Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм щыIейкъым
2020-02-18
- Мазаем и 4-м «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм мы гъэм и етIуанэ зыгъэсэгъуэр Нартсанэ (Кисловодск) щызэхаублащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым гъатхэпэм щыщIэзыдзэжыну 2019 — 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырыным ипкъ иткIэ ди щIалэхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр абы щыдрагъэкIуэкIащ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-мрэ Грознэм и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупымрэ.
- ЯпэщIыкIэ, мазаем и 7-м, налшыкдэсхэр ядэджэгуащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къадыхэт «Легион Динамо»-м. «Спартак-Налшыкым» и фащэр ящыгъыу ар ирагъэжьащ Щоджэным, КIэдыкIуейм, Ольмезовым, Белоусовым, Сындыкум, Хьэшырым, Салахетдиновым, Дэхъум, Iэпщацэм, Машэжьым, Бацэм. Лъэныкъуэхэм Iэмал хъарзынэхэр яIа пэтми, бжыгъэр къызэIуамыхауэ загъэпсэхуну икIащ.
- Пасэу зэрытраухуам тету, джэгум и етIуанэ Iыхьэр езыгъэжьар нэгъуэщI-хэрщ. Иджы «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр яхъумэрт Къардэным, Запалацкэм, Стригэ, Шумахуэм, Дзэмыхьым, Шаваевым, Уэрэзейм, Клышэ, Ашум, Къуэжьейм, ХъутIэм. ИужькIэ абыхэм къахыхьащ Лъэпщымрэ Торосянрэ.
- Хьэлэмэтращи, нэхъ щIалэщIэхэр мы зэIущIэм нэхъыфIу щыджэгуащ. Джэгум и етIуанэ Iыхьэр ирагъажьэри, дакъикъитху дэкIауэ арат Шаваев Магомед налшыкдэсхэр япэ щригъэщам. Зэман дэкIри, «Легион Динамо»-м бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
- ЗэIущIэм и кIэух дакъикъэхэр «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ екIуэкIащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым ди гъуащхьауэр мэхъэчкъалэдэсхэм я гъуэм пэмыжыжьэу ираудащ. Пенальти! Ар Iэзэу игъэзэщIащ Ашу Мурад.
- Джэгур икIэм нэблэгъэпат, зэIущIэм къызэрыхыхьэрэ куэд мыщIа Лъэпщ Темырлан кIэух бжыгъэр 3:1-м щынигъэсам.
- Махуищ дэкIри, «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Урысейм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгу Грознэ и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупыр. КIэбышэ Заур зи унафэщI тренерхэм абыи и IыхьитIым щагъэджэгуар гуп зырызщ. ТегъэщIапIэ ящI нэхъ лъэщыIуэу ябжхэм хухаха зэманыр ирагъэхьащ, 27-нэ дакъикъэм метр пщыкIузым и деж щыту топ къыдрагъэгъэкI-ри. Нэхъ щIалэIуэхэм Iуэ- хур иужькIэ ягъэзэкIуэжащ. Аргуэру къыхэжаныкIар гъуащхьауэ ныбжьыщIэ Лъэпщ Темырланщ. Зи чэзу топыр абы 78-нэ дакъикъэм грознэдэсхэм яхудигъэкIащ.
- Нартсанэ зэрыщыIэну етIуанэ зыгъэсэгъуэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» иджыри зэныбжьэгъугъэ зэIущIитI иригъэкIуэкIыну и мурадщ.
- Жыласэ Заурбэч.