ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лэжьыгъэр яублэ

2019-10-05

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек кърихьэлIэу дыгъуасэ Бахъсэн къалэбгъум екIуэкI «Кавказ» гъуэгум и Iыхьэр зэгъэпэщыжын лэжьыгъэр яублащ.

  • «Кавказ» гъуэгум 423-нэ километрым щегъэжьауэ 436-м нэс зыхуей хуэзэу, иджырей мардэхэм изагъэу зэрагъэпэщыжынущ. Километр 12,9-р машиниплI щызэблэкIыфу гуэшауэ щытынущ, дэтхэнэ зы Iыхьэми метри 3,5-рэ и бгъуагъыу. Абы машинэхэм Iэмал яритынущ зы сыхьэтым километри 100 — 120-рэ и псынщIагъыу гъуэгуанэр къызэранэкIыну. Шынагъуэншэу щытын щхьэкIэ километр 11 и кIыхьагъыу гъуэгубгъур къахухьынущ, километр 1,5-м уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ.
  • «Росавтодор»-р ди республикэм и гъуэгу Iыхьищым йолэжь иджыпсту. Нобэ ирагъэжьа Iыхьэр зы махуэм къриубыдэу машинэ мин 20-м щIигъу зэрыжэхэм ящыщщ. «Росавтодор»-м и управленэм и унафэщI Лечхаджиев Руслан зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэр 2022 гъэм яухын хуейщ, ауэ 2020-м зэфIагъэкIыну я мурадщ.
  • Лечхаджиевым къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Правительствэм, гъуэгухэр зыблэкI къуажэхэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я фIыгъэкIэ я лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу, щIэгъэпсынщIауэ зэрекIуэкIыр. Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр пIалъэ нэхъ кIэщIкIэ зэфIэгъэкIын хуейуэ къыщIилъытэм и щхьэусыгъуэу Лечхаджиев Руслан жиIащ, Кавказ Ищхъэрэ псор къапщтэмэ, «Кавказ« гъуэгум и Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэм машинэ нэхъыбэ дыдэ зэрырижэр, ар махуэм мин 25-м зэрынэблагъэр. IыхьитIу гуэша гъуэгум машинэ мини 7 тетын хуейуэ арамэ, ар плIыкIэ щынэхъыбэщ КъБР-м. Машинэ зэжьэхэуэхэри къызыхэкIыр аращ.
  • КIуэкIуэ Казбек жиIащ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр ди республикэм щыпсэухэм, и хьэщIэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и зы Iэмалу зэрыщытыр, зыужьыныгъэм дыхуэкIуэнымкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ гъуэгум елэжьхэм икIи къалэнышхуэ я пщэ зэрыдэлъыр жиIащ, апхуэдэуи лэжьыгъэр псынщIэ ящыхъуну ехъуэхъуащ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.