ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Адыгэхэм я махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-09-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Адыгэхэм я махуэмкIэ си гуапэу сыны­вохъуэхъу!
  • Мы махуэшхуэр адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и дамыгъэщ икIи абы къыхощ мамырыгъэм, гуапагъэм, лэжьыгъэм ар сытым дежи зэры­хуэ­унэтIар. Мы махуэм зэкъуегъэувэ адыгэ лъэпкъым, абы и къэкIуэнум псэкIэ тегу­зэвыхь цIыху псори. Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, езыхэм я хэкуу адэжьхэм я щIыналъэр къалъытэ. Абы къыхэкIыу адыгэ лъэпкъыр, абы и бзэр, щэнхабзэр, дуней тетыкIэр хъумэныр жэ­уаплы­ныгъэшхуэ зыпылъ къалэнщ. Ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм ­ящIыгъуу адыгэхэр хущIокъу Урысейр лъэщу зэрыщытынум икIи Хэкум ис лъэпкъ псори къызэтенэнымкIэ ар шэсыпIэу зэрыувыр къагуроIуэ.

  • Быдэу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэнымкIэ а махуэшхуэр хэкIыпIэ лъэщу зэрыщытыр.
  • Си гуапэщ мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэ­кIуэныгъэ фиIэну.