Афганистан — мыкIыж уIэгъэ
2020-02-18
- Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 31-рэ ирикъуащ. А махуэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм, щIыналъэхэм щекIуэкIащ абы теухуа Iуэхухэр.
- Урысей МВД-м Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и кадет классым щеджэхэмрэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №6-м и «НыбжьыщIэ армэ» зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэщащ «Афганистан — мыкIыж уIэгъэ» зыфIаща лIыгъэм и дерс.
- Iуэхум кърихьэлIащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеранхэу, лейтенант нэхъыжьу полицэм къыхэкIыжа Бекъул Аслъэн, Зыхьэ Арсен, Iусен Мустэфа, Жылэтеж Мухьэмэд сымэ.
- Дзэм хэтахэм школакIуэхэр щагъэ- гъуэзащ а зэман мытыншым, ядэгуэшащ зэхэуэхэм щыIам ягъуэта гъэунэхуныгъэмкIэ, тепсэлъыхьащ Афган зауэм и мыхьэнэм. Абыхэм къытщIэхъуэ щIэблэр къыхураджащ мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта зауэлIхэм я фэеплъым пщIэ хуащIыну.
- Къызэхуэсахэр едэIуащ «Голубые береты» гупым игъэзэщIа уэрэдым. Кадет классым и унафэщI Рябкинэ Татьянэ еджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ яхутепсэлъыхьащ 1985 гъэм Афганистаным къыщызэрагъэпэща 350-нэ полкым и десантхэр зыхыхьэ «Голубые береты» гупым, ар цIэрыIуэ зэрыхъуам.
- Ветеранхэм я дежкIэ а зэхыхьэр хъуат гукъэкIыжхэм я махуэ.
- Къызэхуэсахэм фIыщIэ хуащIащ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, полицэм и майорхэу ЛIыжьыкъуэ Азнауррэ Къармэ Натальерэ.
- Дыгулыбгъу Жантинэ.