Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ футболымкIэ я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
2019-12-19
- ДифI догъэлъапIэ
- Лъэпкъыр зэрыгушхуэ
- Нобэ, дыгъэгъазэм и 19-м, ди республикэм щагъэлъэпIэнущ адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу футболымкIэ Совет Союзым и чемпион Тбилиси и «Динамо»-м хэту 1964 гъэм хъуа, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжу зи пашэ «Спартак» (Налшыкыр) Урысей Федерацэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм зэи къэмыхъуауэ щытезыгъэкIуа Iэпщэ Александр (ШурэкIи, СашэкIи еджэу щытащ) къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур.
- Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ шыгъажэм, бэнэкIэм, бжы дзыным, шабзэ гъэуэным, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэми хэмыхьэ, ауэ иужьрей илъэсищэм дуней псом зи лъэр щызыгъэбыда топджэгум ди лъэпкъэгъухэм я деж зыщиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ иIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм я кIэухым Къызбрун Езанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм къыщалъхуа Iэпщэ Александр. Ар ящыщащ къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэтын папщIэ 1959 гъэм япэ дыдэу ди республикэм къыщызэрагъэпэща «Спартак» (Налшык) футбол командэм хагъэхьахэм.
- Къызэрыхэдгъэщащи, Iэпщэ Александрщ зэи къэмыхъуауэ дэ тщыщу Совет Союзым и чемпион хъууэ 1964 гъэм «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэр къызыфIащар. Аращ Налшык и «Спартак»-м и пашэу щытар къыкIэлъыкIуэ 1965 гъэм япэ дыдэу ди командэр Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуам.
- Iэпщэ Александр Ладин и къуэр 1959-1960, 1963, 1965, 1967 гъэхэм — Налшык и «Спартак»-м, 1962 — 1963 гъэхэм — Москва и «Динамо»-м, 1964 гъэм — Тбилиси и «Динамо»-м, 1966 гъэм — Волгоград и «Трактор»-м щыджэгуащ.
- 1964 гъэм — СССР-м, 1965 гъэм — Урысей Федерацэм я чемпион хъуащ.
- 1980 — 1982 гъэхэм Налшык и «Спартакым» и тренер нэхъыщхьэу щытащ.
- «СССР-м спортымкIэ и мастер», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ.
- Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым, къызэригъэпэща икIи зи унафэщIу щыта Налшык дэт Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхам и цIэр зэрахьэ.
- ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
- (Iэпщэ Александр теухуа тхыгъэхэм ди нобэрей къыдэкIыгъуэм и 5-нэ напэкIуэцIым фыкъыщеджэ).
- ТекIуэныгъэм и IэфIыгъэр
- Iэпщэ Александр теухуауэ куэд дыдэ зэхэсхат, ауэ си лэжьыгъэм и япэ лъэбакъуэхэм ящыщ зым абы сыхуигъэзэну сыщыгугъатэкъым. Интервью къеIысхын папщIэ дыщызэхуэзэну пIалъэмрэ щIыпIэмкIэ телефонкIэ дызэгурыIуэри, етIуанэ махуэм Сабий стадионым сыкIуащ, абы и директору лажьэ, адыгэхэм тщыщу СССР-м футболымкIэ япэ чемпион хъуа, нобэми цIыху минхэм я дэрэжэгъуэм сыIущIэну. Ар къыщыхъуар 1987 гъэ жыжьэрщ.
- Зи хъыбар зэхэсхарэ сурэткIэ фIэкIа сымылъэгъуа щIалэ зыIэщIэлъ хэщIыхьар хуабжьу гуапэу къысIущIащ — пщIэнтэкъым куэд дыдэ щIауэ фIыуэ сыкъицIыхуу щытауэ, иджы зэман кIыхь дэкIауэ дызэхуэзэжауэ фIэкIа. Апхуэдэ егъэблэгъэкIэм ди псалъэмакъри тынш ищIащ.
- Дауи, къыщедгъэжьар сэ сыкъызытекIухьауэ, езы Iэпщэ Александри и псэм щигъафIэ 1964 гъэм Совет Союзым и чемпион зэрыхъуарт. Абы щыгъуэм къекIуэкIыгъуитI зэпеуэм япэ дыдэу къэралым щынэхъ лъэщ командэр зэхигъэкIыфакъым, Тбилиси и «Динамо»-мрэ Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ очко зэхуэдиз къызэрахьам къыхэкIыу. Чемпионыр наIуэ щыхъуа зэIущIэр Узбекистаным и къалащхьэ Ташкент щрагъэкIуэкIащ икIи ди лъэпкъэгъур зыхэт Куржым (Грузием) и командэр абы 4:1-уэ щытекIуащ, зэрынэхъыфIым зыми шэч къытрырамыгъэхьэу.
- Си псэлъэгъум жиIэхэм седаIуэурэ, нэгум къыщIэзгъэувэрт абы щыгъуэм къуэш пэлъытэу диIа куржыхэм (иужькIэ абхъаз Iуэхум ар зыкъомкIэ къызэIищIащ) а лъэхъэнэм яIа гуфIэгъуэм и инагъымрэ а ехъулIэныгъэр зэраIэтамрэ.
- … Тбилиси и «Динамо»-р япэ дыдэу къэралым и чемпион хъуащ! Ташкент къилъэтыкIыжыну кхъухьлъатэр Куржым и къалащхьэм къыщетIысэхынур жэщым и сыхьэтитIрауэ зэрыщытыр ящIэ пэтми, цIыху минхэр аэропортым и Iэгъуэблагъэм щызокIуэ, куржы фадэ пIащIэр зэхурагъахъуэрэ зыр адрейм ехъуэхъужу, IэплIэ зэхуащIу, зэрыгъэпагэу. А гуфIэгъуэр и гъунэгъум дегуэш Къэбэрдейми — куржы командэр Совет Союз псом щынэхъ лъэщ хъун папщIэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ адыгэ щIалэ Iэпщэ Александр!
- Кхъухьлъатэр къызэретIысэхыу цIыхухэр абы пежэжьащ, зыгуэр къащымыщIащэрэт жыпIэу уигъэгузавэу. Хэти хуейт и дэрэжэгъуэм япэу еIусэну. ИкIи бжэр Iуахыу къызэриувыкIыу, щIалэхэр япхъуэтауэ, цIыху минхэм зэIэпах. ЯIэтахэм ящыщщ Къызбрун Езанэ (иджы — ХьэтIохъущыкъуей) къыдэкIа ди лъэпкъэгъури…
- Мы гъэм и бжьыхьэм илъэс 55-рэ ирикъуащ а Iуэхугъуэшхуэр къызэрыхъурэ, ауэ нобэми куэдым ар IэфIу я гум илъщ. Хэт ищIэн, абы щыгъуэм цIыхухэм я гур нэхъ зэIухауэ, къабзэу, зым и гуфIэгъуэр адрейм диIэтыфу щытагъэнущ.
- … Дэтхэнэ зы щIалэ цIыкIуми хуэдэу, Сашэ па-
- сэу топ джэгун щIидзащ. Унагъуэ Iуэхухэмрэ еджэнымрэ къыщыдэхуэхэм и деж ахэр уэрамым къызэрыдэхырт икIи топ ямыгъуэтмэ, хъыданыжь зэкIуэцIыдар кърахуэкIырт.
- Джэгуну хущIыхьэгъуэшхуэ иIакъым Iэпщэхэ я щIалэ цIыкIум. Езыр ныбэ илъу и адэр ягъэкIуэдащ. Анэм къыхуэнат Сашэ нэмыщI иджыри хъыджэбзищ. Ахэр пIын, зыхуей хуэгъэзэн хуейт.
- ЩIалэр къызэрыжэпхъыу анэм щIэгъэкъуэн хуэхъуащ. «ПыIэ зыщхьэрыгъ унэм щIэсащэрэт» жыхуаIэр апхуэдэ гуэрт. Хадэр къэтIынми, къэкIыгъэм елэжьынми, ар къехьэлIэжынми, мэзым пхъашэ кIуэнми — гугъуехь нэхъыщхьэм езыр пэщIэувэрт. ИужькIэ ар абы хуабжьу сэбэп къыхуэхъужащ.
- Щалъхуа къуажэм дэт еджапIэр къиуха иужь, Сашэ Къэзахъстаным кIуащ. Абы щыгъуэм къэралым хуабжьу зыщиубгъуат щIыщIэ къэIэтыным. ЩIалэщIэм и зэфIэкIыр къалъытэри, «ЩIыщIэр къызэриIэтам къыхэкIыу» медалыр къратащ.
- ИужькIэ, къигъэзэжри, Тырныауз шахтым лэжьапIэ уващ. Абы щыгъуэм и ныбжьыр илъэс пщыкIубл хъуа къудейт, ауэ и Iэчлъэчагъымрэ тегушхуэныгъэмрэ къалъытэри, IэнатIэ гугъум пэрыувэну хуит ящIащ.
- Сыхьэт зыбжанэкIэ щIы щIагъым щылэжьа пэтми, абы къыщIэкIыжрэ тIэкIу загъэпсэхуа, едзэкъа иужькIэ щIалэхэр топ джэгуну зэхуэсырт. Мыгувэу Тырныауз къалэм и футбол командэ къызэрагъэпэщащ. Абы япэу хагъэхьахэм ящыщщ Iэпщэ Александр. Ар абыхэм и къарууфIагъкIи, и джэгукIэкIи къахэжаныкIырт.
- Тырныауз щыщ футболист щIалэщIэм и хъыбар мыгувэу республикэ псом щызэбгрыкIащ. ИкIи Налшык и «Спартак» командэр къызэрагъэпэщыну мурад щащIым, Iэпщэр япэу ирагъэблэгъахэм ящыщщ.
- 50 гъэхэм я кIэуххэм — 60 гъэхэм я пэщIэдзэхэм ди щIалэхэм мыIейуэ джэгун ирагъэжьащ икIи лъэ быдэкIэ къэралпсо утыку ихьащ. Мыгувэу Налшык и «Спартак»-м япэ лъагапIэр къищтащ — зональнэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ. А зэманым цIэрыIуэу щыта Николаенкэ Владимир, Наурзокъуэ Юрэ, Лапинагов Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэми я гъусэу Iэпщэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым и лъабжьэр игъэбыдащ.
- Гугъут 1962 гъэр Москва и «Динамо»-м дежкIэ. Командэ цIэрыIуэр къыщыхутат турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым. Абы зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейт. Арати, къалащхьэм къикIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Москва и «Динамо»-м и капитан, СССР-м и командэ къыхэхам щыджэгу Соловьёв Леонид. КъыщIэкIуар Iэпщэр здишэнурат.
- А зэманым Сашэ и армэ кIуэгъуэти, гупсысэ лейрэ чэнджэщ кIыхьрэ Iуэхум хэмылъу, арэзы хъуащ. Дауэ хъуми, нэгъуэщI командэ армэм е мылицэм пыщIауэ къыхуагъэлъэгъуэнут.
- Апхуэдэу Iэпщэ Александр Москва кIуащ. Гъунэжт абы адыгэ щIалэщIэр зыщыдэплъеин. Яшин, Соловьёв, Царев, Кесарев, Численкэ… Абыхэм ягъусэу зыбгъэсэну, утыку укъихьэну сыт и уасэт?! КъищынэмыщIауэ, а командэ дыдэм хэтт Яшин сыт щыгъуи ихъуэжыну хьэзыру Сашэ и къуажэгъу Беляев Владимир. А тIур зы жылэм къыдэкIами, щызэрыцIыхуар къэралым и къалащхьэращ.
- Беляевыр хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ Iэпщэм, ар командэщIэм хэзэгъэн папщIэ. ИужькIи илъэс куэдкIэ зэныбжьэгъуащ, ажалым зэпэIэщIэ ищIыхукIэ.
- КъарууфIагърэ псын-
- щIагъкIэ Сашэ къыпэлъэщын къэгъуэтыгъуейт, ауэ и Iэзагъыр нэхъ зэкIэлъымыкIуэт. Ар езым фIы дыдэу ищIэжырти, адрейхэм ялъэщIыхьэн папщIэ пщIэнтIэпс мащIэ игъэкIуэдакъым. Тренировкэр иухрэ псори зэбгрыкIыжа иужькIи, къанэурэ, топыр игъэIурыщIэрт, ар зригъэдаIуэрт.
- Гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым икIи зэман кIэщIым къриубыдэу Iэпщэм и Iэзагъыр хэпщIыкIыу хэхъуащ. Мыгувэуи футболист нэхъ пашэхэм ягъусэу джэгупIэ губгъуэм кърагъэхьэу щIадзащ.
- Дапхуэдизу и джэгукIэр ефIакIуэ зэпыту щымытми, абы и гур щалъхуа щIыналъэмкIэ щыIэт. Арати, илъэсрэ ныкъуэкIэ Мэзкуу и «Динамо»-м хэтауэ икIи хъарзынэу хэзэгъауэ Налшык къигъэзэжащ.
- КъэкIуэжами, ар ямыгъэпсэууэ, нэгъуэщI командэхэм ирагъэблагъэрт. АрщхьэкIэ, Сашэ зыщIыпIи яхуэкIуэн идэртэкъым. Ауэ 1964 гъэм и щIышылэм (январым) Куржым къикIри, зы щIалэ къэкIуащ Тбилиси и «Динамо»-м и тренер нэхъыщхьэ Якушин Михаил и лIыкIуэу. Ар къызытекIухьар гурыIуэгъуэт — къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьыну куржыхэм къалэн зыхуагъэувыжати, адыгэ щIалэ лъэрызехьэр здагъэIэпыкъуну арат. Iэпщэм къуэш пэлъытэхэр игъэщIэхъуфакъым икIи ди «Спартак»-м и унафэщI- хэм яутIыпщри, Куржым кIуащ.
- Тбилиси и «Динамо»-м ухэтыну сыт щыгъуи щIыхьышхуэт. Абы щыгъуэм псом хуэмыдэу. Командэм хэтыр езыхэм ящыщ защIэт икIи Iэпщэ Александр зыхагъэхьэну щрагъэблэгъакIэ, дзыхь лей къыпхуащIауэ арат. Апхуэдэ лъэбакъуэ зэрачам куржыхэр зы дакъикъи хущIегъуэжакъым.
- Куржым и командэ нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм щыджэгухэрт Месхи Михаил, Метревели Славэ, Калоев Заур, Сечинавэ Георгий, Баркая Владимир, нэгъуэщI футболист цIэрыIуэ куэд. Абыхэм уадэхъун папщIэ жэщ-махуэ жумыIэу гугъу зегъэхьын хуейт. ИкIи абыхэм зыкIи къакIэрыхуакъым ирагъэблэгъа, дзыхь зыхуащIа адыгэ щIалэр. Ахэр Iэпщэм хуабжьу къыхуэарэзыт икIи къуэш дыдэм хуэдэу фIыуэ къалъэгъуащ.
- Куржыхэм яхэту япэ дыдэу джэгуну къыщихьар Сашэ куэдрэ игу къигъэкIыжырт: IэпэдэупIэ имыIэу цIыхур стадионым изт, егъэлеяуэ зэрыгъэкIийрт. Тбилиси и «Динамо»-м и хьэщIэт къэралым и чемпионатхэми кубокми куэдрэ щытекIуа Москва и «Спартак»-р. ЗэIущIэр икIэм нэблэгъэху бжыгъэр къызэIуахыфакъым. ДакъикъитI фIэкIа къэмынэжауэ, Метревели Славэ ижьырабгъумкIэ кIуэцIрыкIри, топыр къыхитащ. «Спартак»-м и гъуащхьэтетымрэ Iэпщэмрэ абы худэлъеящ икIи зэжьэхэуэри, тIури джэлащ. Къэлъеижа топым Сечинавэ Георгий япэу нэсри, гъуэ нэщIым ар дигъэкIащ. Апхуэдэу, Сашэ и фIыгъэкIэ, Тбилиси и «Динамо»-р абы 1:0-у щытекIуащ икIи чемпионыгъэм хуэзышэ гъуэгу нэшэкъашэм теуващ.
- А зы илъэсым фIэкIаи Iэпщэр Куржым щыджэгуакъым. ЩIым намыгъэсу кърахьэкI пэтми, щалъхуа щIыналъэм аргуэру къигъэзэжащ. Хуейт ар къызыхэкIа лъэпкъым къыхуэщхьэпэну, абы и пщIэр иIэтыну. ЗыкъомкIэ аращ зи фIыгъэр Сашэ къыщыкIуэжа илъэс дыдэм, 1965 гъэм, Налшык и «Спартак»-р Урысей Федерацэм и чемпион хъууэ «А» классым зэрыкIуари, езыр хэту абы иужькIэ ди командэм иIа ехъулIэныгъэхэри. Ди щIалэхэм абы ядигуэшащ текIуэныгъэм и IэфIагъри, къыхэгъэщIэныгъэм и дыджагъри.
- Джэгун иуха иужькIи Iэпщэ Александр футболым пэIэщIэ хъуакъым. Абы и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ щIэблэщIэм яхипщащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм олимп щIэблэ гъэхьэзырынымкIэ и сабий-ныбжьыщIэ школым и директору лэжьащ — иджы абы Iэпщэм и цIэр зэрехьэ. ИужькIэ Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэуи щытащ.
- ГущIыхьэщ и ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм щIигъуа къудейуэ, Iэпщэ Александр пасэу дунейм зэрехыжар. Ауэ нобэми цIыху минхэм ар IэфIу ягу илъщ.
- Узэрыгушхуэнщ
- Топыр къыдэдзынымкIэ
- зыри къыпэхъунутэкъым
- Мелард бжыгъэкIэ цIыхухэр дунейм щыпсэуащ, щопсэу икIи щыпсэунущ. Абыхэм ящыщу мелуанхэр топ мэджэгу. АрщхьэкIэ, гум къинэжыр гъащIэм е зыпэрыт IэнатIэм лъэужь дахэ къыщызыгъанэхэращ. Апхуэдэу щытащ Iэпщэ Александр. Ар Тбилиси и «Динамо»-мрэ Налшык и «Спартак»-мрэ яхуэугъурла къудейкъым, абыхэм япэ дыдэу чемпионыгъэр зыIэрагъэхьэнымкIэ сэбэп яхуэхъуу, атIэ топджэгушхуэм и «псалъэ щыжызыIэфащ».
- Iэпщэ Александр хуэдэу жыжьэу топыр IэкIэ аутым къыдэзыдзыф ди къэралым зы футболист исакъым икIи искъым. Абы идза топыр метр 50-м (!) нэблагъэкIэ лъатэрт. А Iуэхугъуэм иригушхуэрт къыдэджэгухэмрэ къыдэщIхэмрэ, ауэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэр бэлыхь хидзэрт.
- Адыгэ щIалэм и Iэзагъыр апхуэдизкIэ нэщIысати, зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым. Копэ Раймон (Франджы) и пенальти гъэзэщIэкIэм, Месхи Михаил (Куржы) и хьэрхуэрэгъу къэгъэпцIэкIэм, Роналду Криштиану (Португалие) и штрафной еуэкIэм е Лобановский Валерий (Украинэ) и угловой къыхэтэкIэм хуэдэу Iэпщэ Александр IэкIэ и топ къыдэдзыкIэр зыми емыщхь Iэмал гъуэзэ-джэу дунейпсо футболым и тхыдэм хыхьащ.
- Футболист ныбжьыщIэхэр зэрагъасэ тхылъхэр щызэхалъхьэм Iэпщэ Александр IэкIэ и топ къыдэдзыкIар абы хагъэхьащ. IэщIагъэлI куэдым а Iэмалыр зэпкърахащ икIи яджащ. Нэхъри ирагъэфIэкIуауэ, иджы ар нобэми куэдым сэбэп яхуохъу.
- Олимп чемпион, спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, совет футболист цIэрыIуэ Ильин Анатолий «Дэ япэу дыщытащ» тхылъым щетх: «Сызыхэт Мэзкуу и «Спартак»-м сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъу къалащхьэм и «Динамо»-м гъуащхьауэ щIалэщIэ Iэпщэ Александр щыхыхьам сэ си джэгугъуэ лъэхъэнэр икIэм нэблэгъат. Абы егъэлеяуэ топ куэд дигъэкIыртэкъым, ауэ аутым щыту IэкIэ топ къызэрыдидзыр зыхуэбгъэдэн щымыIэт. Апхуэдэхэм иужькIэ, ар гъуэм хуэзанщIэмэ, хьэрхуэрэгъухэр гужьейрт. Iэпщэм, зыуи къыщымыхъуу, топыр метр пщыкIузыр щагъэзащIэ щIыпIэм фIигъэкIыфырт икIи угловой къыщыхатэм нэхърэ къыпэщIэтхэм я Iуэхур нэхъ шынагъуэ ищIырт. Сэ абы набдзэгубдзаплъэу зыхэзгъэгъуэзащ. А Iэмалыр хэти хузэфIэкIынутэкъым: куэдрэ зыхуэгъэсэным къищынэмыщIауэ, абы папщIэ хуабжьу къа- руушхуэ ббгъэдэлъын хуейщ».
- Мис апхуэдэ зыужьыныгъэ футболым иригъэгъуэтащ Iэпщэ Александр. Иджыпсту куэдым зрагъэсащ топыр IэкIэ жыжьэу икIи зыхуейм хуэзэу къыдадзыфу. Ауэ Iэпщэм зыри абыкIэ ефIэкIыфынукъым, сыту жыпIэмэ, къытращIыкIыжар сыт щыгъуи нэхъыкIэщ щапхъэ яхуэхъуам нэхърэ.
- Газет напэкIуэцIхэр къызэдгъэдзэкIыжмэ
- СурэткIэфий!
- Хабзэм къемызэгъ Iэмал! «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэ Логофет Тбилиси и «Динамо»-м щыджэгу Iэпщэ Алек-
- сандр иреуд. Ар къыщыхъуар Логофет и хьэрхуэрэгъум топыр къыщытрихыну напIэзыпIэр зыIэщIигъэкIыу, къигъэувыIэн папщIэ гъуащхьауэм и щIыбагъымкIэ лъакъуэ зэгуэткIэ щыжьэхэпкIарщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, «Спартак» — «Динамо» (Тбилиси) зэIущIэм абы апхуэдэу куэдрэ щищIащ. Абыхэм ящыщ зым, джэгум и етIуанэ Iыхьэ ныкъуэм Логофет аргуэру Iэпщэр ириуда иужькIэ, «Спартак»-м и гъуэм штрафной еуащ икIи къыхэзыгъэщIа топ закъуэр къыхудагъэкIащ.
- Логофет Г. щIэх-щIэхыурэ апхуэдэ Iэмалхэр къегъэсэбэп. Футболист щIалэщIэр абы егупсысыпхъэщ. Псом япэрауэ, зригъэсэн хуейщ топыр пэжу икIи къабзэу къатрихыфу.
- Ивашков Валентин,
- РСФСР-м щIыхь
- зиIэ и тренер.
- («Труд» газет, 1964 гъэ)
- ГукъэкIыжхэр
- Щапхъэ дахэ
- Наурзокъуэ Юрэ — Налшык и «Спартак»-м щыджэгуащ, абы и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ:
- — Iэпщэ Александр къыщысцIыхуар 1958 гъэращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и кубокыр къэхьыным и финалым щызэхуэзат сэ сызыхэт Налшык и «Лыкомбинатымрэ» Тырныауз и «Металлург»-мрэ. Джэгур хуабжьу гуащIэ хъуат. Ди хьэрхуэрэгъухэм ящыщу егъэлеяуэ гугъу дригъэхьырт «ШурэкIэ» зэджэ щIалэщIэ зыIэщIэлъым. Абы и зэранкIэ зэIущIэр 3:4-уэ тфIахьэхуащ, 3:0-у япэ дита пэтми.
- 1959 гъэм СССР-м футболымкIэ и «Б» классым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр хэтыну хуит щащIым, джэгунухэр зэхуашэсу щIадзащ. ЗанщIэу сигу къэкIыжащ Тырныауз щыщ Шурэ — абы теухуауэ арат сщIэр, и цIи, и унэцIи сыщыгъуазэтэкъым. ДыщIэупщIэIуэри, ар Iэпщэ Александрт, шахтым щылажьэ щIалэт.
- Налшык и «Спартак» командэм ирагъэблэгъащ икIи Сашэ дэрэ зы пэш дыщIагъэтIысхьащ. Сэ Москваи, Грозни, Таганроги сыщыджэгуауэ, футболым нэхъ сыхэзэгъати, Iэпщэм сыкIэлъыплъыну, згъэсэну си пщэ къыдалъхьащ.
- Зы пэш ущыщIэскIэ, дауи, нэхъыфIу узэроцIыху. ЗанщIэу сыдихьэхащ Сашэ и гукъабзагъэмрэ езэш имыIэу зэрызигъасэмрэ. Апхуэдизу джэгуну ар щIэхъуэпсырти, етIысэх жыхуаIэр имыщIэу, топыр кърихуэкIырт.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ япэ дыдэу союзпсо утыку щызыхъумэнухэм адыгэу Iэпщэ Александр сэрэ дыхагъэхьащ.
- Дэтхэнэми тлъэкI къэдгъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр тIэтын, футболым и лъабжьэр ди деж щыдгъэтIылъын папщIэ.
- Сашэ дэрэ 1964 гъэ пщIондэ, Тбилиси и «Динамо»-м ирагъэблэгъэху, зэгъусэу дыджэгуащ. ИужькIэ тренер лэжьыгъэми мызэ-мытIэу дыщызэрихьэлIащ. ДызэныбжьэгъуфIу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ, нобэми куэдрэ фIыкIэ сигу къокIыж. Ахърэт нэхур Тхьэм кърит!
- Юбилейхэр
- Тбилиси зэрыщаIэтар
- 2014 гъэм Куржым Iэтауэ щагъэлъэпIащ Тбилиси и «Динамо»-р япэ дыдэу Совет Союзым и чемпион зэрыхъурэ илъэс 50 зэрырикъуар. Абы ехьэлIа дауэдапщэхэм ирагъэблагъэри хэтащ гъунэгъу республикэм и командэ нэхъыщхьэм щыджэгуу къэралым и дыщэ медалхэр зыIэрызыгъэхьа Iэпщэ Александр и унагъуэр — и щхьэгъусэ Риммэрэ и бынхэу Ладинрэ ФатIимэрэ.
- Я щIалэхэр япэу къэралым и чемпион 1964 гъэм зэрыхъуар, дауи, щащыгъупщакъым Куржым. Совет Союзыр щэщэжа иужькIэ, бэлыхь куэд яшэчами, ди гъунэгъухэм яфI ягъэлъэпIэну мурад ящIащ икIи ар дэгъуэу къайхъулIащ.
- Зэманым и къалэн егъэзащIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, лIэщIыгъуэ ныкъуэ ипэкIэ чемпионхэм я дыщэ медалхэр зыпщIыхалъхьа щIалэхэм ящыщу псэууэ къэнэжар зи ныбжьыр илъэс блыщIым щхьэдэхахэу Хурцилавэ Муртаз, Датунашвили Илья, Баркая Владимир, Сичинавэ Георгий сымэщ. Ахэр, дауи, дауэдапщэхэм кърихьэлIащ икIи Iэпщэ Александр и унагъуэм щаIущIам я нэхъыжьым теухуа псалъэ гуапэ куэд жаIащ, я гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ. Куржым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм абы гулъытэ хэха щыхуащIащ икIи Iэпщэхэ Риммэ, Ладин, ФатIимэ сымэ зыхэт нэтын, тхыгъэ зыбжанэ ягъэхьэзыращ.
- ГуфIэгъуэ пшыхьхэр хуабжьу гукъинэжу щекIуэкIащ Руставели Шота и цIэр зезыхьэ театрым. Абы кърихьэлIат Куржым и правительствэмрэ парламентымрэ хэтхэр, спортым, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэр, ветеранхэр. СпортымкIэ министр Кипиани Леван (футболист цIэрыIуэ Давид и къуэщ) къыщыпсалъэм къыхигъэщащ а лъэхъэнэм Тбилиси и «Динамо»-м куржыхэм дэрэжэгъуэ ин къазэрыритар икIи лъэпкъыр нэхъри зэрызэкъуигъэувар. Ар щхьэхуэу икIи гуапэу тепсэлъыхьащ Къэбэрдейм и лIыкIуэ Iэпщэ Александр. Куржыхэр абы «Апшелавэ»-кIэ еджэрт. Кипиани къызэхуэсахэм къахуеджащ я къэралым и спортым щынэхъ лъапIэ дыдэ дамыгъэр — «Спортым и уэркъ» — 1964 гъэм СССР-м и чемпион цIэр къахуэзыхьахэм иджы зэрыфIащар. Абыхэм яхэтщ Iэпщэ Александри. Ди лъахэгъум и цIэр зэрызэхахыу «Ап-ше-ла-вэ! Ап-ше-ла-вэ! Ап-ше-ла-вэ!» ину зэдыжаIэу хуежьэри, къызэхуэсахэр къызэфIэувахэщ. Ар зэи гум имыхужын телъыджэщ икIи ди лъэпкъым и пщIэр зыIэтщ.
- ЗэIущIэм псалъэ зыщрата Iэпщэ ФатIимэ хэгъэрейхэм фIыщIэ яхуищIащ мы зэIущIэ иным я унагъуэр къызэрырагъэблэгъам, и адэ Александр нобэми куржыхэм зэращымыгъупщэм къыхэкIыу.
- Тбилиси и къалэ Iэтащхьэхэм зы махуэкIэ нэхъ пасэу къызэрагъэпэща зэIущIэми Iэпщэхэ ирагъэблэгъащ. Унагъуэм къыбгъэдэкIыу абы къыщыпсэлъащ Ладин икIи къызэхуэса къулыкъущIэхэм, топджэгум хэтахэм, абыхэм я щIэблэхэм и адэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ.
- Юбилейр щекIуэкIа махуэхэм утыку кърахьащ Тбилиси и «Динамо»-р СССР-м и чемпион зэрыхъурэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа тхылъитI. Абыхэм ярытщ Iэпщэ Александр теухуауэ узэрыгушхуэн хьэлэмэт куэд.
- Илъэс 50 хъуауэ Iэпщэхэ я унагъуэм щахъумэ 1964 гъэм Тбилиси и «Динамо»-м хэту Совет Союзым и чемпион хъуахэм я Iэр зытелъ топ. Куржым СпортымкIэ и музейм ар тыгъэ хуащIащ икIи хэгъэрейхэм а Iуэхугъуэр гуапэ дыдэ ящыхъуащ — иджы Iэмал ягъуэтащ апхуэдиз илъэскIэ адыгэ унагъуэм щахъума фэеплъыр псоми зрагъэлъагъуну.
- Куржым СпортымкIэ и министерствэмрэ Тбилиси и «Динамо»-мрэ я унафэщIхэм щхьэхуэу яхуэзащ Iэпщэ Александр и унагъуэр. Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ гъатхэ дызыхуэкIуэм ди гъунэгъу къэралыгъуэм и ныбжьыщIэ командэхэр Налшык къэкIуэныр, Iэпщэм и фэеплъу гъэ къэс екIуэкI зэпеуэм хэтын папщIэ. Ветеран цIэрыIуэхэу Хурцилавэ Муртаз, Гуцаев Владимир, Баркая Владимир сыми а Iуэхугъуэм я гуапэу зыкърахьэлIэну къагъэгугъащ.
- «Ар зэи дигу ихунукъым»
- «Дыщэм къыхэгъэжыкIа щIалэхэр» — апхуэдэущ иджыри къэс куржыхэр зэреджэр Тбилиси и «Динамо»-м хэту 1964 гъэм СССР-м и чемпионатым щытекIуахэм. Абы щыгъуэм зэрылъэпкъыу дызэщIищтат гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ. ТекIуахэм хъуэхъухэр хужаIэрт, усэхэр хузэхалъхьэрт, уэрэдхэр хуаусырт.
- Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу тбилисидэсхэм къехъуэхъурт Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэри. ИкIи ар гурыIуэгъуэт — абы къыщалъхуа икIи щапIа Iэпщэ Александр Тбилиси и «Динамо»-м и псэ хъуащ, псоми фIыуэ закъригъэлъагъунуи хузэфIэкIащ. Iэпщэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ куржы футболым и текIуэныгъэ телъыджэм.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар пасэу дунейм ехыжащ. Абы и щхьэгъусэ Iэпщэ Риммэ иджыблагъэ лъэIукIэ зыкъыхуигъэзащ Куржым и Олимп комитетым и Iэтащхьэ, шахматисткэ цIэрыIуэ Гаприндашвили Нонэ. Ар щIохъуэпс 1965 гъэм Тбилиси и «Динамо»-мрэ Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ Ташкент щрагъэкIуэкIа «дыщэ зэIущIэр» зытет видеокассетэр зыIэригъэхьэну. Абы, сыт щыгъуи хуэдэу, фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ адыгэ щIалэм.
- Iэпщэ Александр и щхьэгъусэ Риммэ, и бынхэу Ладинрэ ФатIимэрэ папщIэ видеокассетэм тредгъэхыжащ. Абы дэщIыгъуу Налшык идогъашэ и ныбжьэгъуу щытахэм я IэщIэдз зытелъ топыр. Дэ, Сашэ и ныбжьэгъухэм, Тбилиси къыдогъэблагъэ абы и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ. Iэпщэр нобэми фIыуэ ялъагъу, къыдэджэгуахэм къищынэмыщIауэ, Куржым топджэгум щыдихьэх псоми. Ар зэи дигу ихунукъым.
- Баркая Владимир,
- СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер.
- («Свободная Грузия» газет, 1997 гъэ)