ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ

2019-09-19

  • 120-нэ къыдэкIыгъуэр
  • Илъэс щэщIым нэблэгъауэ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номер зэхэтхэм я нобэрей 120-нэ къыдэкIыгъуэр теухуащ Адыгэхэм я махуэм. Дуней псом адыгэу тетым, ди лъэпкъым и ныбжьэгъуфIхэм мы гъэм илъэс етхуанэ хъуауэ зэдыдогъэлъапIэ а махуэшхуэр.

  • Лъэпкъым зэрызиужьам и нэщэнэ куэд ибгъуэтэнущ мы къыдэкIыгъуэм. Абы итщ политикэ, экономикэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, гъуазджэ, спорт, нэгъуэщI IэнатIэхэми ехъулIэныгъэшхуэхэр къыщызыхьа цIыху щыпкъэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм яхэтщ къэралым и ЛIыхъужьхэри, зи щIэныгъэкIэ дунейпсо утыкухэм къыщацIыхуахэри, Олимп чемпионхэри. Ахэр псори лъэпкъ щIыхьыр зыIэт хэкупсэ нэсхэщ.
  • Пасэ зэманым адыгэхэм къахыхьэу щыта зыплъыхьакIуэхэм ди лъэпкъэгъухэм къыдалъэгъуа хабзэм, дуней тетыкIэм, лIыхъужьыгъэм теухуа гукъэкIыж куэд ятхыжауэ дунейм и архивхэм щахъумэ. Абыхэм ящыщи итщ номерым. ЖыпIэнурамэ, дэзыхьэхын гуэрхэр дэтхэнэ щIэджыкIакIуэми къыщигъуэтын хуэдэу дгъэхьэзыращ мы къыдэкIыгъуэри, ар къыдэхъулIамэ, ди гуапэ хъунущ.
  • Адыгэбзэр дывгъэхъумэ
  • ПщIэ зыхуэтщI ди лъэпкъэгъу!
  • Мыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыкъызэрыпхуигъазэ псалъэщи, дынолъэIу гупсэхуу уеджэу акъылэгъу укъыддэхъуну.
  • Адыгэр зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ щыпкъэу, адрей лъэпкъхэм ядэгъуэгурыкIуэфу, ауэ адыгэ нэсу къэнэжын зэрыхуейр и лъым хэту игъащIэ лъандэрэ къокIуэкI.
  • Гуауэрэ хьэзабкIэ гъэнщIа илъэс мин бжыгъэхэм къакIуэцIрихащ абы лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэ дыдэр — адыгэбзэр. Абырэ Iуащхьэмахуэ зи дыщэ таж ди Хэку уардэмрэщ дэ нобэ нэхъ дызэзыпхыуи гугъапIэ нэхъ къыдэзытуи диIэхэр. АтIэми зи щхьэ къэзыгъэпцIэжыну хуэмей дэтхэнэ адыгэм дежкIи нэрылъагъущ лъэпкъым и гурыгъухэри и гурыщIэхэри зыщIэзыфа ди анэдэлъхубзэ гъэщIэгъуэныщэр щIэгъэхуэбжьауэ нобэ зэрытIэщIэкIыр.
  • Маржэ хъужыхэнхэ, дывгъэхъумэ ди адыгэбзэ дахэр! Зи къупщхьэ тхэлъ ди адэжьхэм я хьэтыркIэ! КъыфщIэджэ Хэкужьым и хьэтыркIэ! Ди къэкIуэнур Iей хъунуми фIы хъунуми зэлъыта ди щIэблэм я хьэтыр-кIэ! Дунейр зэрыхъунур зыщIэр Алыхьым и закъуэщ, ауэ щыхъукIэ пщэдей дыщIагъэкъуэншэжын едвмыгъащIэ нобэ къытщIэхъуэ ди щIэблэм, къаIурыдвмыгъэч абыхэм Алыхьталэм къытIурилъхьа бзэ дахэр!
  • Ди щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъу къэгъэхъунымкIэ нэхъ еджапIэ пажэ дыдэу щыIэр унагъуэращи, Тхьэ лъапIэу Лъагэр фыдогъэлъэIу: ЩЫФХЪУМЭ ФИ УНАГЪУЭХЭМ АДЫГЭБЗЭР! ФЕПСАЛЪЭ ФИ БЫНХЭМ АДЫГЭБЗЭКIЭ! ДЫЗЭВГЪЭПСАЛЪЭ АДЫГЭХЭР АДЫГЭБЗЭКIЭ!
  •  
  • Нэхъыжь дыдэхэм хабжэ
  • Хуитыныгъэр зи щIасэ адыгэ лъэпкъым зауэм и пэкIэ иIа щыIэкIэ-псэукIэр, унагъуэм щызэрихьа хабзэхэр, гъунэгъумрэ хьэщIэмрэ, биймрэ ныбжьэгъумрэ зэрахущытар, Кавказ щIыналъэм абы щиIыгъа увыпIэмрэ щиIа пщIэмрэ дунеяплъэхэм, щIэныгъэлIхэм, динырылажьэхэм, усакIуэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм, тIасхъэщIэххэм ягу къызэринэжар, дауи, зэщхькъым. Абы нэхъ гъэщIэгъуэныж ищIыну дыщогугъ щIэныгъэ тхыгъэшхуэхэр игъэкъарууну хущIэмыхьэ нобэрей тхылъеджэм папщIэ кIэщIрэ шэрыуэу адыгэ лъэпкъым теухуа псалъэ гукъинэжхэр щызэхуэхьэса «Адыгэхэм ятеухуауэ» тхылъыщIэм и пычыгъуэу фи пащхьэ итлъхьэр.
  • Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
  • Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
  • БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
  • Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.
  • «Глисон и cурэт журнал»,
  • Лондон. 1854 гъэ
  •  
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гимн
  • Макъамэр Даур Аслъэн,
  • псалъэхэр IутIыж Борис  яйщ.
  • Адыгэ хэку Iумахуэу
  • Iуащхьэмахуэ зи дыщэ таж,
  • Тхьэ ину псомкIи захуэм
  • Тыгъэ махуэу укъыдитащ.
  •  
  • Ежьу:
  • Хэкур зыгъэхэкури,
  • Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри
  • Ахэр псэм пэзыщIхэрщи,
  • Ди псэр ди Iэнэгурэ,
  • Ей,
  • Адыгэгур диIэу дывгъэпсэу!
  •  
  • Хэкукъутэр зи Iэужьхэм
  • Дунеижьым дытрапхъащ.
  • Дыпсэуми зэпэжыжьэу,
  • Адэжь хэкум псэкIэ депхащ.
  •  
  • Ежьу
  •  
  • ЩыIэхукIэ адыгэбзэр
  • Ди лъэпкъ дыщэр
  • мыкIуэдыжын.
  • ЗыIутым адыгэпсэ
  • Адыгэбзэр ихъумэжынщ.
  •  
  • Ежьу
  •  
  • Ди тхыдэм дэ къыдетыр
  • Гъэ мин гъащIэм дерс
  • къытхуэхъун:
  • Адыгэу дунейм тетыр
  • ЗылI и быну дызэкъуэтынщ.
  •  
  • Ежьу:
  • Хэкур зыгъэхэкури,
  • Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри
  • Ахэр псэм пэзыщIхэрщи,
  • Ди псэр ди Iэнэгурэ,
  • Ей,
  • Адыгэгур диIэу дывгъэпсэу!