ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псыр  зэраубыдам  зэраныгъэ  къешэ

2019-08-20

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм иджыблагъэ къэпсэлъащ Старэ Шэрэдж къуажэм дэс бэджэндырылажьэ щIалэ Жылэ Суфян, езым хуэ-дэу адрейхэри зытелэжьыхь щIым щIагъэлъадэ псыр зэрамыгъуэтыжым къыхэкIыу. Iуэхум и пэжыпIэр зэхэгъэкIын мурадыр диIэу, дэ дыкIуащ   а къуажэм ипщэ-къухьэ-пIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ   и губгъуэм.

  • Жылэ Суфян и гъусэу дэ къытIущIащ бэджэндырылажьэ щIалэхэу КIэды-кIуей Вячеславрэ ГъукIэжь Хьэзритрэ.
  • — ЗэрысщIэжымкIэ, Акъсырэ зыхужаIэ мы къуэбэкъур илъэс 15 ипэкIэ зэ ягъэкъэбзауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Суфян. — АбыкIэ щежэх псыр совет лъэхъэнэ лъандэрэ колхоз губгъуэм хуиту щIагъэлъадэу иджыри къыздэсым къекIуэкIащ. Ди закъуэкъым мы къуэкIийм дэт псым щыгугъыр. Псыгуэнсу къуажэм деж къыщыщIэдзауэ Май къалэм нэсыху,  абы «тесым» я бжыгъэр 100-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщу, нобэр къыздэсым, зыми жраIакъым, псыр къагъэсэбэпын папщIэ, абы теухуауэ IуэхущIапIэ гуэрхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIапхъэу щытауи, уасэ      гуэр щIатын хуеяуи. Псыр яубыдри, зыхэдмыщIыкI зэгурыIуэныгъэр фиIэкъым жаIэри къэуващ ар   зи IэдакъэщIэкIхэр. Дызрагъэува щытыкIэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, зэщхьыр дыкъызэралъхурэ дызэрыбауэ жьым «нобэ щыщIэдзауэ уасэ иIэ хъуащи, дяпэкIи къэвгъэсэбэпынумэ, ахъшэ щIэфтын хуейщ!» къыджаIэу, къытпаубыдам хуэдэщ. Иджы сыт? ЩIыхуэ ттелъти, ар иритпшыны-жын мурадыр диIэу, аргуэру нэгъуэщI щIыхуэ къатщтэри, щIэж цIыкIухэр хэтсащи, абыхэм псыр яхурикъуркъым. НэгъуэщI мыхъуми, губгъуэ лэжьыгъэр и кIэм ныдагъэгъэстэкъэ?!
  • Ди псалъэмакъым адэкIэ къыхохьэ КIэдыкIуей Вячеслав.
  • — ГъэщIэгъуэныр аращи, ди Iуэху зыIутым зыри къыщIэупщIакъым. Дызытелэжьыхь щIыр бэджэнду къызэреIытхам и уасэр кIэрыхуншэу идот. Зэгъэзэхуэ-   жыныгъэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм, къуажэ администрацэм и тхьэма-дэ Iэщын Арсен ди пашэу, дабгъэдыхьати, «дэ ди лэжьыгъэр дгъэзащIэу аращ. ИщхьэкIэ фыкIуи фыпсалъэ» къыджаIащ, — къыддогуашэ Вячеслав.
  • Дыздэщытым долъагъу губгъуэ хьэсэхэм икIуэдэж, гъужыпэным нэса мэракIуэм и щIэж цIыкIухэр.
  • АдэкIэ дэ зыхудогъазэ ГъукIэжь Хьэзрит:
  • — Уэ сыт хэпсар?
  • — Нащэ, тIууэ зэщхьэщыкIыу хэтсати, япэ лIэужьы-  гъуэр къетхьэлIэжащ. ЕтIуанэр, гектаритху зыубыдыр, иджыпсту и хъугъуэ дыдэу арати, псы имыгъуэтурэ мэкIуэдыж. Зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр гъэмахуэм къызэрырахьэжьэнум теухуауэ нэхъ пасэу хъыбар дагъэщIатэмэ, апхуэдиз ахъшэ мы ди Iуэхум хэтлъхьэнтэкъым. Псыбэкъур зэрагъэкъабзэм, дауи, дригуфIапхъэт, ауэ, нэгъуэщI мыхъуми, гъавэр къыщетхьэлIэж фокIадэм икухэм нэсыху, псыр зыдэт къуэкIийм и гугъу ямыщIатэмэ.
  • Суфян зэрыжиIэмкIэ, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Iэщын Арсен республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм мелиорацэмкIэ и департаментым (и унафэщIыр Нэхущ Левщ) зи гугъу тщIы Iуэхум теухуауэ тхыгъэкIэ захуигъэзати, жэуап къратыжащ, псыр зэжэх къуэбэкъухэр губгъуэхэм щыгъэкъэбзэныр къэралым и мэкъумэш хозяйствэр къэIэтыным хуэгъэзауэ зэхагъэува программэм, «Урысейм и мелиоративнэ комплексым зегъэужьын» жыхуаIэм, ипкъ иткIэ зэры-
  • рагъэкIуэкIымкIэ хъыбар кърагъащIэу.
  • Ауэ, дэ дгъэщIэгъуар аращи, губгъуэм дызыщыхуэза щIалэхэми зэрыжаIауэ, департаментым и IэщIагъэлIхэм кърахьэжьа Iуэхум бэджэндырылажьэхэр нэхъ пасэу щыгъуазэ зэрамыщIарщ. ИкIи, Жылэ Суфян къызэрыхигъэщамкIэ, езым хуэдэу, щIым телэжьыхь псори лъаIуэу аращ, зыщыгугъ я гъавэр кърахьэлIэжыху псым и гугъу ямыщIыну, ар мыхъунумэ, гъэкъэбзэн лэжьыгъэхэм ар езыгъэкIуэкIхэр еужьэрэкIыну.
  • Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.