Кавказ щыхьым и бжыгъэм хагъэхъуэж
2020-02-18
- Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ. Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, щыIэщ ди щIэныгъэлIхэр зыгъэгуауэщхьэуэ, щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэри. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр.
- 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу зи гугъу тщIы псэущхьэр Кавказ Ищхъэрэм щамыгъуэтыжыххэу бзэхащ. А ныкъусаныгъэр зыгуэрурэ ягъэзэкIуэжын я гугъэу, щыхь къуэлэныр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърашыурэ, Кавказ Ищхъэрэм кърагъэтIысхьэу щIадзат биологхэм.
- Къыхэгъэщыпхъэщи, Кавказым кърашэлIа щыхьхэм яхэттэкъым щыхь къуэлэн къабзэ жыхуаIэжу, щIэныгъэлIхэр зылъыхъуэр. АтIэ, абы илъ зыхэт щыхь лIэужьыгъуэ щхьэхуэт ахэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ щыхьхэм щакIуэхэм деж щIэупщIэ щаIэхакъым, фейдэ лъэпкъи къапыкIакъым. Мы Iуэхум нэгъуэщI ныкъусаныгъи къыкIэлъыкIуащ — щыхь тумэхэр багъуэри, щыхь къуэлэн къабзэм хухаха хъумапIэхэр яубыдащ.
- Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа щыхь къуэлэным и генетикэр (ДНК) яджауэ, а мардэхэм къезэгъ щыхь лIэужьыгъуэщ къалъыхъуэр щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым. Апхуэдэу, хэплъэ-хэдэкIэ щыхь лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыщыхутащ ди щIыналъэм. Псалъэм папщIэ, Аскание-Новэ (Украинэм) къраша щыхь лIэужьыгъуэр «Нальчикское ГООХ» ФГБУ-м и Iэшэлъашэм щыпсэуащ. Ахэр ди щIыпIэм есами, емысэу щыкIуэдыжами зыми ищIэркъым. Ягъэхъыбаракъым. Ауэ, мы IуэхущIапIэм мызэ-мытIэу щыхь гуп кърашалIэурэ мэзхэм зэрыщIаутIыпщхьар щыхьэт тохъуэ, япэрейхэр ди щIыуэпсым зэрыхэмыпсэукIыфар.
- Дигу къэдгъэкIыжынщи, 1957 гъэм Кърымым кърашауэ щытащ щыхь 44-рэ. Ахэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тумэт. Ауэ, зэрыжаIамкIэ, щыхь къуэлэным илъи яхэтт. ИужьыIуэкIи, 1968, 1975, 1978, 1985 гъэхэм щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърашащ щыхь къуэлэныр. Абыхэм я псэукIэм щыкIэлъыплъын мурадкIэ щIыпIэ яхъумэхэм щрагъэпсыхат, ауэ языныкъуэр къелакъым, языныкъуэм щыхъуакIуэ щIы пычахуэр къемэщIэкIри, щIэпхъуэжащ.
- Гу лъытапхъэщ хуиту мэзым щIэт щыхь лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ адэкIэ-мыдэкIэ къраша щыхь тумэхэмрэ я лъыр зэхэлъадэу, нэгъуэщI лIэужьыгъуэщIэхэри къызэрыунэхуам.
- Мы Iуэхум теухуауэ зыхуэдгъэзащ Налшык и къэрал щакIуэ хозяйствэм и унафэщIым и къуэдзэ Сокъур МуIэед. ИпэжыпIэкIэ, абы и жэуапым дыкъигъэуIэбжьащ:
- — Апхуэдиз илъэскIэ ди щIыналъэр зытелэжьа Iуэхур псэхэкIуадэ хъуащ. Сыту жыпIэмэ, алъандэрэ ди щIыпIэм кърашэлIа щыхь къуэлэныр дэ дызыхуей лIэужьыгъуэ тхуэщIакъым, пхуэщIынкIи зы Iэмал иIэкъым. Щхьэусыгъуэр — нэхъапэм Кавказым щыпсэуа щыхь къуэлэн къабзэм и генетикэ мардэхэр тщIэ мыхъумэ, абыхэм къезэгъыу зы лIэужьыгъуи къытхуэгъуэтакъым. Алъандэрэ кърашэлIа къомым я гугъу пщIымэ, апхуэдэ щыхь лIэужьыгъуэхэм уасэ гуэри яIэкъым, биологие и лъэныкъуэкIи мыхьэнэ пылъкъым, щIэныгъэлIхэми зыхуейр яхуэгъуэтакъым. Уеблэмэ, щыхь тумэр, куэд къызэрыгъэхъуами, апхуэдизкIэ мыхьэнэншэщи, ахэр псынщIэ-псынщIэу зэрыдгъэкIуэдыжыным яужь дитщ. Мы Iуэхум ди гугъэр хэтхыжыркъым, гукъэкI гуэрхэр диIэу, абы делэжьыну зыдогъэхьэзыр, ауэ нобэкIэ дэ нэгъуэщI Iуэхущ зетхуэри, къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжари. ЗэрытщIэщи, щыхь къуэлэным и закъуэкъым дэ тIэщIэкIыр, атIэ «кавказ щыхь» жыхуэтIэ лIэужьыгъуэри мащIэ хъуащ. Мыгувэ щIыкIэ а Iуэхур дгъэзэкIуэжыну и ужь дихьащ. Кавказым и къэрал псэущхьэ хъумапIэм къитшри, 2016 гъэм щыхьитху къитшауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. МазэкIэ дакIэлъыплъри, гектар 75-рэ хъу щIы хэхам идутIыпщхьащ щыхьхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ахэр псэущ, узыншэщ, мэбагъуэ икIи дызыхуэныкъуэ лъы къабзэхэм ящыщщ. Щыхьыр илъэсым зэ лъхуэуэ аращи, дызэрыхуейм хуэдэу, псынщIэ-псынщIэу я бжыгъэр хэхъуэркъым, ауэ икIи хэщIыркъым. Хуэм-хуэмурэ заужь. Мис мы унэтIыныгъэм нэхъри зедгъэубгъуну аращ иджыпсту дызэлэжьыр, — къыджиIащ къулыкъущIэм.
- Фырэ Анфисэ.