ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Хэку»  журналым  и  япэ  къыдэкIыгъуэ

2019-12-19

  • Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и нэIэ щIэту, 2019 гъэм зи япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьа, литературэм, щIэныгъэ-егъэджэныгъэм хуэгъэпса «Хэку» журналыр къытIэрыхьащ.

  • «ЖУРНАЛ Iув» жыхуаIэ къупхъэм иту адыгэбзэкIэ къыдэкI журнал-хэм иджыри зы къазэрыхэхъуар дызыщыгуфIыкIа хъыбарыщIэхэм ящыщщ. ГъэщIэгъуэнращи, лIыгъэкIэ уеджэну зыхуэфащэ а Iуэхушхуэр щызрагъэхъулIэфар адыгэхэр бжыгъэкIэ нэхъ щымащIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэрщ. КъБР-м къыщыдэкIахэм еплъытмэ, журналыр «Iуащхьэмахуэм» нэхърэ нэхъ Iувщ, «ЩIэплъыпIэм» нэхърэ нэхъ пIащIэщ, «Псынэм» ещхьу жылагъуэ Iуэхухэми яхоIэбэ, ауэ сурэтхэм нэхърэ тхыгъэхэм нэхъ тегъэщIащ.
  • Пэублэм зыкъыщытхуэзыгъазэ, журналым и редактор нэхъыщхьэ Иуан Зэуал жеIэ: «ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, журналыр илъэсым тIэунейрэ (илъэс ныкъуэ къэс зэ) къыдэкIынущ. Ар лэжьэнущ принцип нэхъыщхьэ зыбжанэм тету. Журналыр адыгэбзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ хуэгъэпсауэ щыщыткIэ, гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIынур абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэрщ: адыгэбзэр зэрадж методикэм, бгъэдыхьэкIэщIэхэм, дерс гъэщIэгъуэнхэм».
  • Нэхъыжьми нэхъыщIэми, хэкурысми хэхэсми, прозэми усэми, пасэрей тхыгъэхэми нобэрейхэми, щIэныгъэлIхэми усакIуэ-тхакIуэхэми гулъытэ щагъуэта журналым и япэ къыдэкIыгъуэр гъэщIэгъуэну зэхэгъэува хъуащ. Ар къызэIуех КъШР-м къыщыхъуа, КъБР-м щеджа, Тыркум хыхьэ Къайсэр къалэм дэт Эрджиэс къэрал университетым адыгэбзэмрэ щэнхабзэмкIэ кафедрэм щылажьэ Пащты Мадинэ   и тхыгъэм: «Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэ. Къэбэрдей хьэжрэтхэр». Журналым ущрохьэлIэ зи гугъу тщIы кафедрэм и унафэщI Кючюклер Алийрэ Пащты Мадинэрэ «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарь Абидокъуэ Лусанэ ядригъэкIуэкIа псалъэмакъым. Усыгъэхэм я гугъу пщIымэ, а Iыхьэм ихуащ Бемырзэ Зураб, Брат Мурат, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, ГъукIэкъул Даут, нэгъуэщIхэми ятха сатырхэр. Литературэм укъыфIэкIмэ, журналым гулъытэшхуэ ирет адыгэбзэр зэрадж Iэмалхэм. Абыхэм я зы щапхъэщ КъБР-м щыщ щIэныгъэрылажьэ ХьэцIыкIу Рае, ШэджыхьэщIэ Марие и методикэр и лъабжьэу, адыгэбзэм къыхуигъуэта бгъэдыхьэкIэм щытепсэлъыхь тхыгъэр. Хэхэс адыгэхэм ящыщу журналым ди пащхьэ кърелъхьэ Хьэгъур Ахьмэд  и Iуэтэжхэр. ЕгъэджакIуэхэм журналым къыщагъуэтынущ я лэжьэгъу пажэхэм утыку кърахьа дерс зэIухахэр.
  • «Зэрыфлъагъущи, журналым иIэнущ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм хухэха Iыхьэхэр, — я мурадхэр наIуэ къещI редактор нэхъыщхьэм. — «Жьэгу пащхьэ», «Усыгъэ», «Прозэ», «Литературэ. ЩIэныгъэ критикэ», «Публицистикэ», «IуэрыIуатэ», «Адыгэбзэр джыным и IуэхукIэ», «Адыгэ хэхэс литературэ».
  • Журналыр адыгэбзэр щызекIуэ хэгъэгухэм зэрынагъэсын Iэмал къахуэгъуэтмэ, абы и къызэгъэпэ-щакIуэхэм я Iуэхур псыхэкIуадэ мыхъуну гугъэ щыIэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым къыдбгъэдэкIыу абыхэм дохъуэхъу я лэжьыгъэр яIэщIэмыужагъуэу махуэ къэс зэрефIэкIуэн Iэмалхэм теIэбэну.
  •  ЧЭРИМ Марианнэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель.