Къыпхуэмылъытэн хуэдиз къару
2020-02-18
- Си анэшхуэ ГуащэцIыкIу Куба къуажэм 1885 гъэм къыщалъхуащ, Къанэмэтхэ япхъущ, Шалхэ я нысэщ. Къэрэгъэш щыщ Шал Хьисэ 1906 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуащ. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу а тIур илъэс 33-кIэ зэдэпсэуащ. А тIум бынипщI зэдапIащ: щIалэу хы, хъыджэбзу плIы. Къуажэдэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, Хьисэ лIы губзыгъэу, пщIэ зиIэу псэуащ, чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэхэу, цIыхухэр зэригъэкIужыфу щытащ.
- Нанэ игу къигъэкIыжырт: «Хьисэ хуабжьу тегузэвыхьырт и щIалэхэм икIи жиIэрт: «Мы дунейр хуабжьу зэрызохьэ, къэзэуати къэхъуну къысщохъу, абы си къуэхэр хэкIуадэмэ, жызоIэри жейм сезэгъыркъым, уэ къыпфIэмыIуэхуу уожей». «НтIэ, армэм дашми сыгъын, иджыри сыгъын» жэуап естыжырти, сыхуэгузавэртэкъым»! АрщхьэкIэ къыкъуэкIащ гъэунэхуныгъэр.
- ЩIалэ нэхъыщIэр илъэс 18-м иту сымаджэ хъури, лIащ. Хьиси 1939 гъэм дунейм ехыжащ. Хъыджэбз нэхъыжьыр 1932 гъэм Ислъэмей къуажэ Сэбанхэ яшат. Хэку зауэшхуэм си нанэ ирихьэлIащ лIы имыIэжу, быни 8-р езым ейуэ, и къуэ Хьэмид ейуэ 4, Мухътар ейуэ 3 къыбгъэдэнауэ. Зауэм щIимыдзэ щIыкIэ зэрыбыныр колхозым щылэжьахэщ, къыхуагъэфащэ ящIэу.
- 1939 гъэм Хъусин дзэм ираджащ икIи Брест быдапIэм къулыкъу щищIэу зауэр къэхъеящ. 1941 — 1942 гъэхэм адрей щIалищри дашащ. Си адэ Мухътар нэхъ лъэрызехьэу, шыкIэ IэкIуэлъакIуэу къалъытэрти, 115-нэ шу дивизэм хагъэхьащ. ТIалэрэ Хъусинрэ фочауэ полк хэтахэщ, Прохладнэ и гъунэгъуу Лесной посёлкэм зэуэкIэм щыхуагъэсащ.
- Нанэ а тIум я деж кIуати, къэрэгъулым дагъэхьэртэкъым. ИтIанэ си анэшхуэм мыпхуэдэу яжреIэ: «Карзинка документ, хьэдэр зымыгъеин, сын кушит хуочет». И урысыбзэр ныкъуэми, дагъэхьауэ щытащ.
- ПхужымыIэн хуэдизщ нанэ а зэманым шыIэныгъэу, зэфIэкIыу иIар. Къэрэгъэш жылэр мэзитIым яку дэсщ. Нэмыцэхэр Балъкъ мэзым, советыдзэхэр Къэрэгъэш мэзым щIэту, топышэр къуажэм щхьэпрылъэту зэзауэрт, уэгум кхъухьлъатэхэр итт, бомбэхэр къра-дзыхыу. Апхуэдэ гузэвэгъуэ къыщыхъу-хэм и деж хьэблэм нысащIэу дэсыр си нанэ и деж я сабийхэр я гъусэу къакIуэрти, пэшым щIэзу щIэсхэт. Ди гъунэгъу лIыжьыр шхыдэрт, «топышэ унэм къытехуэмэ, псори фиукIынущ» жиIэу, арщхьэкIэ зыри яхущIэкIыртэкъым, «Мыбы дыщIэсмэ, шэ къыттехуэнукъым» жаIэрти, нани абыхэм ягухэр фIы яхуищIырт, Тхьэ елъэIухэу щIэсхэт.
- 1942 гъэм и гъатхэм нанэ япэу щхьэ-кIуэ тхылъ къыIэрыхьащ: Брест къулыкъу щызыщIа и къуэ Хъусин хэкIуэдат, иужькIэ си адэ Мухътар Ростов облас-тым щаукIауэ хъыбар къыIэрыхьащ. ТIалэрэ Хъуранрэ я псэхэр зэратами мыгувэу щыгъуазэ хъуащ. И къуэ етхуанэ Хьэмид пцIы къыкIэралъхьэри, Сыбырым щыIащ. 1953 гъэм хей ящIыжри къэкIуэжащ. Абы езым унагъуэ иIэт, сабиитI ипIырт, арщхьэкIэ дэри куэдкIэ сэбэп къытхуэхъуащ сыт и лъэныкъуэкIи. Сыбырым щилъэгъуа гугъуехьыр лъэужьыншэ хъуакъым: 1977 гъэм Хьэмидри нанэ щIилъхьэжащ.
- Зауэ нэужьыр хьэдагъэщ, жаIэ, ауэ нанэ абы и деж къакIуэ ди гъунэгъу фызабэхэм, ди анэри яхэту, цIыкIухэм тлъагъуу гъыуэ яхуидакъым. Дауи, зи къуиплI зауэм хэкIуэда фызыр гъащ, ауэ, иужькIэ зэрыжиIэжамкIэ, апхуэдэхэм деж хадэм хыхьэрти димыгъэлъагъуу гъырт.
- Зауэ нэужьым нанэ и пхъуищымрэ и къуэм и къуищымрэ, ди анэр ди гъусэу, абы дыкъыбгъэдэнащ. Ди закъуэкъым: къуажэдэс псоми гугъуехьышхуэ къалъыкъуэкIащ. Ди унагъуэри абыхэм ящыщ зыт. 1947 гъэм гъеишхуэ къэхъуащ, уэгъу хъури, къэкIыгъэхэр яфIисыжащ. Нанэ и губзыгъагъэкIэ дэ сы-тым и дежи жэмитI зетхуащ икIи абы и фIыгъэкIэ хэщIыншэу дыкъелащ. Зи щхьэгъусэхэр зауэм хэкIуэда гъунэгъу нысащIэхэр къакIуэрт. Хьэбибэ, Жануэс, КIуарирэ, си анэм а цIыхубз Iущыр анэ пэлъытэ яхуэхъуат. Абыхэм нанэ и деж щагъуэтырт псалъэ дахэ, Iущыгъэ, псэуа зэрыхъун Iэмалхэр яжриIэрт. Зэманыр хуабжьу ткIийт, губгъуэм лэжьакIуэ жьыуэ дэкIхэрт, дыжеижауэ къэкIуэж- хэрт. Нанэ и чэнджэщкIэ хадэхэр жэщкIэ ятIырт, гъуэрыгъуэурэ зэгъусэу. Хадэм нартыху хэтсэрт, джэш, къэб кIэщIасэжырти, ахэр тшхырт. 1956 гъэм ирихьэлIэу хъыджэбзищри унагъуэ ихьа-хэщ. Зэманыр и пIэ иткъым, дэри балигъ дыхъуащ, лэжьэн щIэдзэщ. Дэ иджыри зы гуауэшхуэ къытлъыкъуэкIащ, илъэс щэныкъуи мыпсэуауэ, ди анэр дунейм ехыжащ 1963 гъэм.
- Зэкъуэшищри нанэ дригъэджащ. Нэхъыжь Ибрэхьим Прохладнэ АТК-м илъэс 35-кIэ щылэжьащ, Мухьэмэд КъБКъУ-р къиухри, Акъбащ Ипщэ школым и завуч, директор къулыкъухэр илъэс 36-кIэ щрихьэкIащ. СынэхъыщIэти, псэуху, нанэ сыбгъэдэсыжащ — ухуакIуэ бригадэм и унафэщIу сыщытащ, футбол командэри сIыгъащ, илъэс 30-кIэ згъэджэгуащ.
- Iущу илъэс 93-кIэ нанэ псэуащ. 1978 гъэм шыщхьэуIум и 27-м дунейм ехыжащ.
- Ди адэ Мухътар Ростов областым зэрыщыхэкIуэдар тщIэрти, 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м Мартыновскэ районым щыщ Ново-Николаевскэ къутырым щыIэ и кхъащхьэм дыщыIащ. ЩIыгулъ тхьыри теткIутащ, удз гъэгъа Iэрамэ тетлъхьащ. Езыр зыщIэлъым щыщ щIы тIэкIу къэтхьри, ди кхъэм щыхуэдгъэувыжа сыным теткIутащ.
- Мис апхуэдэ лъэужь хэмыгъуэщэжын къытхуигъэнащ дэ Хэку зауэшхуэм. Ауэ дрогушхуэ хэкIуэда зэкъуэшхэм къэрабгъэ къазэрыхэмыкIам, Хэкум и пащхьэ щаIэ къалэныр хьэлэлу зэрагъэзэщIам. Дауи, фэ къызэрывгурыIуащи, абы и фIыщIэ ин хэлъщ ди анэшхуэ ГуащэцIыкIу.
- Шал Хьэбас.
- Къэрэгъэш къуажэ