ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И къару емыблэжу  Iуэхум пэрыта

2019-09-20

  • Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и иджырей тхыдэм къыхэщ цIыху нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Урысейми КъБР-ми я къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ зэчиифIэу зыкъигъэлъэгъуащ абы икIи ди республикэм и экономикэ зыужьыныгъэм, мамырыгъэр хъумэным, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ.

  • Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ Сэхъум, ныбжьэгъугъэм зэрыхуэпэжым, гугъуехь ущиIэм зэрызыкъыпщIигъакъуэм, и Iуэху еплъыкIэр зэрыпхигъэкIыфым папщIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр инженер-ухуакIуэу къиуха нэужь, Владимир прорабу щылэжьащ «Къэббалъкъпромстрой» ухуакIуэ IуэхущIапIэм, КъБР-м псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэу, КъБР-м и Министрхэм я Советым УхуэныгъэмкIэ и управленэм и инженер нэхъыщхьэу, КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIу, Налшык къалэ Советым и гъэзэщIакIуэ гупым и Iэтащхьэу, Министрхэм я Советым и унафэщIым и къуэдзэу — КъБР-м и Къэрал плановэ комитетым и унафэщIу лажьэкIэрэ абы и Iыхьэ хилъхьащ ди лъахэм и IэнатIэ куэдым я зыужьыныгъэм. КПСС-м и ЦК-м деж Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ щыIэ академиер къиуха нэужь, парт къулыкъухэми пэрытащ.
  • Сэхъур республикэм исхэм фIыуэ къацIыху, зи IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI, и къару емыблэжу Iуэхум пэрыта цIыху щэджащэу къалъытэ.
  • 1988 гъэм Сэхъу Владимир КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и етIуанэ секретару хахат. Ар ирихьэлIат хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр партым хуабжьу щытегушхуа лъэхъэнэм. А зэман дыдэм «демократ» пцIыIуэпцIышэхэм, цIыхубэм къыщхьэщыж нэпцI защIурэ, лъэпкъ зэхэгъэжыр яублэрт икIи дызэрауштыну хэтт. Парт лэжьакIуэхэм щхьэхуещэ куэд яхэтт абы щыгъуэ, я фейдэ лъыхъуэу къулыкъу зрагъэгъуэтауэ. Абы партым и лъэр щIихырт. Мис абы щыгъуэ партым и къыщхьэщыжакIуэ пэж хъуащ икIи икIэм нэсыху и Iуэху еплъыкIэр пхигъэкIащ Сэхъум.
  • ИужькIэ къэрал къулыкъу зыбжанэм — Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат (хэхыгъуэ зыбжанэкIэ), КъБР-м и Парламентым и депутат — пэрытыху, Владимир партым псалъэ Iей зэи хужиIакъым.
  • КъыжыIапхъэщ ди хэкур гугъуехь щыхэта 90 гъэхэм экономикэ IэнатIэр Сэхъу Владимир и IэмыщIэ зэрилъар. КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий дзыхь хуищIырт абы и Iулыджым, щIэныгъэм, Iэзагъым.
  • Владимир хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэфIэувэныгъэм. Арагъэнщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр псом япэу зыхуагъэфэщахэм щIахэхуари.
  • Сэхъу Владимир иригушхуэр езыр къыщалъхуа Джылахъстэнейм и закъуэкъым, атIэ зэрыреспубликэу я щхьэр лъагэу езыгъэлъагъуж цIыху нэсхэм ящыщщ. И ныбжьэгъухэм къабгъэдэкIыу сохъуэхъу и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъумкIэ. Езыми, и унагъуэ дахэми фIыгъуэу дунейм тетыр Тхьэм къабгъэдилъхьэ.
  • Зумакулов Борис,
  • ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ
  • уполномоченнэу КъБР-м щыIэ.