ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭ
2019-12-19
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Калифорние штатым щыпсэухэр ирогушхуэ Йосемити лъэпкъ паркым и дахагъым. Ар нэхъри телъыджэ ещI Вернал псыкъелъэм.
- Илъэс мин зыбжанэ ипэкIэ мылылъэм зэгуигъэкIа къуршхэм псыкъелъэ телъыджэхэр къигъэхъуащ. Вернал и мызакъуэу, цIыху куэд зыIэпешэ Невадэ псыкъелъэми. А тIур бгыхэм къех лъэмыжу къыпщохъу.