«Черкес FM»-м федаIуэ
2019-11-23
- Продюсер цIэрыIуэ, адыгэ щIалэ Хьэцей Тимур жэрдэм ищIу къызэIуиха адыгэ радиом теухуа хъыбарегъащIэ нэхъ пасэу ди газетым тетащ. Адыгэ дунейр зыщыгуфIыкIыу къытхэхъуа фIыгъуэм и лъэтеувэ екIу Vegas City Hall-м (Москва) Iэтауэ щыхуащIащ щэкIуэгъуэм и 6-м.
- «Черкес FM»-р ИнтернеткIэ телефоным требгъатхэу уедэIуэн хуейуэ аращ. Зэман кIэщIым абы AppStore-м и рейтингым и япэ увыпIэхэр зыIэригъэхьащ. Радиостанцыр къыщызэIуаха махуэм апхуэдизкIэ цIыху куэдым я телефонхэм трагъэтхати, «Европа Плюс», Google Music гуэдзэн цIэрыIуэ- хэм ящхьэпрыкIыжри, 51-нэ увыпIэм кIуат (псори 200 мэхъу).
- — Ар ехъулIэныгъэшхуэщ! — жеIэ Хьэцей Тимур. — «Черкес FM»-р дуней псом щоIу, дунейм адыгэу тетыр зэпещIэ, хабзэм, гъуазджэм, макъамэм, цIыхубэ творчествэм лъэпкъыр зэкъуегъэувэ. Мы зэманкIэ дэ долэжь эфирыр зыхуей хуэзэу зэхэгъэувэным.
- Хьэцейм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, онлайн гуэдзэным елэжьащ IT-технологием хуэIэзэ щIэныгъэлIхэр. Эфирым къат хъыбарыщIэхэр, пасэрей уэрэдыжьхэмрэ иджырей эстрадэмрэ, псынщIэрыпсалъэхэр, таурыхъхэр, адыгэ хабзэм ущызыгъэгъуазэхэр, нэгъуэщI куэди.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэм ирагъэтхауэ таурыхъ 30 щыIэщ мы зэманкIэ, ящIэну я гугъэр нэхъыбэжщ. Пщыхьэщхьэ къэс сыхьэт 21-рэ дакъикъэ 30-м къат таурыхъым сабийхэм яфIэфIу зэредаIуэр, зэрыщIэжеикIыр уи гуапэ мыхъуу къанэркъым. Къэплъытэ хъунущ мы Iуэхур адыгэбзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, ди цIыхухэм фIыуэ егъэлъэгъуным и зы IэмалыфIу къызэрагупсысар.
- Адыгэр дунейм зэрыщикъухьар фIыуэ къагурыIуэу, ахэр Iуэхум къыхашэн, анэдэлъхубзэм драгъэхьэхын папщIэ радио гуэдзэныр бзитхукIэ тебухуэфу ящIащ. Мы зыри къэгъэлъэгъуапхъэщ: радиор япэ мазэм пщIэншэщ, къыкIэлъыкIуэ мазэхэм абы уедэIуэн пап- щIэ соми 160-рэ хуэдиз щIэптын хуейщ. Ауэ гум зыздигъэпсэху, адыгэбзэ къабзэ къыщыIу радиом щхьэкIэ а уасэр мылъапIэу, цIыхухэми къемыхьэлъэкIыну къысщохъу. Къыпхэхъуэр фIыщ! «Хэку, хабзэ, си бзэ, си макъ» къыхуеджэныгъэм щIэт «Черкес FM» радиом и щIэупщIэр нэхъыбэж хъуну, ефIэкIуэну ди гуапэщ.
- Щомахуэ Залинэ.