«Гъэмахуэмэ» гуакIуэкIэ гъэнщIа сурэтхэр
2019-07-20
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ Санкт-Петербург и художник цIэрыIуэ Анненков Анатолий и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
- Музейм и пэIущIэ пэшитIым утыку къыщрахьащ сурэт хьэлэмэтхэр. Гъуазджэ лэжьыгъэхэм я къарур зыхэпщIэу, художникым и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ зы лэжьыгъэри узыIэпызышэщ, дахагъэр гум къыщызыгъэушщ, щIэщыгъуэ зыхэплъагъуэщ. Апхуэдэхэщ гъэмахуэмэ къызыпих, дыгъэ теплъэ зиIэ сэхураныщхьэ гъуэжьхэр, удз гъэгъа зэмыфэгъухэр, тенджыз Iуфэхэр, гъэм и зэманхэр, щIыуэпсым и дахагъэмрэ къулеягъэмрэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ «къыщигъэщIа» бгы уардэхэр, езым фIыуэ илъагъу, и лэжьыгъэм увыпIэфI щызыубыд Санкт-Петербург къалэм и «псэр», и щIыпIэ дахэхэр, и теплъэ телъыджэр щIэщыгъуэу къызэрыщигъэлъэгъуахэр. Анатолий и лэжьыгъэхэм ущеплъкIэ гу лъыботэ художникым гъуазджэм къыдэкIуэу гъащIэми лъагъуныгъэ зэрыхуиIэр и сурэтхэм къыщигъэнэIуэныр къызэрехъулIар. Арауэ къыщIэкIынущ абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм гукъыдэж къущIатым и щэхур.
- IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Леонтьевэ Нинэ и гуапэу къыхигъэщащ УФ-мрэ КъБР-мрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэр зэрызэгурыIуам и фIыгъэкIэ, Санкт-Петербург и сурэтыщI Анненков Анатолий и лэжьыгъэхэр ди щIыналъэм утыку къыщрахьэну Iэмал зэраIэр зэрыIуэху дахэр икIи къилъытащ гъуазджэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, музейм и пэшхэм щыфлъагъу лэжьыгъэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтыщIым и выставкэр къыщызэIуахым зыкъригъэхьэлIэфакъым. Ауэ, нэхъыщхьэр художник Iэзэм и зэфIэкIымрэ и сурэт нэхухэмрэ зыхэдгъэгъуэзэну Iэмал дызэри-Iэрщ, — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадий. — Гъуазджэм и лэжьакIуэ куэдым къащхьэщыкIыу, Анатолий и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуахэм еплъурэ къатрищIыкIащ, сурэттехкIэ траха сурэтхэр, интернетыр е нэгъуэщI Iэмалхэр къимыгъэсэбэпу. Аращ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм псэ щIаIутымрэ ахэр нэхъ куууэ щIызыхэпщIэмрэ я щхьэусыгъуэр. Музейм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ лей яхуэфащэщ, гъэлъэ- гъуэныгъэр екIуу къызэрызэрагъэпэщам папщIэ.
- УФ-м и СурэтыщIхэм я правленэм и зэгухьэныгъэм хэт Жылэ Анатолэ къыхигъэщащ Анненков Анатолий и лэжьыгъэхэм къадэкIуэу выставкэм хыхьэу нэгъуэщI сурэтыщI IэкIуэлъакIуэхэм яйхэри утыку къызэрырахьар, абыхэм гупсысэ куу зэращIэлъыр, дахагъэмрэ Iэзагъэмрэ зэрыщызэхэухуэнар.
- Выставкэм къыщыIэта темэм къыпызыщэщ музейм и ещанэ пэшым щагъэлъагъуэ, XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щегъэжьауэ XX лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм пщIондэ урыс сурэтыщIхэм Санкт-Петербург къалэмрэ абы и Iэгъуэблагъэхэмрэ я теплъэхэр къыщагъэлъэгъуэжа, музейм и фондым щахъумэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Апхуэдэхэщ урыс сурэтыщIхэу Зубов А., Отроумов-Лебедев А., Шиллинговский П., Митрохин Д., Житков Р., Мордвинов А., Почтенный О., Волков Н., Сердюков В., нэгъуэщIхэми я графикэ, ксилографие, гравюрэ, акварель лэжьыгъэхэр. Художникхэм я сурэтхэр нэхъри хьэлэмэт пщещI къалэр езыхэм зэралъагъум хуэдэу къызэрагъэлъэгъуам.
- Гу зылъытапхъэ: Анненков Анатолий 1959 гъэм Владикавказ къыщалъхуащ. Мэздэгу къалэм и художественнэ училищэм щеджа нэужь, Сурэт щIынымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репин Иван и цIэр зезыхьэу Ленинград къалэм и институтыр 1988 гъэм къиухащ. 1990 гъэм щыщIэдзауэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм, Австрием, Инджылызым, Бельгием, Германием, Данием, Финляндием, Франджым щахъумэ.1988 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэралхэм къыщызэрагъэпэща выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ. Анненков Анатолий Санкт-Петербург щопсэу икIи щолажьэ, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и егъэджакIуэщ. СурэтыщIым и IэщIагъэм фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд къыпэкIуащ, псапащIэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтри хыхьэу. Ар икIи скульпторщ, Кронштадт щыIэ члисэр зэгъэпэщыжыным жыджэру хэтащ.
- Зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, сурэт щIыным дихьэххэм, художникхэм. Выставкэр бадзэуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэтынущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр КъуэщIысокъуэ Марьянэ трихащ.