­рэдхэр абы хуэдэу зыми зэ­ры­хуэмыгъэзащIэм къыхэкIыу. Нобэ хуэдэу сощIэж концерт щытта пэшым фIэлъ люстрэшхуэр макъ ищIу Володя и макъым зэригъэ­хъейтэр…
  • Лэжьэгъум
  • хужиIар
  • Узыдэлэжьа, Iуэху зыдэпщIа, шыгъупIастэ зыдэпшха цIыхум уи дуней тетыкIэмрэ и псэ зэхэ­лъыкIэмрэ къимыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Бэрэгъуным илъэс куэдкIэ дэлэжьащ иджыпсту КъБР-м и къэрал филармонием и унафэщI ЗэшэкIуу ТIэхьир.
  • — Сысабийуэ музыкэ еджапIэм сыщеджэу, телевизорымкIэ, радиомкIэ къату зэхэсхырт Бэрэгъуным и уэрэдхэр. Абы и макъым удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым, — къыджеIэ абы. — Еджэн къэзухыу къыщызгъэзэжам лэжьапIэ сыувыну сыздэкIуар Володя и дежт — ар филармонием и унафэщIу, Темыркъан Борис а IуэхущIапIэм и дирижёр нэхъыщхьэу. ЗанщIэуи гу лъыстат Володя и цIыху хэтыкIэ гъэщIэгъуэным — цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкIрэ фIэкIа абы пагагъэ гуэри дэплъагъуртэкъым. Къэзыухъуреихьхэр псори фIыуэ илъа­гъурт, хузэфIэкIымкIэ щIэгъэ­къуэн хъурт, «хьэуэ» псалъэр и жагъуэ дыдэти, ар жимыIэн щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым.
  • Бэрэгъун Владимир теухуауэ сысабийуэ зэхэсха зы хъыбар кIэщI сигу къокIыж. Музыкэ училищэм и цIыхубэ кафедрэм и унафэщIу щытащ Харитонов Валерий. АтIэ абырэ Володярэ Саратов консерваторэм щызэдеджати, жиIэжырт: «Иджыри дыстуденту дызыхагъэхьэ концертхэм я афишэм Бэрэгъуным и унэцIэр тету ялъэ­гъуамэ, уи нэм къыфIэнэн хуэдизу цIыху куэд къыкIэлъыкIуэу щытащ. Къыддеджэхэм яхэтт абы ­къехъуапси къеижи, къыхуэгуфIи къыхузэгуэпи».

  • Бэрэгъуныр республикэм, къы­зыхэкIа лъэпкъым куэд дыдэ хуэзыщIахэм ящыщщ. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу абы и ­къарум дэхуар пхужымыIэн хуэдизу инщ. Сэри нотэ сощIэ, ауэ а ­Володя хузэфIэкIар япэ къэсым тIысу хуэтхынукъым. Пшынэм, дэни къыщыздрахьэкIыу щыта жьэ пшынэм, нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэми я бзэрэбзэкIэр IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжыр цIыхубэм деж нихьэсыжыфащ. Си ныбжьыр здынэсам зыгуэрхэми мыIейуэ хэсщIыкI къыщIэкIынщ, ауэ ди бзэм и къулеягъэр сэ згъэщIэгъуэн сыухыркъым. Мис ар и лэжьыгъэхэмкIэ къигъэлъэ­гъуэн хузэфIэкIащ Володя.
  • Гуапэу сигу къокIыж «Бжьамий» ансамблым дыхэту Тыркум ды­кIуауэ зэрыщытар. Бэрэгъун Владимиррэ Пщынокъуэ БетIалрэ ди гъусат абы щыгъуэ, хуабжьу IуэрыIуэтэж хъыбар куэд патифон лентIэм трагъэтхат. Зэи сщы­гъупщэркъым абы щыпсэу адыгэ­хэр гуапэу къытпежьауэ зэрыщы­тари. Адыгэ ныпхэр зытегъэпщIа машинэ щэщIым нэсынум я пашэт уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Догъэн. И лъакъуэр къутауэ гип­сым зэрыдэлъым хуэдэу, колометр щитIым нэблагъэкIэ къэкIуат къытIущIэн, фIэхъус къыдихын ­папщIэ.
  • Володя и уэрэдхэр иджыри радиокIэ щызэхэсхкIэ сфIэщIэщы­гъуэщ, сфIэгъэщIэгъуэну, сыте­мы­зашэу содаIуэ.
  • Щхьэгъусэм
  • и гукъэкIыжхэр
  • — Зы махуи дэкI къыщIэкIынкъым Володя сигу къэмыкIыу, и чэнджэщ, и псалъэ сыхуэмыныкъуэу, абы щхьэкIэ нэпс щIэзмыгъэкIыу, — жеIэ игу къызэрызэфIэнам щхьэкIэ тIэкIуи щIэукIытыхьыжауэ и щхьэгъусэ Тамарэ. — Уеблэмэ языныкъуэхэм деж согузэвэж и псэр гугъу езгъэхьу пIэрэ жысIэу. Ар тыншу ящыгъупщэ цIыхухэм ящыщтэкъым. ЛэжьакIуэшхуэт, зэман куэдыкIей и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ тригъэкIуадэрт, зы­щысхьын хуейуэ ищIэххэртэкъым. Арагъэнщ пасэу щIэужьыхари. Абы щыгъуэми, Iэджэм зэращI хабзэу, лэжьыгъэ къудейкIэ псэуа­къым ар: и гулъытэ хуэныкъуэ дэтхэнэми лъигъэсыфырт, и уна­гъуэрати, зыми зэрыхуимыгъэныкъуэным яужь ит зэпытт, сабийхэр зыпищI щыIэххэтэкъым, илъэс щIагъуэ къэмынэу тенджызым дишэрт. ЖыпIэнуракъэ, сытми хунэсырт, псэуну пIащIэрт жы­хуаIэм хуэдэт.
  • Илъэс щэщIкIэ дызэдэпсэуащ Володя сэрэ. Ар зыфIэкуэдыни щыIэнщ, «апхуэдизрэ зыбгъэдэсамэ сыт зыхуейр?» къысхужызыIэнхэри щыIэнщ, ауэ зы напIэдэхьеигъуэу кIуауэ фIэкIа сщIэркъым а илъэсхэр.
  • Зы уэрэд итхамэ, сэрат япэу иригъэдаIуэр, абы щыгъуэми жэщ ныкъуэ иIэтэкъым, нэхущ иIэтэкъым. Гъуэлъыжарэ жей IэфIым хилъэфауэ къыщыпщыхъуми, къыщы­лъэтыжу тхылъымпIэм зыгуэр тритхэфынут. Пщэдджыжьым щытхэ пэшым ущIыхьамэ, уэрэдыпкъыр стIолыщхьэм телът.
  • Зэман-зэманкIэрэ зыдэлэжьа цIыху щхьэхуэхэм я гугъу сщIынкъым, ауэ IэдакъэщIэкI куэд къызыдигъэщIа, IуэрыIуатэ куэд зыдитхыжа щIэныгъэлI Гиппиус ди унагъуэм и ныбжьэгъуфIу щытащ. Москва къикIрэ къэкIуамэ, махуэ бжыгъэкIэ ди деж щыхьэщIэу, адыгэ шхыныгъуэхэр игъэщIа­гъуэу, фIэIэфIу къытхэст. Езы ­Володя къалащхьэм, и ныбжьэгъум и деж щыкIуэкIэ, портфелыр къищтэрти: «ИIэ-тIэ, Томэ, сэ сокIуэж», — жиIэрт, апхуэдизкIэ куэдрэ зэхуэзэрт, зэщIыгъути.
  • «Сыту Iейуэ сеша, Томэ», — щыжиIэкIэ си гур узырт, «кхъыIэ, зыгъэпсэху, зумыукIыж» жысIэми, апхуэдэ зэман хьэулей имыIэу къызжиIэрти, лажьэу ежьэжырт. И псэм ищIэми ярейт гъащIэ кIыхь къызэрыхуимыухар: ар илъэс 57-рэ псэуауэ аращ.
  • Бэрэгъун Владимир псалъэ гуа­пэ куэд хуэфащэщ, и фэеплъыр дгъэлъэпIэнуи ди хьэкъщ. Ар зыхузэфIэкIын лъэпкъ дыхъуну, абы къимыгъэщIар и щхьэгъусэм, и къуэмрэ и пхъумрэ къахупищэ­- ну Тхьэм жиIэ! 
  • Зыгъэхьэзырар
  • ИСТЭПАН Залинэщ.