ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-09-20

  • Псалъэжьхэр
  • ЯмыгъэIу зэхахыркъым
  •  Шхырыджэгу ныбалъэ, гъаблэ хъумэ — щхьэпIыж.
  •  ШыщIэ къамылъхуам уанэ трелъхьэ.
  •  Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
  •  Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис.
  •  Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.

  •  Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
  •  Хъуэжэ и бэщмакъыу, зыкърегъанэ.
  •  Шынэ зиIэм укIытэ иIэщ.
  •  Хъумэ — зыфI, мыхъумэ — фIитI.
  •  ЯмыгъэIу зэхахыркъым.
  •  Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ.
  •  ХъунщIэнрэ къуентхъынрэ зыщ.
  •  Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ.
  •  Шым и лъакъуэ и бийщ.
  •  УпщIэ и анэ фIэрафIэщ.
  •  Хамэ дагъуэр лъагъугъуафIэщ.
  •  Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.
  •  ХущIэмыхьэ пIащIэрыпсалъэщ.
  •  Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ.
  • Мысэр малъэри, хейм и лъакъуэр щIеуд.
  •  
  • Фалвар дигорхэм къахуищIа тыгъэр
  • Гъунэгъу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм адыгэхэр къызэрыхэщым ди щIэджыкIакIуэхэр адэкIи щыгъуазэ тщIыну ди гуапэщ. «Фалвар1 дигорхэм къахуищIа тыгъэр» («Дар Фалвара дигорцам») таурыхъыр цIыхум игъэщIэрэщIэжа хъыбару щытми, зытепсэлъыхьыр адыгэшхэм я нэхъ лъэрызехьэхэм хабжэ щолэхъур дигор осетинхэм зэрахуэн зэрыщIадзарщ. Осетин таурыхъым къызэрыхэщымкIэ, шым я нэхъыфIыр — щолэхъурщ, пхъум я нэхъыфIыр ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъурщ, къуэм я нэхъыфIыр Къуэгъулъкъухэ я щIалэрщ.
  • Зи гъащIэ кIыхьыр быныншэу езыхьэкIа Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ2 и жьы хъугъуэм зы мыщэ цIыкIу къуэуэ игъуэтыжат. Куэдрэ гъынэнащ Къуэгъулъкъуэ, ауэ мыщэ шырри фIэпсэкIуэдти, еуэри ипIын щIидзащ. Мыщэ шырри ауэрэ хохъуэ, кумбым зыри имыщIэу исщ, нэгъуэщI къалэн иIэкъым.
  • Зэман докIри, мыщэм щIалэхэм я зым зыхуегъазэ:
  • — КхъыIэ, зекIуэ сыздэшэ!
  • Арати, зекIуэлIхэм яхэту ежьа мыщэ шырыр зэрыгупу зыхуагъэфащэ лIыгъэр и закъуэ зэрихьауэ къокIуэлIэж.
  • ЗекIуэр зэфIэкIащ. Мыщэ шырыр аргуэру и ныбжьэгъум деж лъэIуакIуэ макIуэ:
  • — Си адэм къызигъэшэну схужеIэ.
  • Модрейри Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм деж макIуэри, и къуэм и гукъыдэжыр хуеIуатэ. Адэр къэгузэващ:
  • — Алыхьышхуэм игу къызэбгъауэ пIэрэ? Дауэ сэ мыщэ шырым къызэрезгъэшэнур? Хэт ипхъу дызылъигъэхъунур?
  • — ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ3 и пхъум, — кърет жэуап ныбжьэгъум.
  • — Сыт тщIэн, — жеIэ адэм, — дылъымыхъуу хъункъым.
  • Арати, лIыкIуэхэр яшхэм мэшэсри, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъум лъыхъуну йожьэ, псэлъыхъу мыщэ шырри я гъусэу. Гупыр ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и унэм нэса нэужь, псэлъыхъур, малъхъэхэм зэращI хабзэу, шым къопсых, хьэщIэщым щIохьэри, къуэгъэнапIэм къуотIысхьэ. АпщIондэху щауэкъуэтым ХьэтIохъущокъуэхэ яжреIэ:
  • — Мис мыр Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм и къуэщ, фи пхъум къыщIоупщIэ.
  •  Ар зэрызэхахыу, бысымхэм зэщыджэу гъын щIадзэ. Хуэмурэ зэрытогъэужхэри, хъыджэбзым деж лIыкIуэ ягъакIуэ:
  • — Ухуеймэ, уеттынщ, ухуэмеймэ, «хьэуэ» жыпIэну ухуитщ.
  • — Алыхьышхуэм ар си натIэ къыщритхакIэ, сыарэзыщ сыдэкIуэну, — къажреIэ пщащэм.
  • Арати, ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъумрэ мыщэ шырымрэ я нэчыхьыр ятх, щауэм нысащIэр IэплIэкIэ къещтэри, и унэ ехь.
  • ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм я нэгу щIэкIыр зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым:
  • — ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъур мыщэм иратащ!
  • Жэщым пщащэр ятIэ унэ гуэрым щIагъэтIысхьащ, мыщэм ишхынкIэ гузавэхэри. ЦIыхухэр гъуэлъыжа нэужь, мыщэм ятIэ унэр нэм имылъэгъуа налмэскIэ кърищIыкIщ, езым мыщафэр зыфIихри, фэкIи пкъыкIи зыхуэбгъэдэфын щымыIэ щIалэ къудан лъагъугъуафIэу зыкъызэкъуихащ. Абы и псэр бегъымбарым и бэуэкIэм къыхащIыкIат, цIыху дыдэу щымытми.
  •  Нэху ща нэужь, цIыхухэм хъыджэбзым деж зыгуэр ягъэкIуащ:
  • — ФыкIуи и къупщхьэхэр къыщIэфхыж.
  • Ауэ пщащэр зэрыщытам нэхърэ нэхъ дахэж хъуат, езыри апхуэдэлI къызэрыIэрыхьам иринасыпыфIэу гуфIэгъуэм зэрихьэрт.
  •  ХьэтIохъущокъуэхи адрейхэми Iуэхум щэху гуэр хэлъынкIи зэрыхъунур къагурыIуэри, етIуанэ жэщым лэгъунэм деж плъыр ягъэувыну мурад ящIащ, ныбжьыщIэхэм якIэлъыплъу Iуэхур зыIутыр къахуищIэну. Арати, мыщэ шырым мыщафэр зэрызэфIихыу, плъыр ягъэIущам ар къипхъуатэри мафIэм пэридзащ.
  • Мыщафэм и сырымэр къызэрыщIихьэу, щIалэ бжьыфIэр бзу къуэлэн цIыкIу хъущ, щхьэгъубжэмкIэ дэлъэтри, бгъуэтмэ къащтэ. Мыщафэм къыпиха Iугъуэр къуажэкIэм деж щыт жыгыщхьэм щетIысэхащ. А жыгым жэщым зы мыIэрысэ къыпыкIэрт, ар бзу къуэлэн цIыкIум махуэм ишхырт, нэгъуэщI Iуэхуи иIэ хуэдэтэкъым.
  • АпщIондэху цIыхухэм жыгыщхьэм бзу цIыкIу гуэр зэрытесыр зым адрейм хуигъэхъыбарурэ хэIущIыIу хъуащ.
  • Зэгуэрым мыщэ шырым и щхьэгъусэри кIуэщ а жыгым дежи и щхьэм дэплъеящ. Бзумрэ хъыджэбзымрэ я нэхэр зэрызэтехуэу, тIури къэгъащ. Бзу цIыкIум жеIэ:
  • — Сэ Фалвар си адэм тыгъэ сыкъыхуищIауэ арат, ауэ зыкIи сифI уэзгъэкIыжыфыркъым. Иджы цIыху гуп зэхуэшэси, мэкъуу зыIэрыбгъэфым хуэдиз зэхуегъэхьэс.
  • Хъыджэбзыр а чэнджэщым едаIуэри, мэкъуу кърахьэлIэфым хуэдиз ягъэхьэзыращ.
  • Абы и ужькIэ бзум нэгъуэщI чэнджэщ кърет:
  • — ЦIыху теплъэр къызамытыжауэ, зы мэкъу Iэти зыми иумыщэ. Сэ гъатхэми си Iэзэгъуэ хэлъщ.
  • Арати, бзу къуэлэн цIыкIум гъатхэпэ мазэм уэс къригъэсащ. ЦIыхухэр лIэн-къэнэным нэсат, езыхэр зыхэпсэукIыни я Iэщым ирагъэшхыни ямыIэжу. НэгъуэщI Iэмал щамыгъуэтым, кIуэхэри мыщэм и щхьэгъусэм елъэIуащ гъунэ зимыIэ щIы мылъкукIэ мэкъу къарихъуэжыну, ауэ нысащIэр яхутечакъым.
  • ЦIыхухэр кIуэдыжыпIэм щихуапэм, нысащIэм деж езы Фалвар лъэIуакIуэ макIуэ. Ауэ хъыджэбзыр бзу къуэлэным къигъэIущакIэт:
  • — Фалвар лъэIуакIуэ къызэрыпхуэкIуэу, си деж къашэ!
  • Фалвар хъыджэбзым йоупщI:
  • — Сыт мэкъур пщэн щIумыдэр? ЦIыхухэр зэрызэтелIэр плъагъуркъэ? НэгъуэщI мыхъуми, сэ къызэщэ!
  • И фIэщу елъэIун щыщIидзэм, нысащIэм жэуап къритащ:
  • — ДызэгурыIуэмэ, уэсщэнщ мэкъур. Япэрауэ, бзу къуэлэн цIыкIум япэрей теплъэр егъэгъуэтыж, и тхьэлъэIур къабыл хъууэ къанэу! ЕтIуанэу — щолэхъу шы лъэпкъым щыщу хакIуитIрэ шыбзитIрэ, гъэлъэхъу къаритIрэ мэлитIрэ, ажитIрэ чыцIитIрэ къызэт. Абыхэм я пIэкIэ сэ мэкъу уэстынщ.
  • Фалвар и лъэIур Тхьэм деж нэсырти, бзу къуэлэн цIыкIур цIыху теплъэм иригъэхьэжащ, уней Iэщхэм щыщу нысащIэр къызэригъэгугъа псори тыгъэ къыхуищIащ.
  • Абы лъандэрэ дигор осетинхэм мэлрэ щолэхъушрэ зэрахуэ.
  • А махуэ дыдэм ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и малъхъэм Тхьэм зыхуигъазэри, дыгъэм и нэхур зытригъэпсэжа дунейм зыкъиужьыжати, мэкъуми зыри щIэупщIэжакъым. ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъумрэ Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм и къуэмрэ нобэми тхъэжу мэпсэу.
  • ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
  •  
  • 1Фалвар — Осетин IуэрыIуатэм щыщ, цIыхухэм ягъэса псэущхьэхэм я унафэр IэщIэлъщ.
  • 2Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ — адыгэ лIакъуэлIэш (пщым хуагъадэ уэркъ).
  • 3ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ — адыгэпщ.
  • Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ
  • «Кабардинка» ансамблыр къофэ

  • Шхыныгъуэхэр
  • Гуэгуш тхьэмщIыгъу шыпс
  • ТхьэмщIыгъур къабзэу ялъэсри, псы щIыIэ зэрыт шыуаным иралъхьэ, шыгъу хадзэ, зэ фIыуэ къытрагъэкъуалъэ. Тхъурымбэр къытрахыурэ, мафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40 — 50-кIэ ягъавэ. ТхьэмщIыгъу вам Iэпэр хощатэ. Ар лэпсым къыхахри, тIэкIу ягъэупщIыIу, итIанэ лыхьэжым щIагъэкI е яуб. АдэкIэ гуэгуш лэпсым къытекIа дагъэр е тхъу шыуан щхьэхуэм иракIэ, къагъэплъри, цIыкIу-цIыкIуу упщIэта бжьыныщхьэ укъэбзам шыбжий плъыжь хьэжа сыр халъхьэри, дакъикъэ зытIукIэ ягъэлыбжьэ. Абы гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэри, чымчыркIэ зэIащIэурэ, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. ЗэрызэIащIэм хуэдэурэ, абы тхьэмщIыгъу хьэжар халъхьэ, ар зыхэвыкIа лэпсым щыщ хакIэри, зэIыщIэныр зэпамыгъэууэ, дакъикъэ 25 — 30-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа шыпсыр мафIэм къытрахыж, тIэкIу ягъэупщIыIу, абы зэIащIэурэ бжьыныху уба халъхьэ, джэдгын траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. Шыпсыр тхъуэплъ дахэу, и щхьэм дагъэ тету, мэ дахэ иIэу щытын хуейщ. Яшх пщтыру, пIастэ, мэжаджэ, чыржын, щIакхъуэ щIыгъуу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ):
  • ТхьэмщIыгъуу — грамм 400
  • Псыуэ — грамм 920-рэ
  • Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 30
  • Тхъууэ е дагъэу — грамми 100
  • Шыгъуу — грамм 22-рэ
  • Гуэдз хьэжыгъэу — грамм 30
  • Лэпсу — грамм 690-рэ
  • Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 20
  • Шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Губгъуэджэш плъыжь гъэлыгъуа
  • Губгъуэджэшыр (чечевица) ягъэлыгъуэн щхьэкIэ зэхащыпыкI, шыуан е тебэ куу иракIутэри, пэшхьэкум трагъэувэ. МафIэ щабэм тету чымчыркIэ зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху, дакъикъи 10 — 12-кIэ, ягъэлыгъуэ. ИтIанэ тIэу-щэ щIагъэпщ. Губгъуэджэш гъэлыгъуар яшх нартыху гъэлыгъуам хуэдэу икIи хуабжьу сэбэпышхуэщ фошыгъу уз зиIэхэм дежкIэ.
  • Халъхьэхэр:
  • Губгъуэджэшу — грамм 200
  • Джэш гъэлыгъуауэ къыхокI грамми 180-рэ.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр
  • БанэхъурейМордовник шароголовый. Илъэс зыбжанэкIэ къэкI удзщ. И лъагагъыр см 80 — 100-м нос. Тхьэмпэ щIагъхэр хужьщ, цы щабэ тетщ, езыхэм лэдэх мащIэ яIэщ, кIыхьщ. Тхьэмпэ кIапэхэм, пкъым банэ цIыкIу куэд тетщ. Удзым и щхьэкIэм гъэмахуэпэм, топым ещхьу зэкIэщIэсу, гъэгъа щхъуэ-хужьыфэхэр къыпедзэ. И жылэхэр гъэмахуэкIэм — бжьыхьэм мэхъу, зэхьфиран, сэхуран жылэхэм я теплъэкIэ йокIуалIэ, я фэкIэ гъуабжафэщ. ДыгъапIэ джабэхэм, губгъуэхэм, гъурцхэм яхэту, мэкъупIэхэм къыщокI. И гъэгъахэм бжьэм фо къыхах.
  • БанэшэЛатук татарский, молокан татарский. Удзщ. Илъэс зыбжанэкIэ къокI. И пкъым и лъагагъыр см 50-80-м нос, и лъабжьэр занщIэу йокIых. Тхьэмпэ кIыхь, дзэ цIыкIу зиIэхэр къащхъуэ-удзыфэщ. И щхьэкIэм деж пкъым къудамэ цIыкIу зыбжанэу зыщегуэшыж. Удз щхьэкIэм гъэгъа щхъуантIэхэр гъэмахуэкум къыпедзэ. Джабэхэм, губгъуэхэм, мэкъупIэхэм къыщокI.
  • БарэбыдзКороставник. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа къэкIыгъэ лъэпкъыгъуэщ. Ахэр псори удзщ, языныкъуэхэр илъэс зыбжанэкIэ къокI, адрейхэр къызэрыкIыр илъэситIкIэщ. Барэбыдз лIэужьыгъуэхэр зэрыдэкIей лъагагъыр зэхуэдэкъым. Ди щIыпIэм къыщыкIхэм яхэтщ см 30 — 60-кIэ, 150-кIэ дэкIейхэр. Нэхъыбэу барэбыдзхэм уащрохьэлIэ мэкъупIэхэм, губгъуэхэм, мэз лъапэхэм, гъурцхэм яхэту, Къущхьэхъум.
  • БатыргъэнБорщевик. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Ди щIыпIэм ущрохьэлIэ гъитIкIэ, нэхъыбэкIэ къэкI батыргъэн лIэужьыгъуэхэм. Абыхэм я лъагагъщ см 50-100-200-300. Псоми я тхьэмпэхэр инщ, япкъхэр кунэщIщ, мэ къакIэрех. Гъэгъахэр удз щхьэкIэм Iэрамэ хъурейуэ къыпедзэ. Батыргъэным тет цы пхъашэм цIыху щIыфэр къритхъмэ, куэдрэ мыхъуж псыбыб ещI. Тхьэмпэхэр Iэщым яшх. Нэхъыбэу къыщокI мэкъупIэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, къуэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм. КъэкIыгъэм и лъабжьэм эфир дагъэ щIэлъщ. Абы къыхэкIыуи батыргъэнхэм, щхьэр игъэузу, мэ къакIэрех.
  • БатыргъэнкупсэБорщевик розовый. Зи лъагагъыр см 30 — 60 нэхърэ нэхъыбэ мыхъу, илъэс зыбжанэкIэ къэкI батыргъэн лIэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэр къабзийм ещхьу, тхьэмпэ цIыкIу куэду зэхэтщ. Ипкъ занщIэу дэкIейм и лъэдийм деж цы теткъым. Гъэгъа гъуэплъыфэхэр удз щхьэкIэм Iэрамэ хъурейуэ июлым къыпедзэ. Жылэхэр сентябрым ирихьэлIэу мэхъу. Нэхъыбэу къыщокI Къущхьэхъу хъупIэхэм, бгыщхьэ лъагэхэм, мывалъэ джабэхэм.
  • Бжыгъэхэр
  • «Крепкий орешек-5» фильмым текIуэдар
  • Ар щытрахым каскадер 30 хэтащ. Абыхэм ящыщу тIум Уиллис Брюс нэхъ гугъуу ищIэн хуей псор зэфIагъэкIащ.
  • * * *
  • Фильмыр щытрахым «Мерседес» автомашинэу 70 къагъэсэбэпащ. Абыхэм я нэхъыбэр къутащ, пщIыж мыхъуну.
  • * * *
  • КиноIэщIагъэлIу 500 кърагъэблэгъащ фильмыр щытрахым. Абыхэм ящыщу 400-р венгрт.
  • * * *
  • Уиллис, и щхьэгъусэр, къалъхуагъащIэ и пхъур щыпсэуа унэр доллар мин 16 и уасэт. Будапешт и курыкупсэм ит, къатищ хъу унэр зы мазэм доллар мини 4-кIэ бэджэнду яту арат. Ауэ ар зейм щIэсынур хэтми къыщищIам доллар мини 8-м нэсу уасэр дригъэуеящ. Сыт ящIэнт продюсерхэм — мазитIкIэ къыхуащтащ ар лIыхъужь нэхъыщхьэм.
  • * * *
  • Белоруссием щащI «Ми-26»-р кинор техыным хэтыным доллар мин 400 трагъэкIуэдащ. А ахъшэм и Iыхьэ плIанэр вертолётым и гъэсыныпхъэм ихьащ, адрейхэр кхъухьлъатэзехуэхэм, абы щIылъэм щыкIэлъыплъхэм, машинэр зыхуей хуэгъэзэным текIуэдащ.
  • * * *
  • Фильмым хухаха бюджетыр къапщтэмэ, доллар мелуани 125-рэ мэхъу. Абы щыщу мелуан 50-р фильмыр щытраха Венгрием къыщынащ. Адрейр актёрхэм я лэжьапщIэм, фильмым   ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхухэм трагъэкIуэдащ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Адыгэш лъэпкъыфI. 3. Щыхь ин лъэпкъ. Е цIыху Iэчлъэч. 4. КъурIэн цIыкIу. 8. ХадэхэкI. 10. И тхьэкIумэм … иригъэпщхьауэ, жаIэр зэхихыркъым. 11. Зеиншэ. 12. Зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ. 13. Уафэ лъащIэм къыщызыкIухь «бжьэхуц» гуартэ. 15. ЦIыху мыхьэнэншэм щхьэкIэ жаIэ: «… фIыцIэжь и уасэкъым». 17. Быдэ и … гъыркъым. 18. А къэкIыгъэм кIапсэ къыхащIыкI. 20. Ху къызыщIаIукI къэкIыгъэ. 22. Хьэ … тIысыпIэншэщ. 23. НэгъуэщI унагъуэхэм яйм хэмыгъуэщэн папщIэ джэдкъазым традзэ дамыгъэ. 24. Адыгэ художник цIэрыIуэ. 25. Шы «вакъэ». 27. Дзыгъуэм кIэ къыхуэзыгъакIуэ псэущхьэ дахэ цIыкIу. 29. Губгъуэм къыщрахьэлIа гъавэр пIалъэкIэ щызэтракIутэ щIыпIэ. 32. «Джыдэ» псалъэр нэгъуэщIу зэрыжаIэ. 33. Хуабжьу ежэх псы. 34. Школ пщIантIэм еджакIуэ цIыкIухэр щызэрызохьэ, … къэпщIауэ. 35. Ар куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 36. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 39. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей … 40. Район, псыежэх. 41. Къэбэрдей-Балъкъэр Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист … Алий.
  • Къехыу:1. ЩIэжьей. 2. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 3. ГъущIхэкI щхъуэ-хужьыфэ, гъэткIугъуафIэу. 5. Жызум гъэгъуа. 6. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп пхъэхэкI. 7. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къэрал цIыкIу. 9. Ерыскъыр цIыхубэм егъэлеяуэ къащемэщIэкI лъэхъэнэ. 14. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 16. Адыгэ лъэпкъ. 17. Къамылым къыхащIыкI алэрыбгъу. 19. Iужажэр хьэзырщ и унафэщIым и хьэр … хуишэну. 20. Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIэрыIуэ зыщIа тхылъ «Щихухэр иджыри … ». 21. Бо. 26. Хьэдрыхэ. 28. Къыкъуэууэрэ къепщэ жьы. 30. Бразилием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 31. Хьэм и щIыфэм хищIэ хьэпIацIэ лъыиф. 32. Лэскэн районым хиубыдэ къущхьэ къуажэ. 37. Тхылъым и «джанэ». 38. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, дунейм ехыжа цIыхум къыпкърыупщIыхь.
  • Зэхэзылъхьар Мыз  Ахьмэдщ.
  • ФокIадэм и 14-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:5. АдрыщI. 6. Нэкурэ. 7. Къуентхъ. 8. Чэтэн. 10. Гъуэгу. 12. Ныкъуэ. 14. Лъагъуэ. 17. Джей. 18. Адакъэ. 19. Къыр. 22. Псыдыуэ. 25. Абдж. 26. Хьэщыкъ. 28. Хьет. 29. Арму. 31. Губгъуэ. 32. Дау. 33. Къэуал. 36. Балий. 38. Псынэ. 39. Благъэ.
  • Къехыу:1. Къудан. 2. Пырхъ. 3. Тэрч. 4. Курыт. 7. Къуэладжэ. 9. Накъырэ. 10. Гъуэ. 11. Гулъ. 13. Къута. 15. Афэ. 16. Ландыщэ. 20. Япэ. 21. Уэгъу. 23. Бащлъыкъ. 24. Атэбий. 26. Хьэм. 27. Къэб. 30. Уд. 31. Гуу. 34. Уасэ. 35. Ленэ. 36. Балэ. 37. Лыгъэ.