Нобэрэ пщэдейрэ
2019-08-22
- ШыщхьэуIум и 22, махуэку
- Зи диныр, нэгъуэщI зи фIэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэр, абы зи гъащIэр хэзылъхьахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
- Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием унафэ къищтащ Урысейм и иджырей ныпыщIэр — хужь-щIыху-плъыжь плъыфэхэу зэгуэлъыр — къэралым и дамыгъэу къэлъытэным теухуауэ. Нэхъ иужькIэ, 1994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым теухуауэ» унафэм.
- Коми Республикэм и махуэщ. 1921 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Коми (Зырян) автономнэ областыр.
- 1663 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Алексей унафэ къыдигъэкIащ ахъшэ нэпцI зыщIхэр, я унагъуэхэри ящIыгъуу, Сыбырым щыпсэуну ягъэкIуэну тезыр ятелъхьэным теухуауэ.
- 1864 гъэм къащтащ япэ Женевскэ конвенцэр. Апхуэдэу плIы щыIэщ. Зауэ щекIуэкIкIэ гъэр, уIэгъэ хъухэм ятелъ гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэным, апхуэдэхэм цIыхугъэ якIэлъызехьэным хуэгъэпса хабзэхэр щыубзыхуа дэфтэрщ ар.
- 1865 гъэм Инджылызым щыщ Шепперд Уильям сабын гъэткIуа къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
- 1880 гъэм Урысейм щыяпэу Санкт-Петербург щаутIыпщащ электрокъарукIэ лажьэ трамвайр.
- 1910 гъэм Японием залымыгъэкIэ Кореер зыгуигъэхьащ. Совет-япон зауэм и зэманым (1945 гъэм) Дзэ Плъыжьым хуит къищIыжауэ щытащ а къэралыр.
- 1921 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Коми (Зырян) автономнэ областыр.
- 1937 гъэм КIыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
- 1942 гъэм Челябинск къалэм дэт Кировскэ заво- дым куэду къыщыщIагъэкIыу щIадзащ Т-34 танкыр.
- 1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.
- 1990 гъэм Тыркумэн ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ и къэрал суверенитетым теухуауэ.
- 1990 гъэм япэу эфирым къихьащ къэрал унафэм щIэмыт «Эхо Москвы» радиостанцыр.
- 2012 гъэм Урысейр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм хыхьащ.
- Совет футболист, Москва и «Спартак» командэм и япэ капитану щыта, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Старостин Александр къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- Америкэм щыщ тхакIуэ-фантаст цIэрыIуэ Брэдбери Рэй къызэралъхурэ илъэс 99-рэ ирокъу.
- Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэ Iэбу къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
- Совет актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Скобцевэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 92-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, Тэтэрстан Республикэм щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Башаров Марат и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 — 32-рэ, жэщым градус 20 — 22-рэ щыхъунущ.
- ШыщхьэуIум и 23, мэрем
- ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
- Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ — 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
- Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
- Украинэм и Къэрал ныпым и махуэщ
- 1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ахэр япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
- 1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.
- 1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советымрэ Компартым и ЦК-мрэ унафэ къащтащ Кремлым и чэщанэхэм щхьитI зыфIэт бгъэхэр къытехауэ къуапитху зиIэ вагъуэхэр тегъэувэным теухуауэ. Абы пIалъэ пыухыкIаи хуагъэуват — Октябрь революцэ Иным и махуэр щагъэлъапIэ щэкIуэгъуэм и 7-м и пэ къихуэу а лэжьыгъэр зэфIэкIауэ щытын хуейт.
- 1939 гъэм Iэ традзащ Молотовымрэ Риббентропрэ я зэгурыIуэныгъэ цIэр иIэу тхыдэм хыхьа дэфтэрым. Абы къыщыгъэлъэгъуат Совет Союзымрэ Германиемрэ зыр адрейм темыуэным хуэунэтIауэ къалэн зыщащIыжхэр.
- 1942 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Сталинград «лагъым уэшх» щрагъэшхащ. Абдеж къыщежьащ къалэр бийм щыхъумэным хуэунэтIа зауэшхуэр.
- 1943 гъэм советыдзэхэм Харьков къалэр нэмыцэ-фашистыдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
- 1955 гъэм Череповец къалэм лажьэу щаутIыпщащ гъущI щагъавэ заводышхуэ.
- 1959 гъэм США-м и Правительствэм унафэ ищIащ я къэралым и курыт школ 400-м урысыбзэр щаджыным теухуауэ.
- 1975 гъэм Харьков къалэм метром лэжьэн щыщIидзащ.
- 1990 гъэм Армян ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ СССР-м къызэрыхэкIыжым, езыр къэралыгъуэ щхьэхуэу зэрыщытым теухуауэ.
- 1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
- Къэрал къулыкъущIэ, Шэшэн Республикэм и япэ президенту щыта Кадыров Ахъмэт къызэралъхурэ илъэс 68-рэ ирокъу.
- Пшынауэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
- Уэчыл цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Кучеренэ Анатолий и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
- Урысей уэрэджыIакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Апинэ Алёнэ и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 — 30, жэщым градус 20 — 22-рэ щыхъунущ.